Гум и гъагъэмрэ псэм и дахэмрэ

Къаруушхуэ иIэщ лъагъуныгъэм. Ар цIыхум гуэгъу зэрыхуэхъуу, абы псэун щIедзэ и лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ, зэфIэкIрэ къарууэ иIэри мыкIуэщIу къыщохъу, бзэуэ Iурылъыр, дыжьын гуэгуэным илъадэ псы цIыкIуу, ежэх мэхъу. Уегъэлъатэ а гурыщIэ лъэщым, пхузэфIэмыкI куэдым утрегъэгушхуэ, уапегъэув, нэхъыщхьэращи, абыхэм ящыщ куэди зэрызэбгъэхъулIэн зэфIэкIрэ къарурэ къыпхелъхьэ.
 Лъагъуныгъэм и махуэщIу ягъэува «Валентин щихъым и махуэм» дэнэкIи щыкуэдщ удз гъэгъахэмрэ нэжэгужагъ къызрих нэгу зэлъыIухахэмрэ. Зи Iэпэхэр зэрыIыгъ, зэхуэгуфIэ, насып мыкIуэщIыр зи гъусэ хъуа цIыхупсэхэм ядэплъагъур дахагъэщ. Хуабжьу согуфIэ, согушхуэ, фIыуэ зэрылъагъухэр щыслъагъукIэ.
 Адыгэхэр гухэлъкIэ, гурылъкIэ дыуэркъыу, ар сэтей къэтщIыу дыщымытми, сыхуейщ а гурыщIэ IэфIым и дуней телъыджэм дэтхэнэри щыхьэщIэну, щыунэну.
ИугъащIэ лъагъуныгъэ къабзэм!

Псым ес къыу хужьу къысщыхъурт
 Зызэман лъагъуныгъэ мыкIуэщIкIэ сызыпэплъа нэхэм нобэ сащIэплъати, гукъутэр къысхуагъэкIуащ. Мы дунейм зы дахагъэ тетмэ, абы и къежьапIэу, уеблэмэ курыхыу къысщыхъуу псэкIэ сызыдэгуэша пщащэр, псысэм и вагъуэ ижу, шыпсэм и зэщIэлыдэ хъуаскIэу, щхьэ кIуэдыжа?
Узэзгъэщхьи, узэслъыти, узыпэсщIи щыIакъым, зыгуэрым уеслъытмэ, уезгъапщэмэ, уиIэ дахагъэр фагъуэ сщIыуэ къысфIэщIырт. Къуалэбзуубзэу упсалъэу, уи жыIэм пэжыр и гъуазэу, напIэр дэпхьеямэ, нэхугъэкIэ дунейр къэтыгъэу, удыхьэшхамэ, гуфIэгъуэ зэпыту, лъакъуэхэр пчамэ, псым ес къыу хужьу укъысщыхъурт. Куэдрэ си гупсысэхэр плъахъэрт. Абыхэм уэрэ сэрэ унагъуэ лъапсэр тхуаухуэу, дыхьэшх макъкIэ гъэнщIа пэшым сабий дыгъэ-щыгъэхэр щагъэджэгуу, уи псэр си псэу, си псэр уи IэмыщIэу дагъэпсэурт.
Узинасыпу къызжезыIа си нитIыр, хуабагъэкIэ бдэгуашэу щыта мы си гур сысеижкъым иджыкIэ. Гъатхэ жыгым и гъагъэр зэрыпыщэщыжым хуэдэу пыкIуэсыкIащ, бзэхащ, зигъэпщкIуащ лъагъуныгъэм. Зи Iэпэр пIыгъыу слъэгъуа щауэм иджы нэщыпхъуэкIэ хуэтыгъэ...

МАХУЭЛI Беслъэн.
Поделиться:

Читать также: