ЩIакхъуэ зэтеупIэщIыкI

Гуэдз хьэжыгъэ хужьыр пIинэу Iэнэм траухуанщIэ, и кур къратхъу. Шхум фошыгъу, шыгъу, содэ, сэхуран дагъэ, джэдыкIэ уда халъхьэри, фошыгъур ткIуху псори зэхагъэзэрыхь, ар хьэжыгъэм хуащIа кумбым иракIэри тхьэвыр япщ. Тхьэвыр кIыхьу ягъэджэрэзри, Iыхьэурэ зэпаупщI, ахэр хупхъэкIэ пIащIэу яху, мм 1,5-2 я Iувагъыу. Адрейхэм нэхърэ нэхъ ину зы тхьэв Iыхьэ яху, Iэнэм тхъу щахуэри ар тралъхьэ. Абы тхъу щахуэ, фошыгъуи трагъэщащэ. Тхьэв яхуа псоми я зэхуакум тхъу щахуэм, фошыгъу дагъэлъалъэурэ лъагэу зэтралъхьэ. ИтIанэ илъабжьэ дыдэм щIэлъ тхьэв иным и кIапэхэр къыдрашейри зэтралъхьа псоми я щIыIум джэдыкIэпскIэ щызэкIэрагъапщIэурэ, а псори тхъу зыщыхуа тебэм хуэсакъыу иралъхьэ, и щхьэм шатэ щахуэ, хьэкулъэм ирагъэувэри и щхьэфэр дыщафэ хъуху (дакъикъэ 20-25-кIэ) ягъажьэ. Хьэзыр хъуа щIакхъуэзэтеупIэщIыкIым тебэм зэрилъу и щхьэфэм псы щIыIэ тIэкIу щахуэ, тебащхьэр трапIэжри нэхъ щабэ хъун щхьэкIэ дакъикъи 10-12-кIэ щагъэт. ИтIанэ Iыхьэурэ зэпаупщIри Iэнэм трагъэувэ. Шей драф, шху, шатэ дашх. ЩIакхъуэзэтеупIэщIыкIыр зэращIыр тхъущIэкIэщ. Тхъур жьымэ, абы мэ гурымыхь къыхех.

Халъхьэхэр:
Гуэдз хьэжыгъэу - г 600, шхууэ - г 300, тхьэвым халъхьэ джэдыкIэу - 1, тхьэвым щахуэ джэдыкIэу - 1, шыгъуу - г 2, содэу - г 4,  шатэу - г 25-рэ, фошыгъуу, тхъууэ, сэхуран дагъэу - узыхуейм хуэдиз.

Поделиться: