Унэхэр зэрагъэнэхур

Пасэрей цIыхухэм гу лъатащ пхъэмрэ мэзышымрэ (смола) нэхърэ дагъэр нэхъ хуэму мафIэм зэрисым, Iугъуи зэримыщIым. Ар щхьэусыгъуэ хуэхъуащ дагъэкIэ къагъэнэху уэздыгъэхэр къагупсысыным. 
Иджырей археологхэм илъэс мин 19 зи ныбжь дагъэ уэздыгъэхэр къагъуэтыжащ. Франджым, Ласко щIыпIэм пэгъунэгъуу щыIэ бгъуэнщIагъым, къыщагъуэтащ блынхэм кIэрыIулIа уэздыгъэ фIэдзапIэхэр. Блынхэм сурэтхэр щытращIыхькIэ, бгъуэнщIагъыр къагъэнэхурт. Абы и лъэгум къыхатIыкIыжащ къуэрэдэрэ кIэгъуасэ зыкIэрылъ уэздыгъэ лампIыр. Пасэрей Египетымрэ Месопотамиемрэ абджгъэпщ (стеклодув) IэщIагъэ щыIащ. Абдж зэмыфэгъухэм уэздыгъэ (светильник) къыхащIыкIыу къаублащ. Египетым щащI дагъэ уэздыгъэхэм хуащI хъуащ уэздыгъэку (фитиль). Алыдж, урым IэщIагъэлIхэм уэздыгъэ люстрэхэр ящIырт, кIуэ пэтми ирагъэфIакIуэу, ягъэдахэу. Абы папщIэ къагъэсэбэпырт жэз, дыщэ, мывэ зэмылIэужьыгъуэхэр, алебастр. Византием къыщыунэхуащ «полеканделон» зыфIаща люстрэхэр. Алыджыбзэм къипхмэ абы къокI «нэхубэ» жиIэу. Жэзэм къыхащIыкI апхуэдэ люстрэм и кум итыжт къагъэблэну дагъэр зэрыт абджыр. Ар гъущI кIапсэкIэ люстрэм и щхьэм кIэрыщIат. Япэу апхуэдэ люстрэхэр ящIын щIадзащ VI - нэ лIэщIыгъуэм. Абы ипэкIэ жэзым къыхэщIыкIа апхуэдэ Iэмэпсымэр къагъэсэбэпу щытащ нэгъуэщIу: шэху уэздыгъэр и кум иту ягъэсырт. Шэхур щискIэ Iугъуэ ищIырт, псынщIэIуэуи исырт. Абы къыхэкIыу люстрэр щIэх-щIэхыурэ унащхьэм къыфIахыурэ абы ит шэхур зэрыхъуэкIын хуейт. Апхуэдэ люстрэхэм хуащIырт шэхур щискIэ ищI Iугъуэр зриху дзакIэ. Люстрэм и лъабжьэм укIэщIэувэ хъунутэкъым - шэхур щискIэ дагъэр лъэгум къеткIухырт. А псом нэмыщIыжкIи, шэхур езыр лъапIэт. Абы къыхэкIыу, ику ит лIэщIыгъуэхэм шэху зэрыт люстрэ зиIэр нэхъ къулей дыдэхэрт. 
ЩызэфIэувэж лъэхъэнэм (эпоха Возрождения) люстрэхэр нэхъри ирагъэфIэкIуащ. Европей цIыху къулейхэм я унэхэмрэ быдапIэхэмрэ ягъэдахэрт фламандие, венецие абджгъэпщхэм ящIа жэз люстрэхэмкIэ. Яхэтт Голландием щащIу щыта жэз люстрэ хъурейр зи унэм фIэзылъхьэхэри. Апхуэдэ шар-люстрэхэм хуэдэ щыболъагъу сурэтыщI Доу Геррит 1663 гъэм ищIа лэжьыгъэм, Ди зэманми апхуэдэхэр фIэлъу плъагъунущ Голландием и пасэрей члисэхэм. 
XVII-нэ лIэщIыгъуэм IэпщIэлъапщIэхэм ящIу къаублащ абджыджым (хрусталь) къыхэщIыкIа щыгъэхэр зыфIэбла люстрэхэр. Абы щыгъуэ Франджым къыщыунэхуащ «lustre» псалъэр, «цIу» жиIэу къызэрыкIыр. Абджыджыр яхъуа нэужь цIурт, лыдырти, зыкIэралъхьэ хьэпшыпхэр екIу ищIырт. Ауэ ар зыкIэрылъ хьэпшыпхэр къэзыщэхуфыр закъуэтIакъуэххэт. Арати, абджыдж нэпцI къыхащIыкIыу зрагъэсащ пшахъуэмрэ бдзапцIэмрэ. Абыхэм ящыщ зым - инджылыз Рейвенскрофт Джордж 1676 гъэм бдзапцIэ зыхэлъ абдж лIэужьыгъуэщIэ къигупсысам и патент къыдихащ. БдзапцIэм абджыр нэхъ узэпхыплъ, къэббзыхьыну е пхъуэну нэхъ тынш ищIырт. А лъэхъэнэм щыгъуэ люстрэхэр ягъэдахэу щIадзащ абджым къыхащIыкI удз гъэгъахэмкIэ. Богемием и IэщIагъэлIхэм ящI люстрэхэр, абджым нэмыщI, пхъэкIи ягъэщIэращIэрт. 
XVIII-нэ лIэщIыгъуэм европей модэм къыхыхьащ «борокко», «рококо» щIыкIэм тету ящI люстрэхэр. «Рококо» люстрэхэр куэду ягъэщIэращIэрт бронзэм, уеблэмэ дыщэм къыхэщIыкIа удз гъэгъахэмкIэ, тхьэмпэхэмкIэ, тхыпхъэхэмкIэ. 1760 гъэхэм индыжлыз IэпщIэлъапщIэ Паркер Уильям люстрэм хуащI хабзэ лъакъуэ хъурей цIыкIур вазэ щIыкIэ зиIэхэмкIэ зэрихъуэкIащ. Абы къигупсысащ гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр щекIуэкI залышхуэхэм фIадзэ люстрэ абрагъуэхэри. 
1789 гъэм къэхъуа франджы зэщIэхъееиныгъэм иужькIэ, модэм пасэрей унэтIыныгъэ иIэ хъужащ. Люстрэхэми хащIыхьу щыта цIугъэнэхэри якIэрыхужащ. Ауэ зэщIэхъееныгъэм и Iуэхухэр зэфIэкIа нэужь, люстрэхэри зэщIэпщIыпщIэ хъужащ. 
1879 гъэм электрическэ лампIыр къагъэсэбэпын щIадзащ. Итальян сурэтыщI Фортуни Мариано электрическэ люстрэхэр къыхищIыкIащ китай данэ щэкIым. Абджхэм елэжь IэщIагъэлI Сваровски Даниэль и чехие абджыджхэмкIэ люстрэхэр ягъэщIэращIэрт. 
Урысей империем люстрэхэр къришырт Европэм - Италием, Германием, Инджылызым. Князь Потёмкин и люстрэшхуэр ищIат инджылыз IэпщIэлъапщIэ Паркер. Потёмкиным и быдапIэм хэт залыр апхуэдэ люстрэшхуитIкIэ гъэщIэрэщIат. Тебухуэурэ люстрэм къебгъауэ хъурт макъамэ 12, апхуэдэуи и нэхур зэщIэпщIыпщIэ пхуэщIырт. ЗэщIэхъееныгъэ нэужьым, СССР-м абджыдж люстрэхэр зыфIэлъыр ЩэнхабзэмкIэ унэхэмрэ филармониехэмрэт. ЦIыху къызэрыгуэкIхэм я фэтэрхэм апхуэдэ люстрэ фIадзэпэнуми, фIэхуэнутэкъым, пэшхэр цIыкIут, лъахъшэти. 1960 гъэхэм Чехословакием кърашу щIадзащ абджыдж щыгъэкIэ гъэщIэрэщIа люстрэ. Апхуэдэ люстрэхэр фэтэрыфI зиIэ хуэкъулейхэм къащэхурт. 
А зэманым «Каскад» зыфIаща люстрэхэри тыкуэнхэм къыщIалъхьэ хъуащ. Ар щIэхыу зэбграхырт. «Каскадым» фIэщIа цIугъэнэхэр абджыдж папщIэу пластмассым къыхэщIыкIат. Люстрэм и уасэт сом 25-рэ. А ахъшэм къыщIэкIырт зы франджы дыху абдж е Москва-Минск кхъухьлъатэм и билет. «Каскадым» нэмыщIысыныгъэ гуэрхэри иIэт. Унэхэр лъахъшэти, абы зэрымыщIэкIэ ужьэхэуамэ, пластмасс цIыкIуфэкIухэр къыпылъэлъырт. ИтIанэ, пластмассхэр сабэ тIысыпIи хъурт. «Каскад» люстрэр щIэхыу гъуэжь теплъаджэ хъурт, электрическэ лампIым къызэригъэплъыр езэгъыртэкъыми. СССР-р къутэжа нэужь, «Каскадым» щIэупщIэ иIэжакъым, нэгъуэщI люстрэ лIэужьыгъуэхэр къызэрежьам къыхэкIыу. 

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу