Лъэпкъыр къезыгъэлынур

Хамэ къэралхэм ипхъауэ псэу адыгэм нобэ къыхукъуэкIа Iэмалхэр куэдщ зэрыщIэнымкIэ, зэкIэлъыкIуэнымкIэ, нэхъ гъунэгъу зэхуэхъужынымкIэ. ЗэманкIэ узэIэбэкIыжмэ, нобэ хуэдэу тыншу зэкIэлъыкIуэф хъуну ауи я пщIыхьэпIэ къыхэхуэртэкъым ди япэ итахэм. «ГъущI Iупхъуэр» зэIуахыжу лъэпкъыр мащIэ-куэдми зэрыщIэ щыхъуар I990 гъэхэрщ. А Iуэхур ежьэным и щIэдзапIэ дыдэм щытахэм ящыщщ Жэмыфэ Гъазий Кушыку и къуэр. Адыгэ Республикэм и Президентым и лIыкIуэу Жэмыфэ Гъазий I997-I998 гъэхэм Югославием мызэ-мытIэу кIуэгъащ. Урысей Федерацэм Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэ гупым хэту ар куэдрэ ди лъэпкъэгъухэм яхыхьащ, абыхэм я хэкужь къагъэзэжыным и Iыхьэ хилъхьащ. Гъазий ящыщщ Хэкум къэзыгъэзэжхэм я фондыр къызэзыгъэпэщахэм. Ар топсэлъыхьыж а Iуэху дахэр къежьа зэрыхъуам.
- I970 гъэхэм, иджыри сыстуденту, хэхэс адыгэхэм ящыщ зым итха письмо къысIэщIыхьат. Абы къизджыкIар нобэр къыздэсым си щхьэм илъщ: «Си пкъыр мыбы щыIэ щхьэкIэ, си псэр здэщыIэр Кавказырщ. Сыту гугъу уи пкъымрэ уи псэмрэ щызэмыгъусэм деж». А псалъэхэр а зэманым зытхар иджы илъэс 8I-м ит, Налшык къалэ щыпсэу Къумыкъу Мамдухьщ. ТхакIуэ, зэдзэкIакIуэ Iэзэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Къумыкъу Мамдухь I992 гъэм и хэкужьым къигъэзэжауэ щытащ икIи а псалъэхэм щыхьэт техъуэу илъэс 30 хъуауэ адэжь лъахэм исщ и лъэпкъымрэ и хэкумрэ хуэлажьэу.
Сэ апхуэдэ псалъэу зэхэсхар мащIэкъым. Куэд щIохъуэпс Кавказым къэкIуэжу щыпсэуну, мыбы щыщIалъхьэжыну. 80 гъэхэм и кIэхэм, 90 гъэхэм я пэщIэдзэм, Урысейр демократие къэрал ухуэкIэм щытехьэ зэманти, Адыгейм къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм ипхъа адыгэхэм запищIэу хуежьащ. Абы и япэ лъэбакъуэт I989 гъэм щэкIуэгъуэм и I4-м «Хэку» жылагъуэ къудамэр къызэрызэIуахар. Хэхэс адыгэхэмрэ хэкурыс адыгэхэмрэ я зэпыщIэныгъэр нэхъри иригъэфIэкIуащ I992 гъэм ди къэралым къыщащта «О гражданстве Российской Федерации» федеральнэ законым. Абы гугъэ куэд ирапхыу хуежьащ мухьэжырхэми. Дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, I990 гъэхэм хамэ къэралхэм щыщ адыгэ 500-м урысей гражданстэр зрагъэгъуэтащ, Адыгейм къэкIуэжа цIыху 767-м вид на жительство къыдахащ, абыхэм ящыщу II7-р иужькIэ Урысейм и цIыхуу зэрыщытымкIэ дэфтэр къаIэрыхьэжащ. Абы щегъэжьауэ мы Iуэхум теухуауэ хабзэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыщащтащ ди республикэм, зыгуэрхэри Iуахыжащ. Ауэ ахэм я фIыгъэкIэ къэунэхуауэ иджыпсту мэлажьэ АР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, хамэ къэрал щыпсэу ди хэкуэгъухэм запыщIэнымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и къэрал комитетыр, абы и нэIэ щIэт «Центр адаптации репатриантов» IуэхущIапIэр, Къэзыгъэзэжахэм ядэIэпыкъунымкIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэр, Къэзыгъэзэжахэм ядэIэпыкъунымкIэ фондыр.
Хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмрэ ди хэкуэгъухэмрэ запыщIэнымкIэ Адыгейм и мызакъуэу, Урысей псом дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIащ I998-I999 гъэхэм Косовэ къитшыжу Адыгэ Республикэм ди къуэшхэр къызэрытшэжам. Зауэ къыщыхъея щIыналъэм абы щыгъуэ къитшыжат цIыхуи I74-рэ (унагъуэ 38-рэ). Ар щIытхузэфIэкIар УФ-м и Правительствэм Адыгейм адыгэхэр Косовэ къришыжыну хуиту унафэ щхьэхуэ къызэрыдигъэкIарт. Абы я фIыгъэ хэлъщ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ я президенту а илъэсхэм лэжьахэми. Абыхэми къыдаIыгъат АР-м и Президентым и жэрдэмыр.
А Iуэхум и мыхьэнэр нэсу псэкIэ зыхэзыщIэ, абы щыгъуэм АР-м и Президенту щыта Джарым Аслъэн шыщхьэуIум и I-р Къэзыгъэзэжахэм я махуэу республикэм щигъэуващ, махуэшхуэ щIыкIэ иIэу, зыгъэпсэхугъуэ махуэу. ИужькIэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыхилъхьауэ, иджы адыгэ зэрыс щIыналъэ псоми щагъэлъапIэ.
КъэкIуэжахэм я лъэIукIэ, занщIэу ди лъэпкъэгъухэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэрагъэпэщу хуежьащ. Мейкъуапэ километри 4 нэхъ пэмыжыжьэу гектари I50-рэ хухахри, жылэ щхьэхуэ яухуащ икIи абы фIащыну цIэр къыхахын папщIэ ирагъэкIуэкIа зэпеуэм хэта, къэзыгъэзэжа щIалэ, журналист Цей Искандер къигупсысар къыхахащ – Махуэхьэблэ.
А зэманым зауэм кърихужьа ди къуэшхэм Адыгейм цIыхуу, лъэпкъыу исыр зэрыпежьам къегъэлъагъуэ мыбы зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр, дин зэмыщхь зезыхьэхэр зэрыщызэдэпсэур. АР-м и мызакъуэу, гъунэгъу хэгъэгухэри Урысей Федерацэри хуабжьу сэбэпышхуэ хъуащ абы щыгъуэ. Къэзыгъэзэжахэр хэкум зэрисрэ зы илъэс щрикъум, дэтхэнэми паспорт иратащ, федеральнэ центрым къэрал мылъкум къыхэкIыу сом мелуани 9,6-рэ къиутIыпщащ псэупIэхэр зыхуей хуэгъэзэным трагъэкIуэдэну.
Къэзыгъэзэжахэм екIурэ-ещхь псэукIэ зэтраублэным хэлIыфIыхьащ «Лукойл» щIыдагъэ компанием и тхьэмадэ Аликперов В., абы ахъшэ хухихри, жылэщIэмрэ абы къедза къутырхэмрэ газ ирашэлIауэ щытащ. Зи цIэр къэзакъхэм я мызакъуэу адыгэхэми ялъытэ, Краснодар крайм и губернатор Кондратенкэ Николай къэзыгъэзэжахэм яхухиха ахъшэм нэхърэ нэхъ лъапIэт абы щыгъуэ жиIа псалъэхэр: «Фэ фыщIэгузэвэни фыщIэукIытэни щыIэкъым, хамэщI фыкъихьакъым, къыздэвгъэзэжар фи хэкущ, дэ, Кубаным и цIыхухэр, сыт щыгъуи дывдэIэпыкъунущ».
Дызэрыщыгугъам тету, ди къуэшхэм я псэукIэр зэтеублэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъун щIадзащ Адыгейм и хьэрычэтыщIэхэми. Абыхэм унэхэр яухуэрт, псэуалъапхъэкIэ къызэрагъэпэщырт, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Ирыгу М. къуажэм мэжджыт дищIыхьат.
Махуэхьэблэ къыдэтIысхьэжа ди лъэпкъэгъухэм я хъыбар зэхэзыха хэхэс адыгэхэр къызэщIэушат. Германием къикIа лIыкIуэ гупым ахъшэшхуэ халъхьащ абы щыгъуэм Къэзыгъэзэжахэм ядэIэпыкъунымкIэ фондым. И жып къриха ахъшэкIэ абы хэуващ СтIащ Ихьсан. ЩIэщIыкI щIын ирагъэжьа нэужь, илъэси дэмыкIыпэу япэ унагъуэхэм унэщIыхьэж тхьэлъэIухэр ящIын щIадзащ, абы къыкIэлъыкIуащ адрейхэри.
Къапщтэмэ, Косовэ къикIыжа адыгэхэр гугъехьыншэу хэсыхьыжащ хэкужьым щекIуэкI гъащIэм. КъэкIуэжа щIалэхэм щхьэгъусэу къашар хэкурыс пщащэхэрщ. Абы къикIыжа щIалэхэм зы хьэл ядэслъэгъуащ: ахэр фадэ ефэркъым, щхьэгъусэ къыщыхахым деж хуабжьу йогупсыс, зэбгъэдэкIыжыныр къащтэркъым, ар икIагъэу ялъытэ. Унагъуэхэм адыгэбзэкIэ зэрыщыпсэлъэным иужь итщ, диным тетщ, хабзэр зэрахьэ. Ахэрагъэнщ Югославием щыхэмыкIуэдэжынымкIэ сэбэп къахуэхъуари.
Нобэ къапщтэмэ, Махуэхьэблэ къэзыгъэзэжа унагъуэ 63-рэ щопсэу. Унэ зэгъэпэщауэ 6I-рэ дэтщ, 33-рэ яухуэ, газ, псы электракъарур ешэлIащ, сабий джэгупIэ, фельдшер-акушер IуэхущIапIэ, футбол губгъуэ яIэщ.
Къэзыгъэзэжахэм ящыщ нэхъыбэу зыдэс жылэщ Тохъутэмыкъуей районым щыIэ Банэхэс къуажэри. Абы нэхъыбэу дэсыр Сирием къикIыжахэрщ, зауэр къэхъея нэужь, 20I2 гъэм къэзыгъэзэжахэрщ.
Адыгагъэмрэ адыгэ хабзэмрэ IуэхуфI куэд зэфIагъэкI. СХьР-м къикIыжахэр къуажэдэсхэм яшэри, я унэ щIагъэтIысхьат илъэсипщI ипэ. Хэт и унагъуэ хигъэтIысхьат, хэт щIэуэ ищIа унэр хуит яхуищIат.
Къуажэдэсхэм зэрызыщIагъэкъуам нэмыщI, меценат цIэрыIуэ, Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэу щыта Щэумэн Хьэзрэт сом мелуан I2 яхухихауэ щытащ, я ныбжьым емылъытауэ къэзыгъэзэжа дэтхэнэми сом минищэ хуэзэу. Апхуэдэ дыдэуи куэдкIэ ядэIэпыкъуащ махуэхьэблэдэсхэми.
Банэхэс дэс ди лъэпкъэгъухэм унэ зытращIыхьын щIы кIапэ 4I-рэ иратащ, абыхэм ящыщу 22-м лъапсэ иращIыхьри Iэпхъуэжауэ, унагъуэхэр щопсэу. УнагъуиплIым езыхэм я ахъшэкIэ унэ къащэхуащ, зы унагъуэм и унэцIэджэгъухэм лъапсэ къыхуащэхуащ.
Сирием къикIыжахэр къызэрыкIуэжрэ илъэсипщI дэкIащ. Абы лъандэрэ урысей гражданствэ зиIэхэри яхэтщ, унагъуэ хъуахэри щыIэщ, Урысейм и цIыху сабий цIыкIухэри къахэхъуащ. Абыхэм я лэжьыгъэр, IэнатIэр, щIэныгъэр ягъэкIуэдакъым, зи къару илъыгъуэ псори иджы хэкум хуолажьэ я щхьэ хьэрычэт хуащIэжу.
Афэпсыпэ 202I гъэм ирихьэлIэу хамэ къэрал къикIыжа цIыхуи I50-рэ щопсэу. Республикэм и курыт школхэм сабий 30 щоджэ, гъэсапIэхэм цIыкIуи 7 макIуэ.
УщымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым, къэзыгъэзэжахэр гъащIэм хэзэгъэжа къудей мыхъуу, езыхэм я уней Iуэхухэр, хьэрычэт Iуэху цIыкIухэмрэ ику итхэмрэ къызэрызэIуахым, цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ зэмылIэужьыгъуэхэр яхуэщIэным теухуауэ. Уеблэмэ Адыгейм щыIэ псэукIэр, экономикэр езыгъэфIакIуэ хьэрычэт Iуэхухэр зейхэм яхэтщ хамэ къэралхэм къикIыжа ди къуэшхэри. Ди республикэм щолажьэ абыхэм ящыщ дохутыр Iэзэхэри.
Ди лъэпкъэгъу хэхэсхэмрэ адэжь щIыналъэмрэ я зэпыщIэныгъэр быдэ зыщIхэм ящыщщ щэнхабзэ лъэмыжыр. Адыгейм и литературэм, щэнхабзэм, гъуазджэм я лэжьакIуэхэм ди зэпыщIэныгъэхэр нэхъри ирагъэфIакIуэ. Апхуэдэу ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу къэралхэм щIэх-щIэхыурэ макIуэ «Налмэс» лъэпкъ къафэмкIэ къэрал академическэ ансамблыр, лъэпкъ къафэмрэ уэрэдхэмкIэ «Ислъэмей» къэрал ансамблыр, Цей Ибрэхьим и цIэр зезыхьэ адыгэ лъэпкъ театрыр. Хабзэ тхуэхъуауэ, илъэситI къэс зэ Мейкъуапэ щыдогъэкIуэкI Адыгэ щэнхабзэм и дунейпсо фестивалыр. Абы я зэфIэкI щагъэлъэгъуэну  къокIуэ хамэ къэралхэм щыщ адыгэ щIалэгъуалэ зэчиифIэхэр.
Адыгейм, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ, СССР-м, РСФСР-м я Къэрал саугъэтхэм я лауреат, Урысейм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхьэкъ щIэх-щIэхыурэ яхохьэ ди лъэпкъэгъухэм. Иужьрей илъэсхэм ар ирагъэблэгъащ Тыркум (зыбжанэрэ), Иорданием, Израилым. Абы къегъэлъагъуэ хэхэс адыгэхэм адыгэ литературэр зэрафIэгъэщIэгъуэныр, къызэрыщIэупщIэр. Апхуэдэ Iуэху щхьэпэхэр къызэрегъэпэщ и гъащIэ псом къызыхэкIа лъэпкъым хуэпэж Нэгъуей Яшар. Адыгэ щэнхабзэр хъумэным, зегъэужьыным хэлъхьэныгъэ ин хуещI хэкум къэзыгъэзэжа Джэтауэ Ибрэхьим. Иужьрей илъэситхум фIэкI къомыщтэми, абы Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ адыгэ сурэтыщIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ Тыркум зыбжанэрэ къыщызэригъэпэщащ, езы Тыркум щыщ сурэтыщIхэри хэкужьым къригъэблэгъащ. Iуэху куэдкIэ лъэпкъ гъащIэм хэуващ нэхъ пасэу къэкIуэжахэм ящыщ Едыдж Мэмэти. Абы бзэр щызэрагъащIэ центр къызэIуихри, сабии балигъи къришалIэурэ цIыху мини I0-м нэс щеджащ а школым. Апхуэдэуи Мэмэт къызэригъэпэщащ республикэм ис щIалэгъуалэ зэчиифIэхэм ядэIэпыкъун щхьэкIэ «Гуфэс» фондыр. Апхуэдэу зи цIэ къиIуапхъэу республикэм исыр, хамэ къэралхэм щыпсэухэр куэд мэхъу. ГуащIафIэу я адэжь хэку щолажьэ, щопсэу Бэрзэдж Убых, МэшхуэфI Нэждэт, Едыдж Батрай, Инэмыкъуэ Мулид, СтIащ Яхья, нэгъуэщIхэри. Мыбыхэм ящыщ дэтхэнэми тхыгъэ щхьэхуэ тебухуэну яхуэфащэщ ялэжьыр апхуэдизкIэ куэдщи.
 2018 гъэм Мейкъуапэ Iуэху гукъинэж щекIуэкIащ. Абы къыщызэIуахащ Тыжь Илъкъай и хьэщIэщ. Къэзыгъэзэжахэм япэ екIуэлIапIэ яхуэхъуну унэм зи цIэр фIащар хэкур зи псэм хэлъу фIыуэ зылъэгъуа, мыбы къэкIуэж гъуэгум куэдрэ тета, къэIэпхъуэжыну хунэмыса Илъкъайщ. Ар гуузу дунейм ехыжащ 20I3 гъэм. Абы и гурылъхэр и ныбжьэгъухэм гъащIэм щыщ ящIыжащ. Иджы Тыжьым и цIэр зезыхьэ хьэщIэщыр хэкум къитIысхьэжыну мурад зыщIа унагъуэхэм я екIуэлIапIэщ, етIысэхыпIэщ.
20I9 гъэм Адыгей Республикэр хагъэхьащ хамэ къэралхэм щыпсэу ди хэкуэгъухэр я лъахэм къэIэпхъуэжынымкIэ зэрадэIэпыкъуну къэрал программэр зи щIыналъэм щагъэзэщIэну хэгъэгухэм. Илъэсищ лъандэрэ а программэмкIэ АР-м къэIэпхъуэжащ унагъуэ 30 (псори зэхэту цIыху 90 мэхъу). Урысейм и Правительствэм и УнафэкIэ, а программэм 2026 гъэ пщIондэ къару щиIэну хэгъэгухэм Адыгейри ящыщщ.
Апхуэдэу Iуэхур зэрызэпыувэм къалэн нэхъыбэ къытщещI ди пщэрылъхэр екIурэ ещхьу дгъэзэщIэну. Хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящIэн хуейщ нобэ Урысейм и Iуэхур зыIутыр, иджырей Урысей Федерацэм и социально-экономикэ, щэнхабзэ, лъэпкъ политикэр зыхуэдэр. АбыкIэ сэбэп хъун хуейщ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр.
Иджыпсту Урысейр хамэ къэралхэм щыпсэу ди хэкуэгъухэм зэрахущытым, ди лъэпкъэгъухэм къагъэзэжынымкIэ къызэригъэпэщ Iэмалхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ. КъищынэмыщIауэ, хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ я тхыдэм, лъэпкъ Iуэхухэм нэхъ дихьэх зэрыхъуам, адыгэхэм я лъэпкъ зэхэщIыкIыр къызэрыушам гугъэ уагъэщI Урысей уардэм адыгэ лъэпкъыр щызэрыубыдыжыну.

Зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться: