НыбжьыщIэхэм я зэпеуэ

Кэнжэ къуажэм щекIуэкIащ 2011 гъэм къалъхуа ныбжьыщIэхэм дзюдомкIэ я етIуанэ республикэпсо зэхьэзэхуэ. Тренеру илъэс куэдкIэ лэжьа Майсурадзе Альберт и фэеплъу ар къызэрагъэпэщат.

Зэпеуэм япэ увыпIэр щаубыдащ Атлъэскыр Артур, Абазэ Сэлим, Бышэн Аслъэнбэч, Дадуев Суфян, Мэремыкъуэ Тимур, Хуцинэ Рустам, Асадов Астемыр, Сомгъур Дамир, Къанщауэ Дамир сымэ.
Шыбзыхъуэ Юрэ, Шыд Хьэсэнбий, Уянаев Саид, Ольмезов Магомед, Анаев Эльдар, Вынэ Ислъам, Жылау Илнур, ЛIыхъугу Iэдэм сымэ дыжьын медалхэр зы­Iэрагъэхьащ.
Ещанэ хъуахэщ Щокъуий Аскэр, Иттиев Тамерлан, Хъурсинэ Марат, Быгуэ ­Марат, Быгуэ Тимур, Джэрыджэ Тамерлан, Шаутаев Алихъан, Даур Инал, Чыржын Астемыр, Къэрэгъул Астемыр, Сэкрэк Мухьэммэт, Гаев Башир, Юрковс­кий Тимур, Щомахуэ Темырлан, Алъхъэс Алихъан, Процевский Назар, Бичикуев Мухьэммэт сымэ. 
ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ ягъэ­пэжащ медалхэмрэ щIыхь тхылъхэмкIэ, фэеплъ саугъэтхэр иратащ.
Зэхьэзэхуэр къызэрагъэпэщащ икIи ирагъэкIуэкIащ Ныр Сеф и цIэр зезыхьэ спорт школымрэ Майсурадзе Альберт и благъэхэмрэ гъэсэнхэмрэ.
 

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: