Я нэIэ зытрагъэтыпхъэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КъБР-м щыIэ КъэралкIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэм и коллегием. 

Iэтащхьэм зэрыжиIамкIэ, щытыкIэр зэрыгугъум емылъытауэ КъБР-м щыIэ МВД-м и къулыкъущIапIэ псоми я пащхьэ къит къалэнхэр зыхуей хуэзэу ирагъэкIуэкIащ. ЩIыналъэм щалэжьа щIэпхъаджагъэ къы­зэрыгуэкIхэми, нэхъ хьэлъэхэми, дыгъуакIуэхэми, зэзауэхэми я бжыгъэм хэщIащ, къыщIагъэща Iуэхухэри ­нэхъыбэщ. 
БалигъыпIэ имыува ныбжьыщIэ-щIэпхъаджащIэхэри нэхъ мащIэ хъуауэ къалъытащ. «Абы и лъэныкъуэкIэ ­социальнэ IуэхущIапIэхэм, егъэджакIуэхэм, адэ-анэхэм ядэлэжьэн хуейщ. Дэтхэнэ зы сабийми щхьэхуэу узэ­рыдэлажьэм, псом хуэмыдэу жылагъуэм и дэIэпыкъу­ныгъэ хуэныкъуэ унагъуэхэм къахэкIахэм, мыхьэнэшхуэ иIэщ. 
Гъуэгум къыщыхъу-къыщыщIэхэр нэхъ мащIэу щытащ 2022 гъэм, хэкIуэдахэм я бжыгъэми хэщIащ, ­машинэмрэ абыхэм я зэхэзежэмрэ нэхъыбэ хъуа пэтми. Ар зи фIыгъэр къулыкъущIапIэхэр зэрыщIэу зэры­зэ­дэлажьэрщ, гъуэгухэм я фIагъыр зэрыхагъахъуэрщ, ГИБДД-м и лэжьыгъэр тэмэму къызэрызэригъэпэщырщ», - жиIащ КIуэкIуэм.
КъБР-м щыIэ МВД-м и пщэрылъхэр къызыхуэтыншэу зэфIигъэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къы­зэрыунэхурэ илъэси 100 щрикъум ехьэлIа дауэдапщэ­хэр щекIуэкIами. 
«Хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я нэIэ ­нэхъ зытрагъэтыпхъэу къонэж терроризмэр, экстремиз­мэр, зэныкъуэкъур, экономикэ щIэпхъаджагъэхэр, кибер Iуэху фIейхэр къэмыгъэхъуныр. Иджырей тех­нологиехэр къагъэсэбэпу лъэпкъ, дин зэпэщIэувэныгъэхэр, цIыху зэныкъуэкъухэр къэзыгъэхъеину зи гуращэ экстремистхэмрэ радикалхэмрэ япэщIэтыныр сыт щыгъуи къалэн нэхъыщхьэу щытщ. Си гугъэщ а Iуэхухэр зэпIэзэрыту екIуэкIыным хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэр сыт щыгъуи хуэдэу егугъуну», - дыщIи­гъуащ УнафэщIым. 
КIуэкIуэ Казбек КъБР-м щыIэ МВД-м къулыкъу щызыщIэ псоми фIыщIэ яхуищIащ ди республикэм ис цIыхухэм я шынагъуэншагъэр зыхуей хуэзэу къы­зэ­рызэрагъэпэщым папщIэ. 

Поделиться: