Езыр-езыру зызыгъэсэжа

Жылэтэж Амир сурэт щIыным хуемыджами, а IэщIагъэм хуэIэзэу къыщIэкIащ икIи и лэжьыгъэхэм мы зэманым щIэупщIэ яIэщ.

Сыт хуэдэ Iуэхуми щIэдзапIэ гуэр иIэщи, Жылэтэжыр а лъагъуэм щытехьар Къэбэрдей-Балъкъэр Къэрал мэкъумэш университетым щеджэу (зооинженер факультетым) и япэ гъэлъэгъуэныгъэр абдеж къыщыщыхузэрагъэпэщарщ. 
- Си гуапэ мыхъуу къэнатэкъым гъэлъэгъуэныгъэм цIыху куэд зэреплъар, псом хуэмыдэу сагъэгушхуат си адэшхуэм и къуэш Жылэтэж Сэлэдинрэ а зэманым еджапIэ нэхъыщхьэм и ректору щыта Жырыкъуэ Борисрэ, - жеIэ Амир.
Амир и лэжьыгъэхэр зылъагъухэм, дауи, ягъэщIагъуэрт сурэт щIыным хуемыджам къызэкъуиха зэфIэкIыр. Апхуэдэу Жылэтэжым и япэ лэжьыгъэ 36-р, «Ощущение полета» фIэщыгъэм щIэту, утыку кърихьащ. Абы иужькIэ, 2005 гъэм, Студентым и махуэм ирихьэлIэу, ДизайнымкIэ, Щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ колледжхэм я еджакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм я гъусэу Амир и сурэтхэр щигъэлъэгъуащ КъБР-м и Музыкэ театрым къыщызэрагъэпэща выставкэм. Зи лэжьыгъэ зыгъэлъэгъуа щIалэгъуалэ 30-м ящыщу Жылэтэжым ещанэ увыпIэр абы щыгъуэм къыхуагъэфэщащ.
Амир сурэт щIыным езыр-езыру зыхуигъэсэжащ, ауэ республикэм и сурэтыщI пажэхэм я лэжьыгъэхэми кIэлъоплъ, чэнджэщкIэ защыхуигъази щыIэщ. Апхуэдэщ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэтхэу Къэрмокъуэ Аслъэнрэ Токъу Альбертрэ. «Къэрмокъуэмрэ Токъумрэ я IэщIагъэм куууэ зэрыхащIыкIыр нэрылъагъущ. Псалъэм папщIэ, щIыуэпсым и сурэт сщIыну сэ сыдимыхьэхми, Къэрмокъуэм и апхуэдэ лэжьыгъэхэр щыслъагъукIэ сохъуапсэ, езыми ущымытхъункIэ Iэмал имыIэу ахэр къохъулIэ. Ар си дежкIэ щапхъэщ», - жеIэ Жылэтэжым. 
Амир дагъэкIэ сурэт ищIын зэрыщIидзэрэ илъэс зытIущ хъуауэ аращ, ауэ лэжьыгъэ ин зыбжанэ ищIыну хунэсащ. Нэхъыбэрэ цIыхухэм я сурэт етх, унэ кIуэцIхэр егъэщIэращIэ. КъБР-м, КъШР-м, АР-м, Осетие Ихъэрэ-Аланием, Ингушым я цIыхубэ артист Нэхущ Чэрим и унагъуэр иту ищIа сурэтышхуэр щIалэр мазиплIым нэблагъэкIэ елэжьат.
КъищынэмыщIауэ, Шэшэн щIыналъэм и Iэтащхьэ Кадыров Рамзан, урысей артист цIэрыIуэ Тимати сымэ я сурэтхэр ину ищIащ. Жылэтэжыр Къэбэрдей-Балъкъэрым къищынэмыщIауэ, Шэшэнми Москваи ирагъэблагъэурэ щолажьэ. 
СурэтыщIыр цIэрыIуэ зыщIыр и IэдакъэщIэкIыр къызэрехъулIэм и закъуэкъым, атIэ абы и лэжьыгъэр цIыхубэм я гум зэрыдэхьэм куэд елъытащ. Жылэтэж Амир а IэщIагъэр гурэ псэкIэ къыхихащи, ехъулIэныгъэ иIэну ди гуапэщ.
 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: