Сабийхэм я зыгъэпсэхупIэ цIэрыIуэ

Париж и Диснейлендыр сабий псори зыщIэхъуэпс зыгъэпсэхупIэ парк цIэрыIуэщ. Ар щаухуащ Марн-ля-Вале къалэм.
Диснейлендыр 1992 гъэм къызэIуахащ икIи абы кIуэ сабийхэм Iэмал яIэщ фIыуэ ялъагъу мультфильмхэм я дунейм щыхьэщIэну. Я ныбжьми емылъытауэ, балигъи сабии таурыхъым къыхохутэ мы паркым зэрихьэу. Гектар минитIым щIигъу хъу утым щыIэщ ухуэныгъэ, гъэлъэгъуэныгъэхэр, гольф джэгупIэ, хьэщIэщ, тыкуэн, шхапIэ, нэгъуэщI куэди. 
Зэпымыууэ макъамэ къыщеуэ Диснейлендыр гъэм и сыт хуэдэ зэманми цIыху кIуапIэщ. Махуэ къэс, шэджагъуэм сыхьэт 12-м щыщIэдзауэ пщыхьэщхьэм сыхьэт 22-рэ хъуху, Уолт Диснейм и мультфильм цIэрыIуэхэм хэт лIыхъужьхэм я парад йокIуэкI. Апхуэдэу мафIэгухэм я гъущI гъуэгу вокзалми цIыхушхуэ щызэблокI, зыгъэпсэхупIэм и Iэгъуэблагъэм мафIэгукIэ зыщызыплъыхьыну гупыж зыщIхэр куэдщи. КъищынэмыщIауэ, Диснейлендым къыщыбжыхь хъунущ абы дэт пасэрей машинэхэмкIэ е шыгу зэщIэщIам уису умыпIащIэу зыщыпплъыхь хъунущ. 
ЗыгъэпсэхупIэр Iыхьэ-Iыхьэу зэпыудащ, зытеухуа и лъэныкъуэкIэ. Нэхъ цIыкIу дыдэхэм щIэщыгъуэ ящохъу таурыхъ цIэрыIуэхэр зи лъабжьэ Fantasyland аттракционыр. ТхьэIухуд Жейм и уардэунэм узэрыщIыхьэу зи пэм гъуэзыр кърих благъуэр къыпIуощIэ. Уардэунэм и щIыхьэпIэ нэхъыщхьэм лъэмыж цIыкIум ухуешэ. Лабиринтым сыт щыгъуи Алисэ укъришыжынущ. Къэзылъэтыхьыну хуейхэм Пэн Питер е Дамбэ пыл цIыкIур я дэIэпыкъуэгъущ. Гуащэ бжыгъэншэхэм хьэщIэхэр ирагъэблагъэ, Гъэмахуэ театрым и артистхэм махуэ къэс мюзикл щIэщыгъуэхэр ягъэлъагъуэ.
Диснейлендым кIуэ сабийхэр псом хуэмыдэжу нэхъ дэзыхьэххэм ящыщщ «Индианэ Джонс и Опасный замок», «Космическая гора», «Питер Пэн», «Дом с привидениями», «Лабиринт Алисы», «БаззЛайтер Лазер Бласт» аттракционхэр.
 Шынагъуэхэм ямыгъэдзыхэ ныбжьыщIэхэм яфIэфIщ Frontierland плIанэпэр. Сабий нэхъ псынщIэхэм зыхалъхьэ щыIэкъым абы щаухуа къежэхыпIэ лъагэхэр, хьэдэджадэхэм я унэр, «Мулан» цирк шоур, голографие, стереоэффектхэр зыщIыгъу кинофильмхэр, компьютер джэгухэр. КъищынэмыщIауэ, Диснейлендым и зоопаркми зыщуплъыхьыныр нэгузыужьщ.
Кинематографием дихьэххэм яфIэгъэщIэгъуэнщ Уолт Дисней и киностудие паркыр. Абы кIуэхэм Iэмал яIэщ кино зэрытрахым и щэхухэм зыхагъэгъуэзэну. Нэхъыщхьэращи, абы дихьэххэр ирагъэблагъэ а лэжьыгъэм я зэфIэкI щеплъыжынуи. 
Голливуд бульварым ущрикIуэкIэ, саугъэт цIыкIуфэкIухэр е фэилъхьэгъуэхэр къэпщэху, Диснейм илъэс зэхуэмыдэхэм щагъэлъэгъуа мультфильмхэм я дискхэм зыхэбгъэгъуазэ, Барби и музейм зыщуплъыхь хъунущ.

 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:

Читать также: