ЯхузэфIэкIахэр къапщытэж![]() МафIэсгъэункIыфI IэнатIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ и IэнатIэм щызэхалъхьэжащ 2022 гъэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм кърикIуахэр. Илъэс кIуам IэнатIэм и мафIэс-къегъэлакIуэ гупхэр 415-рэ дэкIащ мафIэсыр ягъэункIыфIыну. IэнатIэм и лэжьакIуэхэм республикэм мафIэс къыщыхъуа и ухуэныгъэхэм къыщIагъэIэпхъукIащ цIыху 756-рэ, цIыху 25-рэ, сом 1 мелардрэ мелуан 695-рэ и уасэ мылъку кърагъэлащ. Абы щыщу сом мелуан 530-рэ и уасэ хуэзэ мылъкур кърагъэлащ «Къэбэрдей-Балъкъэр ПСС» IуэхущIапIэм и мафIэсгъэункIыфIхэм. КъэлъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ гупым хэтхэр 146-рэ дэкIащ я лэжьыгъэ IуэхукIэ икIи цIыху 54-рэ кърагъэлащ, гузэвэгъуэм хэхуауэ 74-м ядэIэпыкъуащ.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2026 - 11:25 →
Тщымыгъупщэну унафэ щыIэщ!
16.05.2026 - 10:00 →
Терроризмэм щэнхабзэр и бийщ
15.05.2026 - 17:26 →
Адыгэм и хьэщIэр быдапIэ исщ
11.05.2026 - 15:18 →
ЩIэуахътыншэри аращ
09.05.2026 - 10:07 →
ЛIэщIыгъуэкIэ лIакъуэхэм зэIэпах
| ||





