НэхъыбэжкIэ щыгугъыу

Щэнхабэ щIэиным и илъэсыр гуфIэгъуэ зэIущIэшхуэкIэ иджыблагъэ Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ) къуажэм щызэхуащIыжащ. Бахъсэн щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм къыхилъхьа жэрдэмыр даIыгъащ къуажэ унафэщIхэм, щэнхабзэ лэжьакIуэхэм, егъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэм, къуажэдэсхэм, щIалэгъуалэм.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым Бахъсэн щIыналъэ администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и унафэщI Тхьэмадокъуэ Зерэ къыхигъэщащ илъэсым къриубыдэу лэжьыгъэшхуэ зэрызэфIахар, цIыхубэм я щэнхабзэ зэхэщIыкIыр къэIэтыным хуэунэтIа жэрдэмхэм къищынэмыщIауэ, апхуэдэ лэжьыгъэхэр нэсу къызэгъэпэща хъун папщIэ зыхуэныкъуэ ухуэныгъэхэр зэрырагъэжьар, ЩэнхабзэмкIэ унэхэм я нэхъыбэр зэрызэрагъэпэщыжар, дяпэкIи нэхъыбэж къазэрыпэщылъыр.
«2022 гъэр Урысейм Щэнхабзэ щIэиным и илъэсу щагъэуват. Бахъсэн щIыналъэм хиубыдэ къуажэхэм абы хуэгъэзауэ зэIущIэ куэд щедгъэкIуэкIащ, цIыхухэм даIущIащ, зэхахыну е ялъагъуну гукъыдэж зыхуаIэ Iуэхугъуэхэр зэхэдгъэкIа нэужь, абы тещIыхьа пшыхьхэр, джэгухэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, концертхэр зэхэтшащ. Апхуэдиз лэжьыгъэр хуэунэтIат ди лъахэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ щIэиныр къэIэтыным, абы пылъ фIагъымрэ иIэ мыхьэнэмрэ къытщIэхъуэ щIэблэм зэхедгъэщIыкIынуи дыхущIэкъуащ. Мы илъэсым хэгъэгъу махуэгъэпсым плъыжьу къыщыхэгъэща махуэщI зыбжанэм я гъэлъэпIэныр щызэтрихьат. Апхуэдэу дэ жыджэру дыхэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэсищэ щрикъум ирихьэлIэу екIуэкIа дауэдапщэхэм, гулъытэншэу къэнакъым, уеблэмэ Iэтауэ дэтхащ Бахъсэн щIыналъэр къызэрызэрагъэпэщрэ апхуэдиз дыдэ зэрырикъум ирихьэлIэу зэхэта гуфIэгъуэ хуэIухуэщIэхэм. Ауэ, псом хуэмыдэу, ди цIыхухэр уэру зыхэта, «Укъыдэплъэркъэ ди къуажэм» зи фIэщыгъэ жэрдэмым щIэупщIэшхуэ игъуэтащ, куэди къекIуэлIащ. Абы къигъэлъэгъуащ цIыхухэр гупыж дахэм зэрызэришалIэр, фIым хущIэкъуу зэрыщытыр, дахагъэр я псэм зыхищIэу дунейм зэрытетыр. Щэнхабзэ щIэиным щыщщ ди адэжьхэм къытхуагъэна анэдэлъхубзэхэри. ЕдгъэкIуэкIа Iуэхугъуэхэр псори адыгэбзэрэ балъкъэрыбзэкIэ къызэдгъэпэщащ, абыхэм я IэфIагъыр, лъэпкъхэм я дунейр а бзэхэм къызэрагъэщIыр дэтхэнэми къыгурыдгъэIуэну дыпылъащ. ГъэщIэгъуэнращи, анэбзэмкIэ тха уэрэдхэрщ, ныбжьым емылъытауэ, цIыхубэм япхъуатэри, гъащIэ хъугъуэфIыгъуэу къыздрахьэкIри. Мы илъэсым къриубыдэу едгъэкIуэкIа Iуэхугъуэхэм цIыху минипщIым щIигъу хэтащ. Дыхуейт а бжыгъэр нэхъыбэ хъуну, ди щIыналъэм щыпсэу дэтхэнэ зы цIыхуми дылъэIэсыну, къыхэтлъхьэ жэрдэмхэм я зэхэщIыкIрэ Iуэху еплъыкIэрэ кърахьэлIэу нэхъыфI дызэрыхъунум ехьэлIа гупсысэхэм драшэлIэну. НобэкIэ къыдэхъулIами дрогушхуэ, ауэ дызытехьэ илъэсыщIэми дызэпыуну ди гугъэркъыми, нэхъыбэжкIэ цIыхуми дащогугъ, илъэсыщIэми нэхъыфIыжкIэ дыпоплъэ», – жиIащ Тхьэмадокъуэ Зерэ.
Бахъсэн щIыналъэм лъэпкъитI щызэхэс къуажэхэри хэтщ, унагъуэ щхьэхуэ-щхьэхуэу зыдэсхэри хохьэ. Апхуэдэу Жанхъуэтекъуэ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ щопсэу, Кременчуг-Константиновскэм адыгэхэмрэ урысхэмрэ дэсщ. Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ) къуажэр балъкъэр унагъуэ зыбжанэм псэупIэ щащIащ. Жанхъуэтекъуэ щыпсэухэм я нэхъыбэм зым и бзэм адрейр ирипсалъэу апхуэдэщ, Зеикъуэ щыпсэу балъкъэрхэр адыгэхэм къахэпцIыхукIыфынукъым, апхуэдизкIэ я хабзэмрэ бзэмрэ зэрахьэри. Щэнхабзэм и мызакъуэу, цIыхугъэм и пкъощIэсэщ зы щIыналъэм щызэдэпсэу, зэгъунэгъуу къызэдэгъугурыкIуэ лъэпкъхэм я зэхуаку илъ дзыхьыр хъумэныр, я зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэныр. ЦIыху зэхущытыкIэхэр «мыпхуэдэу фыщыт» е «мыпхуэдэу фыпсэун хуейщ» жыпIэкIэ зэтеувэркъым. ИгъащIэми адыгэхэм гъунэгъурэ гъуэншэджрэ жаIэ. Гуауэ зиIэ унагъуэм диIыгъкIэрэ, гуфIэгъуэ къыдэзыхым къуэувэкIэрэщ зэхущытыкIэ дахэр къызэрыунэхури, мис а псэукIэр хъума зэрыхъуным, зэхуащI дзыхьыр мыкIуэду къызэтенэным хуэгъэпсауэ лэжьыгъэ хъарзынэхэр Бахъсэн щIыналъэм щекIуэкIащ. Щэнхабзэ лэжьакIуэхэм, я IэнатIэмкIэ яхузэфIэкIынум теухуауэ, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ унагъуэхэм зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къахузэрагъэпэщырт, зэпрагъауэрт, зым къыдэгъуэгурыкIуэ хабзэхэм адрейр щыгъуазэ щыхуищI зэIущIэхэр зэхашэрт. Шэч хэлъкъым, мы жэрдэмхэм мыхьэнэ зэраIэм, ахэр цIыхубэм куэдрэ фIыкIэ ягу зэрилъынум.
ГуфIэгъуэ зэIущIэм и кIуэцIкIэ Бахъсэн щIыналъэм ит щэнхабзэ-нэгузегъэужь IуэхущIапIэхэм я уэрэджыIакIуэхэм, къэфакIуэ гупхэм, пшынауэхэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуащ, цIыхубэм я гукъыдэжыр къаIэту, нэжэгужэу зэхигъаплъэу.
Зэхыхьэ дахэм и кIэухыу щэнхабзэ лэжьакIуэхэр дызытехьэ илъэсыщIэм ирагъэкIуэкIыну я мурад Iуэхугъуэхэм ирипсэлъащ, жэрдэмыщIэхэр къыхалъхьащ, фэеплъу къахуэнэн сурэтхэри зытрагъэхащ.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: