Къалэмрэ псэущхьэхэмрэ

Къалэм хуиту дэт хьэхэмрэ цIыхухэмрэ хуэмурэ зэсэжащ жыпIэнщ, зэбгрыукIуриикIауэ жыг щIагъхэм, газонхэм, лъэс зекIуапIэхэм, псы хуабэ зрикIуэ бжьамийхэм ящхьэщыт люкхэм щыжей хьэ гупхэр щыплъагъукIэ. Абыхэм яхэтщ волонтерхэм я нэIэм зэрыщIэтыр наIуэу, «бирка» цIыкIухэр зи тхьэкIумэм илъхэри. Псом нэхъ гъэщIэгъуэнщ абыхэм гъуэгу зэпрыкIыпIэм уащыкIэлъыплъыныр; светофорхэм зэрынэсу къоувыIэри щытщ, цIыху гъусэ къахуэхъуным пэплъэу. Удзыфэр зэрыпынэххэу Iэдэбу цIыхухэм яхоувэри зэпрокI. Ахэм я ныби ныкъуэкъым. КIэрыхубжьэрыху зэхуэхьэсыпIэхэм щхьэхуэу щагъэув ерыскъыхэкIхэм къуэлIыкIынукъым.

Ар жытIэ щхьэкIэ, псэущхьэм къызэпхидзынкIэ хъунур пщIэнукъыми, усакъмэ нэхъыфIщ.

Пшапэ зэхэуэгъуэщ. Лениным и проспектым цIыхур Iуву щызэхэзокIуэ. Зы хьэ фIыцIэшхуэ кIуэри яхэуващ, щызэпрыкIынум пэплъэу зэхэт цIыхухэм накIуэпакIуэу. Абы хэту а лъэныкъуэмкIэ къэзыунэтIа зы хъыджэбзым жьэхэлъадэри и кIэкъуащIэр пиубыдыкIащ, кIуапIи-жапIи иримыту, адрей псом къащхьэщыкIыу а зым игу щIебгъар уэ къащIэ... ИутIыпщыжащ, арщхьэкIэ палъто дытам и кIэкъуащIэ жьэдэлъар и дзэмкIэ пхичыну хунэсащ. Пальто Iув щымыгъамэ - щэ?

Апхуэдэ къабзэу махуэ шэджагъуэм хьэ гуп гъуэгум къызэпрыжри лъэс лъагъуэм ирикIуэ цIыхубзым пэуващ, емыпхъуэу икIи бламыгъэкIыу. ЦIыхубз къэщтар Iужри, абдеж гъунэгъуу щыт тыкуэным щIыхьащ. Махуэ шэджагъуэ пэтми, хъуреягъым зыри щызекIуэркъым. Псэущхьэхэр лъэгъун зэрыхуейр гурыIуэгъуэщ, зыри хуейкъым хьэкъэубыдхэр къыдыхьэу ахэр зэтраукIэну. Сыту жыпIэмэ, хьэ еIуящIэ закъуэтIакъуэхэм хейхэри дэкIуэнущ. Фэтэр зэтет пщIантIэ къэс хьэ зыбжанэ дэлъщ, унэм щыпсэухэр есарэ шхынкIи я нэIэ тету. Езыхэри зэран щымыхъукIэ, ахэм лей къатехьэну зыри хуейкъым.

ГъэщIэгъуэну Iуэхум хэлъыр къуажэхэм елъытауэ къалэхэм хьэхэр нэхъ зэрыщыкуэдырщ. Къуажэм унагъуэ къэс езым и хьэр и пщIантIэ дэлъыжщи, псэуху абы кIэлъыплъынущ. Уэрамхэм щыплъэгъунукъым узыщыщтэн хуэдэ хьэ хьэулей. ИгъащIэми къокIуэкI унагъуэхьэр унэм ипхуну, хьэ хей букIыну къызэремызэгъыр. Къалэ фэтэрхэм ипэкIэ хьэ щаIыгъыу щытакъым. ЦIыхум къагурыIуэрт хьэр щIыбым дэсын зэрыхуейр. А зиIэхэри щыхуэмеижым деж ахэр уэрамым тегушхуэу къыдаутIыпщхьэжынутэкъым - хабзэр ягъэзащIэрт. Зэманыр кIуэурэ хьэхэм я нэхъ инхэр фэтэрхэм щIэсу Iыгъыныр къежьащ. Ди лъэпкъ хабзэхэми зэи къезэгъыу щытакъым хьэхэр унэм щIэгъэсыныр. Абы драгъэхьэхащ сабийхэри. Иджы псэущхьэхэр цIыхум нэхъыфIу илъагъу хъуауэ ара? Хьэуэ нэхъыфIу илъагъу хъуар и щхьэрщ. Хьэпшырыр зыхуэпIынуми зыхуэмыпIынуми къещтэ, жыхуаIэращи, а дакъикъэм ягу къыпылъэдар яIэн хуейуэ къэзылъытэхэр куэдыкIейщ. Ещхьыркъабзэу жьыхуэмеижми, тыншу къызэранэкIыжынущ, жэуап лъэпкъ зыми зым идежи щимыхьу.

«Уэ зэбгъэса дэтхэнэмкIи жэуап уохь»,- итхыгъащ Антуан де Сент - Экзюпери А жьы хъуа псэущхьэрщ нэхъ ухуэсакъыу уи нэIэ зытетыжын хуейри. ФIэщщIыгъуейщ ахэр хьэ увыIэпIэ къыхуалъыхъуэу иратыныр. Псом нэхъ тыншращи, унэм къыщIиутIыпщыкIынурэ ежьэжынущ: дуней хуитым триутIыпщхьэжа хьэм и гуэныхьи и бэлыхьи къихьыркъым. Ар псэущ, мэжалIэркъым. Апхуэдэхэр хуэм-хуэмурэ гуп зэрыгъэхъунурэ, паркхэр, лъэс зекIуапIэхэр зи тIысыпIэ хьэ Iэлу ежьэжынущ. Хьэхэр нэхъ мащIэ хъунукъым цIыхухэм апхуэдэ щытыкIэ псэущхьэхэм хуаIэху. Волонтер зэщIэхъееныгъэхэм абыхэм я нэIэ тет пэтми, я закъуэ къарукIэ Iуэхум пэлъэщыныр фIэщщIыгъуейщ, къалэ унафэщIхэм я зэфIэкI халъхьэу хьэхэр щаIыгъ питомникхэр къызэрагъэпэщыху. Мы Iуэхум хэкIыпIэ къыщыхуалъыхъуэ Урысейм и къалэ псоми. Хьэхэр унэм щIэсу зыIыгъхэр ягъэбелджылын Iуэхур кърахьэжьащ. Абы теухуа унафэр къащтэмэ, псэущхьэхэмкIи цIыхухэмкIи ар хэкIыпIэт.

ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться: