Урысейпсо къыхэтхыкIым кърикIуахэр

Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм 2021 гъэм жэпуэ­гъуэм и 15-м щегъэжьауэ щэкIуэгъуэм и 14 пщIондэ иригъэкIуэкIа Урысей­псо къыхэтхыкIым кърикIуахэр Iыхьэ-Iыхьэу гуэшауэ цIыхубэм я пащхьэ ­кърилъхьэжын иухащ 2022 гъэм и кIэм. Мызыгъуэгум Iуэхур нэхъ тыншу икIи псынщIэу зэфIагъэкIащ бжыгъэхэр зи лъабжьэ технологиехэр къагъэсэбэпкIэрэ. КъыхэтхыкIым къыхаша волонтёрхэр сэбэп хъуащ планшетхэм уна­гъуэхэм я хъыбархэр иратхэну. Апхуэдэуи «Къэрал Iуэхутхьэбзэхэр» сайтымкIэ зебгъэтх зэрыхъур куэдкIэ къахуэщхьэпащ. 

КъыхэтхыкIым щызэхуахьэс­хэр къэрал гъэзэщIакIуэ властым сэбэп ­хуохъу унафэ пыухыкIахэр ­къащтэ­­ным­кIэ. Псалъэм къыдэ­кIуэу жыпIэмэ, псэукIэм, экономикэм зегъэужьыным теухуа проектхэм, ухуэныгъэхэм, гъуэгу телъ­хьэным, псэупIэ ухуэным, еджапIэ, сабий IыгъыпIэ къызэIухыным, газ, псы, ток зэрыкIуэ бжьамийхэмрэ кIапсэхэм­рэ дэлъхьэным, жыла­гъуэ транспортым и зекIуэкIэр ­убзыхуным, нэгъуэщI Iуэху­гъуэхэми лъабжьэ яхуэхъур къы­хэтхыкIым къигъэнаIуэ бжыгъэхэрщ. Аращ ар мыхьэнэшхуэ иIэу къалъытэу илъэсипщIым зэ щIрагъэкIуэкIыр. Иджырейр 2020 гъэм коронавирус уз зэрыцIалэм зэрызиубгъуам щхьэкIэ ­къайхъулIатэкъыми, 2021 гъэм ирагъэкIуэкIащ. АтIэ сыт хуэдэ бжыгъэ­хэмрэ хъыбархэмрэ къыхэтлъэгъукIа къыхэтхы­кIым? ТфIэгъэщIэгъуэн хъуа­хэм дыкъытеувыIэнщ. 
Псом япэрауэ, Урысейм 2021 гъэм и кIэм ирихьэлIэу цIыху 147 182 123-рэ щы­псэууэ щатхащ, лъэпкъ 207-рэ исщ. 2010 гъэм екIуэкIа къыхэтхыкIым къри­кIуахэм ятеп­щIыхьмэ, ди къэралым и цIыху бжыгъэр процент 1,4-кIэ хэхъуащ. ЦIыхухэм я бжыгъэр щыхэхъуар хэгъэгу 28-ращ. 
СтатистикэмкIэ къулыкъущIапIэм къы­зэригъэлъэгъуамкIэ, цIыхубэм я процент 74,8-р къалэдэсщ, иджыри ­къалэхэм жыджэру Iэпхъуэр куэдщ. ­Мегаполисхэм нэхъри заубгъу, къуа­жэхэр хокIуэдэж. 2010 гъэм мелуан е ­нэхъыбэ зыдэс къалэу Урысейм 12 иIамэ, иджы 16 хъуащ. Абы къегъэлъагъуэ цIыхухэр Москварэ Санкт-Петербургрэ къинэмыщIауэ, нэгъуэщI къалэхэми зэрыIэпхъуэр, къалэшхуэхэм экономикэ и лъэныкъуэкIэ нэхъ хуэщIащи. 
Урысей Федерацэм ис лъэпкъхэм я Iуэху зыIутым уеплъмэ, 2010 гъэм нэхъыбэу къалъытэу щыта лъэпкъитхум ящыщт урысхэр (цIыху мелуани 111-рэ), тэтэрхэр (мелуани 5,310-рэ), украинхэр (мелуан 1,927-рэ), башкирхэр (мелуан 1,584-рэ), етхуанэрэ еханэу къакIуэрт чувашхэмрэ (мелуан 1,435-рэ) шэшэнхэмрэ (мелуан 1,431-рэ).
ИлъэсипщI дэкIри, нэхъыбэу къалъытэ лъэпкъхэм захъуэжащ, а тхум ­украинхэр яхэкIащ, иджы ахэр мин 884-рэ хъужу аращ. Нэхъыбэ хъу лъэпкъитхур - урысхэр, тэтэрхэр, шэшэнхэр, ­башкирхэр, чувашхэр. Ауэ щыхъукIи, урыс­хэм я бжыгъэр мелуани 5-кIэ хэщIащ, тэтэрхэр мин 600-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ, чувашхэми мин 368-кIэ хэщIащ, башкирхэм я бжыгъэр зэрыщытауэ къэнэжащ, ауэ шэшэнхэр процент 17-кIэ бэ­гъуащ, цIыху мелуан 1,431-рэ хъууэ щытамэ, иджы мелуан 1,674-рэ хъуащ. 

Кавказ Ищхъэрэм щыпсэур

Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм цIыху мелуани 10-рэ мин 171-рэ що­псэу. ИлъэсипщIым къриубыдэу, проценти 7,9-кIэ хэхъуащ. Ис цIыху бжыгъэм елъытауэ КИФЩI-р Урысейм иужь итхэм ящыщщ, ауэ блэкIа илъэсипщIым цIыху бжыгъэр зэрыщыхэхъуамкIэ, япэ итхэм хабжэ. 
Кавказ Ищхъэрэм и къалэхэм - цIыху мелуани 5-рэ мин 153-рэ (50,7%), ­къуажэхэм - мелуани 5-рэ мин 18-рэ (49,3%) щопсэу. Къалэдэсхэр щынэхъыбэщ Шэшэным (процент 23,6-кIэ), Къэрэшей-Шэрджэсым (процент 17,4-кIэ), Дагъыстэным (проценти 9,6-кIэ).
ЦIыху нэхъыбэ дыдэ зэрысыр Дагъыстэнращ (мелуани 3-рэ мин 182-рэ). ЕтIуанэ увыпIэр Ставрополь крайм иIыгъщ (мелуани 2-рэ мин 908-рэ), ещанэр Шэшэнращ (мелуану 1-рэ мин 511-рэ), абы къыкIэлъокIуэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр (мин 904-рэ), Осетие Ищхъэрэ - Аланиер (мин 687-рэ).
Ингушым исыр нэхъ мащIэщ (мин 510-рэ), Къэрэшей-Шэрджэсыр иужь итщ (мин 470-рэ). 

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iуэху зы­Iутыр

2021 екIуэкIа къыхэтхыкIым ипкъ иткIэ, а гъэм и жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм цIыху 904 200-рэ ису щатхащ. 2010 гъэм еплъытмэ, бжыгъэр проценти 5-кIэ хэхъуащ. Абыхэм я нэхъыбэр къалэхэм щопсэу (процент 52-р). 
ЦIыху 904 200-м ящыщу 880 911-ращ къызыхэкIа лъэпкъыр къэзыгъэлъэ­гъуар. Абыхэм ящыщу 502 615-р къэбэрдейщ (а бжыгъэм хэмыту 26 544-м шэрджэсу зрагъэтхащ, 579-р адыгейщ, 9-р шапсыгъщ), 174 768 -р урысщ, 120 898-р балъкъэрщ, 16 860-р тыркущ, осетину - 6877-рэ, цыджану 4122-рэ, ермэлыуэ 3987-рэ, корейуэ 2926-рэ, азербайджану 1767-рэ, шэшэну - 1675-рэ, тэтэру - 1544-рэ, украину - 1461-рэ, куржыуэ 1279-рэ исщ, адрейхэм я бжыгъэр мин ирикъуркъым. Псори зэхэту къапщтэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым лъэпкъи 109-рэ щатхащ. 
Адыгэу республикэм исщ 529 747-рэ.
Нэхъапэми хуэдэу, бзылъхугъэхэр нэхъыбэщ цIыхухъухэм нэхърэ. 2021 гъэм цIыхубзхэр мин 46-кIэ нэхъыбэщ, 2010 гъэм мин 56-кIэ нэхъыбэу щытащ. 
Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм Кавказ Ищхъэрэ ­федеральнэ щIыналъэм щиIэ управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Гъащтэ ­Аурикэ зэрыжиIамкIэ, сабийхэмрэ илъэс 15-м нэс ныбжьыщIэхэмрэ я бжыгъэр мин 16,4-кIэ хэхъуащ, ар проценти 9,2-рэ мэхъу. Лэжьыгъэ IэнатIэ пэрыт цIыхухэм я бжыгъэм зэрызихъуэжа щIагъуэ щыIэкъым, мин 540-рэ хъууэ къабжащ. Абыхэм нэхърэ нэхъыжьхэм я бжыгъэр мин 27,9-кIэ нэхъыбэ хъуащ 2010 гъэм елъытауэ. Абы тепщIыхьмэ, лэжьэгъуэ ныбжьым ит цIыху мин къэс ныбжькIэ нэхъыжьу 674-рэ яхуозэ. 
КъыхэтхыкIым къызэригъэлъэгъуамкIэ, нэчыхь зиIэ цIыхухъухэм я бжыгъэр - мини 195,2 -рэ, нэчыхь зиIэ цIыхубзхэр мини 197,4-рэ мэхъу. 
Ныбжьышхуэ зиIэ нэхъыжьу Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыху 1981-рэ исщ, 2010 гъэм илъэс 90-м щхьэдэха дадэрэ нанэу 1661-рэ исащ республикэм. 2010 гъэм елъытауэ курыт ныбжьыр илъэс 35-м къикIри, илъэс 37-м нэсащ.

Адыгэхэм я бжыгъэр

Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм ди пащхьэ кърилъхьэжа бжыгъэхэм ухэплъэмэ, уолъагъу адыгэхэм - къэбэрдейуэ, шэрджэсу, адыгейуэ, шапсыгъыу зэрызрагъэтхар. Мы къыхэтхыкIым шэрджэсу зезыгъэтхар куэдкIэ нэхъыбэщ, япэм нэхърэ. Хэгъэгухэм щатха адыгэхэм я бжыгъэр зэрыщытыр мыпхуэдэущ: 
Къэбэрдей-Балъкъэрым (529 747):
къэбэрдейхэр - 502 615, 
шэрджэсхэр - 26 544, 
адыгейхэр - 579, 
шапсыгъхэр - 9. 
Къэрэшей-Шэрджэсым (59 463): 
шэрджэсхэр - 58 825, 
къэбэрдейхэр - 523, 
адыгейхэр - 115. 
Адыгэ Республикэм (114 677): 
адыгейхэр - 98 138, 
шэрджэсхэр - 16 133, 
къэбэрдейхэр - 397, 
шапсыгъхэр - 9. 
Краснодар крайм (19 491):
адыгейхэр - 10 484, 
шэрджэсхэр - 6 166, 
къэбэрдейхэр - 963, 
шапсыгъхэр - 1878.
Ставрополь крайм (9537):
адыгейхэр - 242,
шэрджэсхэр - 7077, 
къэбэрдейхэр - 2455, 
шапсыгъхэр - 5.
Осетие Ищхъэрэ - Аланием (2245):
адыгейхэр - 31, 
къэбэрдейхэр - 2214. 
Къэралым и хэгъэгу, къалэ зэпэщхьэхуэхэм щыпсэу адыгэхэр псори зэхэту къапщтэмэ, цIыху 751 486-рэ мэхъу. 2010 гъэм екIуэкIа къыхэтхыкIым елъытауэ, ди лъэпкъэгъухэр 32 759-кIэ нэхъыбэ хъуащ.
Зи анэдэлъхубзэр зыщIэу зезыгъэтха адыгэхэм я бжыгъэр 536 427-рэ мэхъу, 2010 гъэм апхуэдэу къэзыгъэлъэгъуар нэхъыбэт - 635 135-рэ. 

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: