Джэгуэщ – псыкъелъэу 33-м я хэщIапIэщ

 Руслан къыщытпежьэну жыхуиIа бжьэпэм и теплъэр зыхуэдэр тхузэхэмыгъэкIыу, Шахэ и ижьрабгъу лъэныкъуэм Iут нэпкъхэр кIуэрыкIуэм тету нэкIэ щэтпщыкIащ.
ИужькIэщ къыщыдгурыIуэжар, си ныбжьэгъужь хыIуфэрыс адыгэ щIалэм, къыщытIущIэн папщIэ, «дамбэ» зыхужиIа лъагапIэр къыщIыхихар: абдежращ, хы Iуфэм уи щIыб хуэгъэзауэ псыхъуэм укъыщыдэкIуейкIэ, машинэ псынщIэхэм къатемыхьэлъэу къыщыбжыхь хъу асфальт тепхъуэр щиухыр. АдэкIэ гъуэгур быркъуэшыркъуэ мэхъу, псыр зыдэт ныджэм щхьэщыт къуакIэ-бгыкIэхэми йохьэ. ИкIи, а лъэныкъуэмкIэ километрищ хуэдиз удэкIуеижмэ, мэз Iувым къыхэпIиикI къыр дзэпкъхэм нэжэгужэу къащхьэпрылъ Джэгуэщ псы бгъунж цIыкIур Шахэ щыхэлъэдэж удзылъэ тепхъэм ухуэзэнущ.
Абдежыр и щIэдзапIэщ Сочэ къакIуэ зыгъэпсэхуакIуэхэм, иужьрей илъэс пщыкIутхум къриубыдэу, яфIэтелъыджэу, хуабжьу къагъэунэхуа нэгузегъэужьыпIэу къуэ бгъунжымкIэ дыхьэм. Пэж дыдэу, абгъуэм къилъэтыкIа бзу шырым хуэдэу, мы щIыпIэм къытеуфэразэ псы «нэфIэгуфIэм» иджыри укъримыхьэлIэ щIыкIэ, псэкIэ зыхыбощIэ къызэрымыкIуэу зы дахагъэ гуэр ипэкIэ къызэрыщыппэплъэр. Бгы зэхуакухэм зыкъыдадзу, зыхуэзэ къырылъэ дзакIэхэмрэ мывалъэ сэтейхэмрэ, къызэрабжамкIэ, 33-рэкIэ къыщелъэ, I3-рэ тепхъэ щыхъу, а псом я гущIыIужкIи 7-нейрэ джабэ нэкIухэм псы хьэлыгъуэ зэфэзэщу зыкърезыгъэхьэх Джэгуэщ псы бгъунж цIыкIур къызыдэунэхукI къуэбэкъу зэвым удэзышэ лъагъуэм къыщыщIэдзауэ, узыхуэзэ псори нэри пэри пфIэзыхьэхущ.
«Псыкъелъэу 33» - м и дыхьэпIэм деж нэгузегъэужьакIуэхэм къащыпоплъэ гъунэгъу къуажэхэм дэсхэм ерыскъыхэкI зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къагъэтIылъыхьа дапхъэхэр щызэгъэкIуа сатырхэр. ЗыгъэпсэхуакIуэхэр нэхъ зэхъуапсэщ щIыпIэ дахащэм и Iэхэлъахэм щызэхуахьэс фор, щыщIаху санэр, щагъэхьэзыр-щаупщэфI адыгэ лъэпкъ шхыныгъуэхэр, нэгъуэщIхэри.
КъуэкIий цIыкIум апхуэдиз псыкъелъэ зэуэ къызэрыщыунэхуам теухуауэ шапсыгъ адыгэхэм я деж псысэ гъэщIэгъуэн къыщокIуэкI. Абы кIэщIу и гугъу фхуэтщIынщ.
                Мыгу лIакъуэм щыщт
Еуэри, еIэт жеIэ, аддэ пасэ зэманым щыгъуэ, Шахэ и тIуащIэ бгъуфIэм цIыхухэр Iуву дэсыгъащ. Ахэр зыр адрейм дэIэпыкъурэ зытес щIыгум телэжьыхьу, мамырыгъэ я зэхуаку дэлърэ хъерымрэ берычэтымрэ зыщамыгъащIэу, я хэку щIэращIэм къещэ бийхэм зэдыпэлъэщу апхуэдэт.
Зэгуэрым псыхъуэдэсхэм я щIыналъэм, къыздикIари къыздихуари ямыщIэу, зы иныжь еруужь гуэр къищхьэрыуащ. Хьэщхьэвылъэжьым цIыхухэр зэхифыщIэрт, зыдэс къуажэхэр ихъунщIэрт, я хадэхэр ириутэкIырт, пхъэщхьэмыщхьэ къызыпыкIэ жыг Iэрысэхэр ифыщIырт.
Абы, дауи, цIыхухэр къигузэващ. ИкIи кIуэцIрыкъуэжьым зэрыпэлъэщын Iэмал къалъыхъуэу щIадзащ. Къуажэхэм джакIуэ ягъэкIуащ, лIыгъэ зыхэлъу къэзылъытэж лIы Iэчлъэчхэр зы щIыпIэ гуэрым деж щызэхуэсыну къыхураджэу.
ЩызэрихьэлIэм, пхъэидзэ ящIри, иныжьым деж зауакIуэ япэщIыкIэ кIуэнур зэхагъэкIащ. Зи «кIэн къикIар» Мыгу лIакъуэм щыщ гъукIэ Iэзэм и къуэ ГъущIкIэ зэджэ щIалэрат. Ар икIи Шахэ псышхуэм къедза тIуащIэм дэс щакIуэ нэхъыфIхэм хабжэт.
Иныжьыр здэщыIэм кIуэн и пэ къихуэу, щIалэ хахуэр зы жэщ гуэрым и адэшхуэм епщIыхьащ. ПщыхьэпIэм здыхэтым, нэхъыжьыр къуэрылъхум къеущийрт, и къарумрэ и хахуагъэмрэ зэрыщыгугъым хуэдэ къабзэу, бзаджагъэ–хьилагъэ гуэрхэми хуекIуэну.
«КIуэцIрыкъуэжьым нэхъыбэрэ къыщиущыхь бгы лъапэм деж фо кIадэ зыбжанэ щыгъэув, - къыжриIэрт адэшхуэм ГъущI. - А шхыныгъуэм пищI зэрыщымыIэм ар текIуэдэжынущ. IэфIым бжьэхэр къришэлIэнурэ, иныжьыр ирахужьэнущ. АдэкIэ утемыплъэкъукIыу, Iуэхур и кIэм нэгъэс».
Дунейр кIыфIрэ нэм къыщIэIэбэр имылъагъуу, фо зэрыт кIадэхэр щIалэм зэбгригъэувыкIащ. Гурыщхъуэ лъэпкъ зи щхьэ къимыхьэ иныжьыр абыхэм щарихьэлIэм, и IэшхуэжьитIыр хиIури, зэрызицIэлэжри къыфIэмыIуэхужу, шхыныгъуэ IэфIыр зыIурилъэфэу щIидзащ. Ерыскъы гуакIуэм и мэм къришэлIа бжьэхэр къызэдэпщIащ, арыххэуи иныжьым къедзэкъэн щIадзащ.  
Фохэх цIыкIухэм щыщIахуэм, кIуэцIрыкъуэжьыр кIийуэ зыпэгъунэгъу бгымкIэ зидзащ. ИкIи зыхуэза мэзылъэ джабэ нэкIум дэжеин щIидзащ, зытеувэм лъэкъуампIэшхуэхэр къытринэу. Иныжьыр Iуащхьэ щыгум щихьэм, къыпэплъэр ГъущI и джатэ къихарат…
Домбеижьыр зытеджэла къырыр тIууэ щызэгуэхум, абдежым псы къабзащэ къыщызыпхиващ, и къуэпсхэр зэжэх джабэ нэкIум иныжьым къытрина лъэужьхэр иритхьэщIэхыжу.
Хъыбарыжьым хэта иныжьым пхигъэмба мывалъэ лъэкъуампIэхэм къат-къату къелъэ псыпыху къабзащэхэр зи нэгу къыщIэувэ дэтхэнэри ямытхьэкъункIэ Iэмал зимыIэщ, щIыпаплъэхэр мы щIыпIэм уэру къезышалIэри ахэращ, апхуэдизкIэ яфIэтелъыджэщи…

ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:41 Япон усэ зыбжанэ
18.04.2024 - 10:01 Тхылъ тыкуэным
15.04.2024 - 14:41 Адэм деж письмо
12.04.2024 - 17:57 Сыфхуоупсэ