Зи щIэщыгъуэ имыкI тхылъ

«ГъащIэр матэ щIэдзакъым», – жиIащ адыгэжьым. ЦIыху гъащIэм фIыри ери щызэблокI, дэтхэнэми хэкIыпIэрэ кIуапIэрэ къахуэгъуэтын хуейуэ. ГъэтIылъарэ телъэщIа защIэу гъащIэр екIуэкIыу щытамэ, щIэщыгъуи гуфIэгъуи щыIэну къыщIэкIынтэкъым, цIыхум ущие къызыхихыни къэхъунтэкъым. Хэти зогуакIуэ, мафIэ лыгъейм хисхьэу, хэти я гъащIэ гъуэгур зэбгъэдокI, я зэхуаку къыдэхъуа Iуэхугъуэхэм афIэкIа гъунэгъу зэхуимыщIыжыну, ауэ щыIэщ зи щыуагъэхэр игъэзэкIуэжмэ нэхъ къэзыщтэу куэд дыдэм тегушхуэхэри. АпхуэдизкIэ абы, зы лъэныкъуэкIэ, тыншыгъуэр щызэхэгъэзэгъащи, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ укъыхэплъэжмэ, гугъуехьыр зыр зым иужь иту щызэкIэлъокIуэри… Псори щыIэныгъэм щыщ теплъэгъуэщ, гъащIэм и фочышэ икIам ещхьщ, къэгъазэ имыIэу, ауэ кIэлъыпщIэжым зэригъэзэхуэжу е зэIищIэу.
ЩыIэныгъэм щекIуэкI къэхъугъэ псори Iэзэу зи гупсысэ шыбзэм щIэзыгъэкIыфу щыта адыгэ тхакIуэ Къэрмокъуэ Мухьэмэд зэгуэр и къалэмыпэм къыщIэкIат IыхьитIу зэхэт «Щихухэр иджыри мэкI» зи фIэщыгъэ романыр. Къэгъуэтыгъуейщ абы емыджа, къыщыIэта Iуэхугъуэхэм ямыгъэпIейтея, езым и гъащIэм хуримыгъэплъэкIыжа. Сыт хуэдиз зэIущIэрэ псалъэмакърэ тращIыкIа а зы тхылъ закъуэм?! ЦIыхур игъэпIейтеят зэгуэкIуаитIым я гурыщIэр Iэ щIыIэкIэ зэрызэтракъутам, цIыхугъэр зэмыщхьу гъащIэм зэрыщызэрахьэм, игъэгушхуат щыпкъагъэм зэи зэщIэкIуэ зэримыIэм, пэжыгъэм лъагэу узэриIэтым, икIэм-икIэжым, лъагъуныгъэ зигу илъым узэрыпэмылъэщынум. ТхакIуэм гъащIэм и лъэныкъуэ псори апхуэдизкIэ IупщIрэ фIэщщIыгъуафIэу зэкIэлъигъэкIуат, узыIэпызышэ адыгэбзэкIэ зэригъэкIуати, цIыхубэр куэдрэ а тхылъым иутIыпщакъым, къыкIэлъыкIуэнум къыщIэупщIэу, зи насып къута МэчрэIил и дунейр нэху къэпщIыжыркъэ, жаIэурэ къыхуэтхэрт. Езы Къэрмокъуэ Мухьэмэди мызэ-мытIэу утыкум щыжиIэрт романым къыпищэн фIэкIа, нэгъуэщI Iэмал тхылъеджэм къызэрыхуимыгъэнэжыр. ИкIи тхакIуэр и фIэщу еувэлIат и щIэджыкIакIуэхэм къалэн къыщащIа Iуэхум, икIи пэлъэщат. Аргуэрыжьти, тхылъыр зи Iэпэгъухэм ар зэпкърахыу хуежьащ… ЦIыхум ещхьщ тхылъым и гъащIэри, езым и гъуэгу хешыж, мэпсэу, фIыуэ зылъагъум къыдэгъуэгурыкIуэу дунейм тетщ.
Роман цIэрыIуэр Налшык къалэ дэт, Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ урысыбзэкIэ къыщыдэкIащ. «Азэмэт», «Къоджэм уигъэжейркъым» тхыгъэ инхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа тхакIуэм и гупсысэр сытыбзэкIэ къэIуэта мыхъуми, удехьэх. Аращ ахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Совет къэралышхуэми щызэIэпахыу щIыщытар. Къэрмокъуэм и романхэр мин бжыгъэкIэрэ Мэзкуу къыщыдэкIырт, и цIэр лъэпкъыбэм яригъэцIыхуу. Куэдым гущIыхьэ ящыхъуат МэчрэIилрэ Алмэжанрэ я насып зэтекъутар, цIыхубз тхьэмыщкIэр лъагъуныгъэм и мафIэм зэрыхисхьар. Илъэс щэ ныкъуэм щIигъу дэкIыжащи, а хъыбарым зэ Iууам щыгъупщэркъым, къелъыхъуэ зэпыт.
Романым къыпищэу тхыгъэщIэ тхакIуэм и къалэмыпэ къызэрыщIэкIам щыгъуазэ куэд щыIэкъым. Ар урысыбзэкIэ Мэремкъул Ларисэ зэридзэкIри, 2007 гъэм дунейм къытехьауэ щытащ. Тхылъым и пэублэм деж тхакIуэм щыжиIэ псалъэхэм занщIэу тхылъым малъхъэдисым хуэдэу укIэригъапщIэрт, илъэс Iэджэ щIауэ зи жэуап къэплъыхъуэ упщIэхэр къыщигъэувырт: «Романым и япэ IыхьитIыр щыстхар нэгъуэщI лъэхъэнэщ, цIыхум и гупсысэкIэри и дуней лъагъукIэри нэгъуэщIт. Абы щыгъуэ тхылъым щыжысIахэм фIырыфIу урипсэлъэфынутэкъым, арагъэнут абы щIэупщIэ щIигъуэтари… Ещанэ Iыхьэм къыщезгъэкIуэкIа Iуэхугъуэхэри теслъэщIэну иужь ситакъым, абыи бгъэщIэгъуэн мымащIэу ущрихьэлIэнущ… Сыт хуэдэу щымытми, куэд зыпэплъа тхылъ стхащи, Тхьэм солъэIу, ар цIыхум и гум дыхьэну…»
МащIэми куэдми, абы лъандэрэ илъэс I5-м щIигъу дэкIащ. Пэж дыдэуи, ди гъащIэм къыхэхъухьа зэхъуэкIыныгъэхэр романым къыщекIуэкIхэм фIыуэ ящхьэщыкIащ. Ауэ цIыхум иджыри щIалэгъуэр егъащIэ, абы и удынхэр щишэчи къыхэкIыу, и IэфIхэр гуапэу гум щигъафIэу екIуэкIыу. ЖыпIэнуращи, щихухэр иджыри мэкI, гурыщIэр зи гущIэм итIысхьа ныбжьыщIэхэми тхылъым зыщыхуагъази къохъу…
ТхылъыфIыр уахътыншэщ, и щIэупщIэри зэи икIыркъым. ЦIыхур зыщIэупщIэ Iуэхугъуэхэм я жэуап абы къыщигъуэтмэ, игъэгупсысмэ, и щэным фIы и лъэныкъуэкIэ зригъэхъуэжмэ, лъэпкъ щэнхабзэм и жьантIапщэр щиIыгъынущ. Къэрмокъуэ Мухьэмэд и романыр а лIэужьыгъуэм зэрыщыщым шэч хэлъкъым.
Зи щIэщыгъуэр имыкI тхылъыр бжыгъэ мащIэ дыдэ хъууэщ дунейм къызэрытехьар, ауэ ари, ипэрейхэм хуэдэу, зэрызэбгрыкIынум, тхылъ гъэтIылъыгъэхэм хуэфащэ увыпIэ зэрыщигъуэтынум шэч хэлъкъым.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: