Анэбзэ – гупсысэм и лъапсэ

 Дэнэ сыщымыIами, сыт хуэдэ лэжьыгъэ зезмыхьами, зыщызгъэгъупщэркъым си анэбзэр. Си анэм и гущэкъу уэрэдхэр зэрыгъэпсауэ щыта псалъэхэр зейр адыгэбзэрщ. АпхуэдизкIэ абы къару къызет, лъагэу сеIэт, пкъыфIэу зыкъысщегъэхъужри, сыкъэзыухъуреихьхэри, слъагъу цIыхухэри зэрыпсалъэр си бзэу къысщохъу. 

МакъзешэкIэ бейуэ щымытми, адыгэбзэм и макъ дэкIуашэхэри зэролъэлъ. МакъкIэ зэхэша хъуа пычыгъуэхэр быдэу зэроубыдхэри псалъэ къагъэщI. Псалъэхэм зым зыр игъэлъапIэурэ, зызыгъэлъагэ-зызыгъэин яхэмытурэ, зэпошачэри-псалъэуха къагъэхъу. Псалъэуха къэс гупсысэм лъапсэ щеухуэ. Апхуэдэ лъапсэм и бзэр адыгэбзэщ. Абы щыхьэщIа дэтхэнэми бзэм и фIыгъуэр тыгъэ хуещI. Iулъэбзэу къэIу адыгэбзэр дахагъэкIэ мэтыгъэ, мэщыгъэ, къогъагъэ, къотIэпI, къощхьэлъэ. Адыгэбзэм зы псалъи иIэкъым, цIыхум и гупсысэ къыщиIуатэкIэ, дэIэпыкъуэгъу, щIэгъэкъуэн мыхъуу. Адыгэбзэм иIэщ иджыри къаруушхуэ. Жьабзэу къэIуми, тхыбзэу щытми, псалъэуха закъуэкIэ къэрабгъэр лъэщ пщIыфынущ, лIыгъэ зиIэм и зэфIэкI бгъэпудыфынущ. 
Адыгэбзэр абхъаз-адыгэ бзэ гупым курых яхуохъу. 

 

Iуэху еплъыкIэ

IэщIагъэхэм я нэхъ гугъуу къызолъытэ

 ЦIыхум игъуэта IэщIагъэхэм ящыщу нэхъ гугъухэм яхызобжэ егъэджакIуэм ейр. Апхуэдэу щытми, жэщ-махуэ имыIэу зи лэжьыгъэр езыхьэкI егъэджакIуэр щагъэпуд, хуэмыфащэ щрапэс мымащIэрэ къохъу. Апхуэдэхэм деж къытехьэ лейр зи псэм зыхутемыгъахуэ егъэджакIуэхэр лэжьапIэм къыIуокI, бэзэрым макIуэ, пщIантIэ кьапхъэнкI. 

Зи гугъу сщIы IэщIагъэр щыуауэ къыхэзыха куэд къыпхуэгъуэтынкъым. Ауэ гурэ псэкIэ лэжьыгъэм бгъэдэтми, ди жагъуэ зэрыхъущи, абы и пщIэри зэрыхуэфэщэнкIэ ину иIэткъым, и улахуэми ирипсэуфыркъым. НобэкIэ егъэджакIуэр гъэсакIуэу, ущиякIуэу къэзылъытэр мащIэщ. Куэдым къазэрыщыхъумкIэ, ар IуэхутхьэбзащIэу аращ, жаIэр ищIэу. 
ЕгъэджакIуэ псори «тхьэмыщкIэу» схужыIэнукъым. Хамэбзэ езыгъэджхэм, есэп щIыкIэм хуезыгъасэхэм иджыри я Iуэхур зыгуэрщ. Абы и лъэныкъуэкIэ зи Iуэху нэхъ гугъур анэдэлъхубзэр езыгъэджхэрщ. Фи фIэщ мыхъумэ, езыхэм захуэвгъазэ, факIэлъыплъ. МыбыхэмкIэ зи унафэщIхэр арэзыхэр мащIэщ. Сабийхэр зэпеуэхэм, зэхьэзэхуэхэм шэн хуейми, нэгъуэщI куэди зыхуей хуэзыгъазэр хэт фи гугъэ? Анэдэлъхубзэм и егъэджакIуэхэрщ! Дерсхэр щатын пэшхэр зимыIэхэу е зытрахыжахэр щыIэщ, гугъуехьхэм яхэгъэхьэж сабий куэдым я анэдэлъхубзэр яджыну зэрыхуэмейр, зэщIэплъауэ къахуэкIуэ адэ-анэхэр, улахуэ мащIэр… 
Тобэ, сыт хуэдэ тэмакъ яIэу лажьэрэ адыгэбзэм и егъэджакIуэхэр?! СхулъэкIамэ, къару сиIамэ, дэтхэнэ зыри дыщэкIэ фызблэнт!
 

Адрейхэм дакъыхощхьэхукI

 Фащэм я нэхъ дахэр сыт? А упщIэм жэуап зэмылIэужьыгъуэ куэд къратыфынущ. АтIэми, цIыхум бгъэдэлъ гъэсэныгъэмрэ хэлъ хабзэмрэщ абы и фащэ нэхъыщхьэр. 

Сыщыпсэу икIи сыщылажьэ Москва къалэм мызэ-мытIэу сыщрихьэлIащ си лъэпкъэгъухэм. Абыхэм сахоплъэжри, гу зылъыстаращи, адыгэхэр адрей лъэпкъхэм дакъыхощхьэхукI. СыткIэ? зы лъэпкъи цIыхуи згъэикIэну си гущхьэ къэкIыркъым, ауэ, жыпIэнурамэ, адыгэхэр нэхъ гъэсащ, нэмысыфIэщ, жьым пщIэ хуащI, дэIэпыкъуэгъу мэхъу, гущIэгъу яIэщ, гулъытэ яхэлъщ. Гупым яхэтми, адыгэхэр къахыбоцIыхукI, къахощ зыхэтым. Зэрыадыгэр и бгъэгум темыдзами, темытхами, темыщIыхьами, адыгэр адыгэщ! 
Ди адэхэм я адэжхэм лъыкIэ, гупсысэкIэ, щапхъэкIэ кьытхуагъэна фIыгъуэхэр, дыхуей-дыхуэмейми, къыддогъуэгурыкIуэ, къыддобакъуэ, къыддопсэу. Арагъэнущ адрейхэм дащIемыщхьри. Фащэу ди нэхъыжьхэм къытхуагъэнар щыгъыныгъуэ закъуэкъым - абыхэм къытхалъхьа нэмысыр, дызэрапсыхьа адыгэ хабзэр - мис ахэращ цIыху дызыщIыр. 
 

МАХУЭЛI Беслъэн.
Поделиться: