Иригъаджэхэм щапхъэ яхуохъу

ЕгъэджакIуэм и лэжьыгъэр, и зэфIэкIыр зыхуэдэр къэзыгъэлъагъуэр и гъэсэнхэм къыхуаIэ пщIэмрэ абыхэм зыIэрагъэхьэ ехъулIэныгъэмрэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ щапхъэщ медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат, КъБКъУ-м и медицинэ факультетым и деканым щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ и къуэдзэ Тхьэбысым Иринэ Къарней и пхъур. Абы иригъэджахэм мымащIэу яхэтщ зыпэрыт IэнатIэм зэфIэкI лъагэхэр къыщызыгъэлъагъуэхэр, студенту щыщыта зэманыр ягу къыщагъэкIыжкIэ, а бзылъхугъэм и цIэри гуапэу къыхагъэщ. 

Налшык къалэ дэт лицей №2-р дыжьын медалкIэ къиуха иужь, ар КъБКъУ-м и медицинэ факультетым щIэтIысхьащ, абы къыкIэлъыкIуэу и щIэныгъэм щыпищащ а еджапIэм и аспирантурэм. Тхьэбысымым щIэныгъэфI зэригъуэтам гу лъатэри, егъэджакIуэу университетым къагъэнэжащ. Абы лъандэрэ илъэс 20-м щIигъу дэкIащи, лэжьыгъэр фIэгъэщIэгъуэну, абы щIэщыгъуагъ хилъхьэу, къыхаха IэщIагъэм студентхэр нэхъ зэрыдригъэхьэхыным хущIэкъуу и IэнатIэр ирехьэкI.

 IэщIагъэр къызэрыхихар

- Медицинэмрэ экономикэмрэ нэхъ сыдахьэхыу къекIуэкIащ. Ауэ IэщIагъэ схуэхъунур къыхэсхын хуей щыхъум, медицинэм тезгъэщIащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ абыкIэ щапхъэ зытесхын сиIэт. Си анэ дэлъху Сидакъ Михаил республикэм щыцIэрыIуэ дохутыр-терапевт, апхуэдэу си анэ шыпхъум ипхъу Чым Жаннэ щытхъу зиIэ акушер-гинекологт. Мис абыхэм я лэжьыгъэм хуаIэ бгъэдыхьэкIэр, цIыхухэм гупсэхугъуэ зэрыратыжыр си нэгу щIэкIкIэрэ, а IэщIагъэм сыдихьэхащ. Си адэ-анэм я гъащIэ псор егъэджэныгъэ лэжьыгъэм тыхь хуащIащ. Арауэ къыщIэкIынщ сэри, нэхъапэкIэ сыхуэмеями, егъэджэныгъэ IэнатIэм сыщIыхуэкIуэжар. Апхуэдэу университетым егъэджакIуэу сыкъызэрынэжар куэдкIэ и фIыщIэщ медицинэ факультетым илъэс куэдкIэ и декану щыта Щомахуэ Алексей. Жылагъуэ узыншагъэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ кафедрэ къыщызэригъэпэщым, апхуэдэ цIыху щэджащэм удэлэжьэным иIэ мыхьэнэр къызгурыIуэри, щIэныгъэм нэхъ куууэ сыхыхьащ.
 

 

Сыт хуэдэ пщэдейрей дохутыр-нобэрей студентхэр? 

- Студентхэм яхэтщ а зыхуеджэ IэщIагъэм гудзакъэшхуэ хузимыIэхэр, адэ-анэхэм я жыIэкIэ ар къыхэзыхахэр. Апхуэдэхэр куэд хъуркъым икIи зэрыщыуар къагурыIуэжу еджапIэм зыщызымыIэжьэжхэр яхэтщ. Ди гуапэ зэрыхъущи, ди факультетым къыщIэтIысхьэхэм я нэхъыбэм гукIи псэкIи IэщIагъэр къыхахащ, зыхуедгъаджэр яфIэгъэщIэгъуэну, уеблэмэ нэхъыбэ къызэращIэным хущIэкъуу апхуэдэхэщ. Къаухрэ IэнатIэ пэрыувэмэ, сэ шэч къытесхьэркъым абыхэм я нэхъыбэм лэжьыгъэр тэмэму зэрырахьэкIынум. Ауэ куэдрэ абыхэм я Iуэхур къызэрекIуэкIыр дауэ жыпIэмэ, я щIэныгъэм хагъэхъуэну къалэшхуэхэм макIуэри, адэкIэ езыхэм заужьынымкIэ щыIэ щытыкIэхэм дехьэхри, абыхэм къыщонэж.

 

Зыгъэпсэхугъуэ зэманыр
 

- Лэжьыгъэм зэман куэд дыдэ тызогъэкIуадэ. Абы сыкъыщыдэхуэм деж ХьэтIохъущокъуэм и цIэр зезыхьэ жыг хадэм къыщыскIухьыну сфIэфIщ. ЦIыху куэдым уащыхэтым деж, ухуей-ухуэмейми, абы икъукIэ урегъэзэш, уи къарур егъэкIуэщI. Абы къыхэкIыу щIыуэпсым щызгъакIуэ зэманым си дежкIэ уасэ иIэкъым. Абы си гуащIэм къыхегъэхьуэж.

 

Гур зыдэгъагъэ лъэхъэнэ
 

- Илъэсым и лъэхъэнэхэр къапщтэмэ, накъыгъэ мазэм пэсщIын щыIэкъым. Абдежыращ дыкъэзыухъуреихь дунейм гъатхэм и «фащэ» нэхъ дахэ дыдэр щыщитIагъэр. ИхъуреягъкIэ псори зэщIогъагъэри, дунейм щхъуэкIэплъыкIэу зыкъызэIуех, хьэуам хэт мэ гуакIуэм щхьэр игъэуназэу. Гури догъагъэ дунейм и апхуэдэ щытыкIэм, Iуэхугъуэшхуэхэм утригъэгушхуэу, гъащIэм мурад дахэхэр хузэIуегъащэ. А псор апхуэдэу къыщIысщыхъур сыкъыщалъхуа махуэр а мазэм зэрыхиубыдэрами сщIэркъым.

 

 ЦIыхубзым дежкIэ хьэл нэхъыщхьэу щытыпхъэр
 

- Нэхъыщхьэр гъэсэныгъэрщ. Гъэсэныгъэр дыщэ жыгым хуэзыгъэда пасэрейр гъащIэм куууэ кIуэцIрыплъырт. ЦIыхум сыт хуэдэ къулыкъу имыIыгъами, сыт хуэдэу екIуу зыщыхуэпыкIауэ щымытами, абы и пщIэр, ираплъыну фэр къыхуэзыхьынур и гъэсэныгъэрщ. Аращи, гъэсэныгъэ зыхэлъ цIыхубзыр икIи Iэдэбу, икIи гумащIэу щытынущ.

 

ГъащIэ гъуазэхэр
 

- Си гугъэмкIэ, дэтхэнэ цIыхуми псом япэу щапхъэ хуэхъур и адэ-анэращ. Сэри ахэращ гъащIэм гъуазэ щысхуэхъур. Апхуэдэу и дуней тетыкIэкIэ сызыдэплъей цIыхущ си адэ къуэшым ипхъу Сыжажэ Ларисэ. Ар и теплъэкIи, и хьэл-щэнкIи нэгъэсауэ адыгэ бзылъхугъэщ зыхужаIэхэм хуэдэщ. Ларисэ цIыху зэпIэзэрытщ, нэхъыжьми нэхъыщIэми екIуу къадокIуэкIыф. И IэщIагъэкIэ егъэджакIуэщи, а унэтIыныгъэми ехъулIэныгъэхэр щиIэу мэлажьэ.

 

ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.
Поделиться: