Жэуаплыныгъэр къыщежьэр

Анэдэлъхубзэр лъэпкъым и фIыгъуэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм ящыщщ. Ауэ ар зымылъытэ, абы пщIэ хуэзымыщI куэдым гъащIэм ущрохьэлIэ. Уахуозэ зи бзэкIэ мыпсэлъэжыфхэми, мытхэфхэми, уеблэмэ ар къызыгурымыIуэхэри щыIэщ. Апхуэдэхэр мымащIэу къытхэтщ адыгэхэми. А Iуэху мыщхьэпэм щхьэусыгъуэ хуэхъум теухуа и  еплъыкIэр къытхуиIуэтащ илъэс куэдкIэ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэу лэжьа Табыхъу Ларисэ:

- Дэтхэнэ лъэпкъми и къэкIуэнур щIэблэращ икIи ар зыщыдмыгъэгъупщэу, сабийхэм я анэдэлъхубзэр фIыуэ ящIэу къызэрыдгъэтэджыным дыхущIэкъун хуейщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абыхэм ящыщ куэдым я адыгэбзэр «йощIэкъуауэ». АтIэ сыт ар къызыхэкIыр? Псом япэрауэ, бзэм хуаIэ щытыкIэр къыщежьэр унагъуэращ. Адэ-анэхэм я нэхъыбэм я бынхэм хамэ къэралыбзэхэр ирагъащIэмэ нэхъ къащтэ. «Зэман тедгъэкIуадэу адыгэбзэр щIэдджынур сыт, дэ ар зыкIи сэбэп къытхуэхъунукъым», - жаIэ адэ-анэм я Iуэху еплъыкIэм щыгъуазэ сабийхэми. Абыхэм къагурыIуэркъым зи анэдэлъхубзэр зэзымыпэсыж цIыхур зэрыкъулейсызыр. Ди бзэм дытеукIытыхьыжмэ, дыкъызыхэкIа лъэпкъри догъэикIэ. Адыгэ лъэпкъыр дызэрыгушхуэ усакIуэшхуэ, тхакIуэ щэджащэ КIыщокъуэ Алим иIэщ мыпхуэдэ усэ сатырхэр: «Адыгэбзэр зэзмыгъащIэу, урысыбзэр сщIэн слъэкIакъым». УсакIуэр утыкушхуэ изышар и бзэм хуиIэ лъагъуныгъэрщ, абы кърит къарурщ и лъэ щIэзыгъэкIар.

Еджагъэшхуэ куэдми къалъытэ, сабийм и акъылым, и зэхэщIыкIым зиужьыху и анэдэлъхубзэкIэ еджэныр нэхъ тэмэму. Бзэр яджыну зэрыхуэмейм и щхьэусыгъуэу куэдым жаIэ ар гугъуу, я гупсысэр къызэраIуэтэну псалъэхэр къахуэмыгъуэту. Укъэзылъхуам анэ быдзышэм хэту къыпIурилъхьа бзэм дауэ нэмыплъ зэрептынур?! ЯгъэлъапIэрти аращ адыгэхэр абы зыхуэбгъадэ мыхъун псалъэ дахэкIэ - анэдэлъхубзэкIэ - щIеджэр.

Адыгэбзэм хуэдэу дахэ щыIэу къыщIэкIынкъым. А псалъэхэм я щыхьэтщ дуней псом щыцIэрыIуэ еджагъэшхуэхэм ди бзэм хужаIэхэр. Къэтхьынщ зы щапхъэ. «А бзэм (адыгэбзэм) и макъ зэхэлъыкIэр апхуэдизкIэ телъыджэщ, плъыфэбэщи, жьыбгъэ фийр, пщIащэ пылъэлъыжам и щхъыщхъыр, псы уэрым и макъыр, щIым и бэуэкIэр, псыхъуэм хэлъ мывэхэр зэрызэнтIэIур, гу къеуэкIэм и даущыр, къуалэбзум я уэрэдыр, нэгъуэщI куэди зэхыбох абы ущыщIэдэIукIэ. Апхуэдэ макъамэ зэщIэжьыуэр къызэрыбгурыIуэнур зыщ: адыгэхэм я бзэр нэщIысащ дунейм и къэхъугъэ псори кърипIуэтэн хуэдэу. Аращ ар къызэрымыкIуэу зыгъэдэхэжри», - жиIэгъащ урыс бзэщIэныгъэлI цIэрыIуэ Трубецкой Николай. Хамэ лъэпкъым къыхэкIахэм адыгэбзэм апхуэдэ псалъэ хэIэтыкIахэр щыхужаIэфкIэ, ар зи анэдэлъхубзэхэм абы мыхьэнэншафэ зэрыраплъыр, гугъуу къазэрыщыхъур лъабжьэншэщ. Ижь-ижьыж лъандэрэ зи цIэ фIыкIэ Iуа лъэпкъхэм ящыщщ адыгэхэр. Зауэ-банэ инхэми, дэкъузэныгъэ хьэлъэхэми къыпхахри, нобэ къахьэсыфащ абыхэм я хабзэ дахэхэр, яхъумэфащ я анэдэлъхубзэр.

Сабийм и анэдэлъхубзэр фIыуэ илъагъунымкIэ жэуаплыныгъэшхуэ я пщэ къыдохуэ лъэпкъыбзэр езыгъэджхэм. Абыхэм я къалэнщ адыгэбзэ дерсхэм сабийхэр щымызэшу, щIэщыгъуэу къызэрагъэпэщыну, абы къищынэмыщIауэ, анэдэлъхубзэмкIэ классщIыб лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIыну.  Псом япэрауэ, егъэджакIуэхэр хущIэкъупхъэщ я щIэныгъэм зэрыхагъэхъуэным, жыджэру хэтын хуейщ адыгэбзэм теухуа семинархэм, конференцхэм.

Сэ сызэреплъымкIэ, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ тхылъхэмрэ программэхэмрэ зэманым къезэгъкIэ зэхъуэкIын, егъэджакIуэхэр зэрылэжьэну методикэхэр нэхъыбэ щIын, нэрылъагъу пособиехэр адыгэбзэкIэ къыдэгъэкIын хуейщ, адыгэбзэкIэ традзэ тхылъхэр къалэ тыкуэнхэм я мызакъуэу, къуажэхэми яIэрыгъэхьапхъэщ.

Адыгэбзэм и пщIэр къэIэтыжынымкIэ, хуащI гулъытэм хэгъэхъуэнымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ «Си бзэ - си псэ, си дуней» республикэ зэпеуэм. Лъэпкъым и тхыдэм, и IуэрыIуатэм, и литературэм, и бзэм, и хабзэм щIэблэр дегъэхьэхынымкIэ куэд ялэжь зэпеуэр езыгъэкIуэкIхэм.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться: