Iэпэм къыпыкI дахагъэ

Зэпыу имыIэу зызыхъуэж гъащIэм щIэуэ къыщежьэм кIэух иIэкъым. Нобэ къагупсысар пщэдей яфIэгъэ­щIэгъуэныжкъым, ауэ адыгэ цIыхубзым и теплъэмрэ абы и Iэпэ къызыпекIуэкIым хилъ­хьэ дахагъэмрэ сыт щыгъуи узыгъэпIейтейщ. Уагъэ зыщI, щагъэ зэIузыщэ, Iуданэ тешэм дихьэх, хэдыкIыр зи дыщэи­дэ, Мэлэчыпхъухэм я хъары­бэм и щэхухэр зыщIэ Мамбэт Анетэ и IэщIагъэм и псэм щыщ Iыхьэ хелъхьэ, ар и гъащIэ гъуэмылэщ.

Шэджэм къалэ насыпыфIэу щыпсэухэм ящыщщ Мамбэт Анетэ и унагъуэри. Щхьэгъу­сэрэ бынитIрэ зиIэ цIыхубзым   и къалэн нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжахэм ящыщщ жьэгу пащхьэм берычэтыр, зэгуры­Iуэныгъэр, гъэсэныгъэр щытепщэу щытыныр. Къищынэ­мы­щIауэ, ар хуабжьу хущIокъу хэдыкI IэщIагъэм гулъытэ хэха цIыхухэм хуригъэщIыну, хъы­джэбз цIыкIухэм ар я Iэпэгъуу псэуну. Арагъэнущ Анетэ 2005 гъэ лъандэрэ а лэжьыгъэм итхьэкъуауэ щIытелажьэри. Налшык къалэ дизайнымкIэ дэт колледжымрэ университетым­рэ щеджа цIыхубзыр IэнатIэ зэхуэмыдэхэм пэрытами, абы и зэмани къаруи щымысхьу зыт­ригъэкIуадэр гупжьей къызэ­ригъэпэщарщ. Езым и Iэпэм къы­пыкI дахагъэр цIыкIухэм я гуа­щIэм ныхешэ, ямыщIэ, ямы­лъэгъуа телъыджэ куэдым ще­гъэгъуазэ. 
Пасэм куэдым хэдыкIыр фIыуэ ящIэу щытами, нобэм абы хуэIэзэр мащIэщ, IэдакъэщIэкIыр утыку къизыхьэри нэхъ мащIэжщ. Анетэ и хэ­ды­кIыр, уагъэу ищIыр, щагъэу зэIуищэр занщIэу утыку кърихьакъым. Ящыгъупщэжу хуе­жьа IэщIагъэм ар хуеджащ, зыхуигъэсащ, илъэс бжыгъэ мы­мащIэкIи абы телэжьащ, итIанэщ цIыхухэм я пащхьэм ахэр щыщигъэлъэгъуар. 
Псэ къулей зыбгъэдэлъ Анетэ ищIыр телъыджэщ. Арагъэнущ абы и хьэпшыпхэр зэпыу ямыIэу щIагъэлъагъуэри, езыр мастер-класскIэ цIыхухэм къы­щIыддэгуашэри. Мамбэтым и Iэдакъэ къыщIэкIахэр ди республикэм къищынэмыщIауэ, ­хамэ щIыналъэхэми щыцIэ­рыIуэщ. Ар ирагъэблагъэ зэ­пеуэ хьэлэмэтхэм, гъэлъэгъуэ­ныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Бжьы­пэр абыхэм къыщызыхь Анетэ ирипагэу щыскъым,  атIэ адэкIэ зэрыкIуэн гуращэм ­иIыгъщ. Зэрыгушхуэ-зэ­ры­лъагэр езым и гъэсэн цIыкIухэм яригъэлъагъур Iэпэ­кIэ яхуэщIу щы­щытырщ, зэ­хьэзэхуэхэм увыпIэ пашэхэр къыщратырщ. Мызэ-мытIэу Мам­бэтым и гъэ­сэнхэр пашэ щыхъуащ ди республикэми хамэ щIы­налъэхэми. 
- ЩIэблэм уадэлэжьэныр на­сыпышхуэщ. ХьэлкIэ зэхуэ­мы­дэхэу, теплъэкIэ зэмыщхь­хэу щыт сабийхэм я Iэпэ цIыкIу­хэмкIэ хэдыкIым зыхуагъасэу щыслъагъукIэ, уагъэ щащIкIэ, щагъэ щызэIуащэкIэ, сытым хуэдэ гукъыдэж си псэм игъуэт­рэ! - жеIэ Анетэ. - Пэжщ, мы IэщIагъэр тыншкъым, зы махуэкIи зыхуебгъэсэфынукъым. Сэри занщIэу сыхъуакъым хэ­зыдыкI цIыхубз. Зы махуэм ­нэхърэ адрейм нэхъ къызэ­хъулIэурэ, зэм сщIам нэхърэ къыкIэлъыкIуэм си IэрыкI ­хъуам нэхъ хуэарэзы сыхъуурэ, сыхуэкIуащ си IэщIагъэ дахэм, фIы лъагъуныгъэ зыхузиIэм. 
Бзылъхугъэм зэрыжиIэмкIэ, ар зыпэрыува, зызрипщыта хэ­дыкIыр кIэухым щыхуэ­-кIуам деж абы кърит гуш­хуэныгъэр къыпхуэ­мы­Iуэ­тэ­ным хуэдэу инщ, уасэншэщ. Ар щIохъуэпс я Iэдакъэм къы­щIэкI дэтхэнэ хьэпшыпымкIи  и гъэсэнхэр гуш­хуэну, гукъы­дэж яIэну. 
Анетэ и лэжьыгъэм гулъытэ лъагэ зэригъуэтым и щыхьэтщ щытхъу, фIыщIэ тхылъхэр Iэ­натIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ­къабгъэдэкIауэ къызэрыхуа­гъэ­фащэри. Иджыблагъэ хъы­барыфI дыдэ къыIэ­ры­хьащ Мамбэтым. Абы къыфIащащ «Урысейм и цIыхубэ IэпщIэ­лъапщIэ» цIэ лъапIэр. Узэрыгушхуэ хъун хъыбар­-къэ?! Уи лъэпкъ, уи къуажэ, уи унагъуэ щыщ адыгэ цIыхубзым апхуэдэ гулъытэшхуэ, щIыхь ин къы­хуащIыныр ар уасэншэщ! 
Зи Iэпэм дахагъэ къыпыкI адыгэ цIыхубзым, щалъхуа щIы­налъэмрэ абы и хабзэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ фIыуэ зылъагъу хэкупсэ нэсым до­хъуэхъу Бзылъхугъэхэм я дунейпсо махуэмкIэ. Ящыгъуп­щэж, яIэщIэху хъуа лъэпкъ IэщIа­гъэ дахэр бэм яхуэ­зы­хьыж, ар къэзыгъэщIэрэщIэж Мамбэт Анетэ мурадрэ хъуэ­псапIэу иIэр къехъулIэну, уна­гъуэ насыпрэ бын гуфIэгъуэрэ щымыщIэу куэдрэ узыншэу псэуну ди гуапэщ. 
 

МАХУЭЛI Беслъэн.
Поделиться: