Махуэшхуэ псоми яхуэдэу Гъатхэпэм и 8-ми езым и тхыдэ иIэжщ нэгъуэщIхэм къащхьэщыкIыу. Абы гъуэгуанэшхуэ къикIуащ. Псори къыщежьар Нью-Йоркщ. Иджыпсту демократиемрэ захуагъэмрэ дуней псор хуэзыущиину хущIэкъу США-м а лъэхъэнэм гуащIэрыпсэухэр щысхьыншэу щагъэпщIылIырт. Псом хуэмыдэу гугъу ирагъэхьыр цIыхубзхэрт. Ауэрэ я гъащIэ хьэлъэр яхуэмыхьыж хъуащ. 1857 гъэм и гъатхэпэм Нью-Йорк и щэкI, вакъэ фабрикэхэм я лэжьакIуэ бзылъхугъэхэу щэхэр уэрамхэм дыхьащ сыхьэт 16 зи кIыхьагъ лэжьэгъуэ махуэмрэ езыхэм я улахуэхэр цIыхухъухэм иратым нэхърэ куэдкIэ зэрынэхъ мащIэмрэ ямыдэу.
ЛIэщIыгъуэ ныкъуэ дэкIа иужь, 1908 гъэм, Нью-Йорк и щэкI зэIущапIэхэм я лэжьакIуэ цIыхубзхэу мин 15-м аргуэру зыкъаIэтащ лэжьэнымкIэ яIэ Iэмалхэр зэрыхьэлъэмкIэ мыарэзыуэ. Ауэрэ американ бзылъхугъэхэм къагъэлъэгъуа щапхъэр цIыху куэд зыхыхьа зэщIэхъееныгъэм хуэкIуащ. Абы и пашэ хъуащ коммунисткэ Цеткин Кларэ. Тхыдэтххэм къызэрыхагъэщымкIэ, абы псэембылэжу иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм и фIыгъэщ ЦIыхубзхэм я махуэр зэрагъэувар.
Ар щхьэ хуагъэза гъатхэпэм и 8-м? 1910 гъэм Социалисткэхэм я ЕтIуанэ дунейпсо конференцу къэрал 17-м я лIыкIуэхэр зыхэтам Цеткин Кларэ къыщыхилъхьащ цIыхубзхэм цIыхухъухэм яхуэдэу хэхыныгъэхэм хэтынымкIэ хуитыныгъэ яIэным, ахэр дамыкъузэным щIэбэныным и махуэ ягъэуву ягъэлъэпIэну. Жэрдэмыр зэIущIэм хэта псоми даIыгъащ.
ЯпэщIыкIэ къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм а махуэр щагъэлъапIэр зэтехуэртэкъым: 1914 гъэм и гъатхэпэм европей къэралхэм я цIыхубзхэр къэуващ къэхъеинкIэ шынагъуэр къэблэгъа зауэр, милитаризмэр ямыдэу. Иджы апхуэдэ Iуэху псори гъатхэпэм и 8-м ирагъэкIуэкIырт, 1857 гъэм лэжьакIуэ бзылъхугъэхэм а махуэм япэу зыкъаIэтауэ зэрыщытар ягу къагъэкIыжу. ЦIыхубзхэм я зэщIэхъееныгъэм жыджэру хэтт Урысейм щыщхэри. 1917 гъэм Петроград щекIуэкIа пэкIухэм, зэхыхьэхэм къалэнышхуэ щагъэзэщIащ цIыхубзхэми. Революцэр текIуа иужь, 1921 гъэм, Гъатхэпэм и 8-р ягъэлъапIэу щIадзащ зи гугъу тщIа пэкIухэм хэта цIыхубзхэр ягу къагъэкIыжу.
1966 гъэм СССР-м Гъатхэпэм и 8-р мылэжьэгъуэ махуэу щагъэуващ. Иджы ар лэжьакIуэхэм я мызакъуэу, цыхубз псоми я зэхуэдэ гуфIэгъуэ хъуащ. Ауэрэ 1975 гъэм ООН-м гъатхэпэм и 8-р ЦIыхубзхэм къэралхэм зэдай махуэу къилъытащ. Абы мыхьэнэшхуэ иIащ: 1979 гъэм къэралхэм я лIыкIуэхэм Iэ традзащ ЦIыхубзхэм я хуитыныгъэхэр гъэлъэхъшэным хуэгъэза лIэужьыгъуэ, псори гъэкIуэдыным теухуа конвенцэм. Абы щыщIэдзауэ гулъытэшхуэ хуащIыжакъым цIыхубзхэр цIыхухъухэм хуитыныгъэхэмкIэ хуагъэдэным - мыхьэнэ иIэжтэкъым. Арати, гъатхэпэм и 8-р цIыхубзхэр щагъэлъапIэ, абыхэм я пщIэр щаIэт махуэм хуэкIуащ.
Мы зэманым ар гуфIэгъуэ ину щагъэлъапIэ къэрал 40-м щIигъум. Пэжу, зэреджэхэри зэтехуэркъым: языныкъуэ щIыналъэхэм ар ягъэлъапIэ Гъатхэм, бзылъхугъэ дахагъэм, унагъуэ лъапIэныгъэхэм я махуэу, адрейхэм нэгъуэщIу. АрщхьэкIэ зэреджэракъым нэхъыщхьэр, атIэ и купщIэрщ. ЖытIэнщи, СССР-р лъэлъэжа иужь совет махуэшхуэ куэд ягъэкIуэдыжами, гъатхэпэм и 8-р къэнащ. Абы къегъэлъагъуэ ди къэралым цIыхубзхэм щыхуащI пщIэр зэрылъагэр.