Дунейм и щIэрэщIэгъуэ, гъащIэм и IэфIыпIэ лъэхъэнэ

Мы гъэм илъэси 110-рэ мэхъу Бзылъхугъэхэм я дунейпсо махуэр гъэлъэпIэныр Урысейм къызэрыщыхалъхьэрэ. Гъатхэпэм и 8-р ди къэралми дунейм и нэгъуэщI щIыпIэхэми щаIэт, цIыхубэм я гум, я псэм къехуэбылIэ махуэшхуэ дахэщ. Дунейм и щIэрэщIэгъуэр, гъащIэм и IэфIыпIэр псоми захригъащIэрэ цIыхубзхэр дапщэщи гулъытэ хэха зэрыхуэныкъуэмрэ ар зэрыхуэщIыпхъэмрэ куэдым ягу къигъэкIыжу апхуэдэщ а махуэр. 

ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм икухэм махуэгъэпсым япэу къыхагъэбелджылыкIа а махуэшхуэм политикэ мыхьэнэ иIами, нобэ ар гуапагъэм, гулъытэм, лъагъуныгъэм я нэщэнэ дахэу аращ. Тхыдэ дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, Урысейм Гъатхэпэм и 8-р япэ дыдэу щыщагъэлъэпIар I9I3 гъэращ. ИужькIэ абы къыщытрагъэзар Совет властыр зэрыуврэ илъэс зыбжанэ дэкIа нэужьщ. I92I гъэм Бзылъхугъэхэм я коммунист конференц иным къыщащта унафэхэм ящыщт Гъатхэпэм и 8-р ди къэралым илъэс къэс щыгъэлъэпIэныр. 
ЦIыхубэм мыхьэнэшхуэ ирату, жылагъуэм Iэтауэ щагъэлъапIэ Гъатхэпэм и 8-р I966 гъэм зыгъэпсэхугъуэ махуэу ягъэувауэ щытащ. Абы теухуа Унафэ щхьэхуэ къищтащ СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым. «ЦIыхубз псоми я махуэ» хъуащ ар икIи иджырей гуфIэгъуэ шыфэлIыфэхэр къищтащ, ипэкIэ иIа политикэ мыхьэнэр щIэкIри. 
Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэми (ООН) гулъытэшхуэ хуещI ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэшхуэр гъэлъэпIэным. Абы и жэрдэмкIэ къэрал куэдым зыбжанэрэ щрагъэкIуэкIащ Бзылъхугъэхэм я илъэс, цIыхубзымрэ абы и унагъуэмрэ я гъащIэр, псэукIэр ирагъэфIэкIуэн мурадкIэ, властыр зыIэщIэлъхэм абы гулъытэ хэха хурагъэщIын папщIэ. 
ЗэрытщIэщи, сыт хуэдэ лъэхъэни цIыхубзым и къалэн нэхъыщхьэ дыдэу щытыр унагъуэм и гупсэу, быным я анэу щытынырщ, абыхэм гъэсэныгъэ екIу яхилъхьэнырщ. Ар бзылъхугъэхэм къахуиуха лъапIэныгъэ инщ икIи къэрал унафэщIхэм абыкIэ сыт и лъэныкъуэкIи зыщIагъакъуэ унэгуащэхэм, анэ быныфIэхэм. Иужьрей лъэхъэнэм ди къэралым гулъытэ хэха щегъуэт анагъэм пщIэ хуэщIыным, унагъуэр гъэбыдэным хуэгъэпса Iуэхухэм. Ар бын зыпI анэхэм ящыщ дэтхэнэми зыхищIащ, псом хуэмыдэу, коронавирус уз зэрыцIалэр къызэрыунэху лъандэрэ блэкIа илъэсхэм. Быныр пIынымкIэ къэрал дэIэпыкъуныгъэ зымыгъуэта зы ани искъым ди хэкум. 
Бзылъхугъэм и зэфIэкIыр, акъылыр иджырей зэманым здынэсар къыпхуэмылъытэным хуэдизу инщ. ГъащIэм и фIыгъуэ нэхъыщхьэ дыдэхэм: жьэгу пащхьэм, анагъэм, быным - епха къалэнхэм къадэкIуэу, иджырей цIыхубзхэр лъоIэсыф икIи хэлъхьэныгъэ ин хуащIыф политикэм, экономикэм, щэнхабзэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ IэнатIэхэм, къулыкъу лъагэхэр ехъулIэныгъэ пылъу зэрахьэф. Ди мащIэкъым унагъуэри лэжьыгъэ IэнатIэри екIуу зэдэзыхь бзылъхугъэ щыпкъэхэр.  
Псэ къабзагъэкIэ, щыпкъагъэкIэ, дахагъэкIэ, гуапагъэкIэ, IэфIыгъэкIэ гъащIэр зыгъэнщI бзылъхугъэ псоми - анэхэм, пхъухэм, шыпхъухэм, щхьэгъусэхэм - дохъуэхъу Гъатхэпэм и 8-мкIэ. Фи щхьэкIэ, фи унагъуэкIэ насып фиIэну, фи хъуэпсапIэхэр нахуапIэ хъуну, фи Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ сыт щыгъуи фи гъусэрэ я гулъытэ фыщымыщIэу фыпсэуну Тхьэм жиIэ! 

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу