Гуащэхужь

ХьэтIохъущокъуэ Беслъэн, пащтыхьым и дзэпщхэм емызэгъ щыхъум, Къэбэрдейр ибгынэри, Псыжь зэпрыкIащ. Абазэхэхэм яхэтIысхьэри, пащтыхьым и дзэм куэдрэ къезэуащ. Абазэхэхэм илъэсищкIэ ядэзэуауэ, Беслъэн Уарп деж тIысащ, бгым къикIыжри. 
Абы къекIуэлIэжащ Беслъэн и шынэхъыщIэри — ХьэтIохъущокъуэ Мысост. ЗэшитIым къуэ зырыз яIэт — Аслъэнджэрийрэ Адэлджэрийрэ. Аслъэнджэрий щIалэ хъыжьэт, IэщакIуэт, абрэдж пашэт. Адэлджэрий лIыгъэкIэ къыкIэрыхуртэкъым абы, нэхъ Iэсэми. Беслъэнрэ Мысострэ Уарп деж тIысыжауэ, беслъэнеипщ Къаныкъуэ Айтэч и шыпхъум, ГуащэхужькIэ зэджэм, и цIэр Iуащ. Аслъэнджэрии Адэлджэрии лъыхъуащ Айтэч и шыпхъу цIэрыIуэм. Гуащэхужь Мысост и къуэ Адэлджэрий дэкIуэсащ. Ар игу техуакъым Аслъэнджэрий: и адэ къуэшри абы и къуэри бий ищIащ.
Аслъэнджэрий бий къыщыхуэхъум, Адэлджэрий бгым ихьэжащ. Адэлджэрийрэ Гуащэхужьрэ къыщыIэрымыхьэм, Аслъэнджэрий и адэ къуэшыр, Мысост, иукIащ. Ар къызэрыхуэмыгъунур ищIэрти, абрэджу хыхьэжащ.
Зыкъом дэкIауэ, бгым щызэрихьэлIэжащ Аслъэнджэрийрэ Адэлджэрийрэ. Абазэхэхэм ядакъым зэшитIыр зэрагъэукIыжын: хагъэзыхьри, зрагъэкIужащ. ЗэрагъэкIужа щхьэкIэ, тIуми ягу зэхуэплъырт. Илъ зэрищIэжын Iэмал хуекIуэри, Адэлджэрий бгым къикIыжащ, урыс дзэпщым екIужауэ фэ зытригъауэри, Уарп деж тIысыжащ. Аслъэнджэрий зэрыабрэджт, шу гуп зыщIигъуурэ, Псыжь зэпрыкIырти, зекIуэрт. ЗекIуэ ежьауэ къыщыкIэлъыпхъэркIэ, Аслъэнджэрий и къуэшым деж зыщигъэпщкIурти, пхъэрыр зыщхьэщигъэкIырт: урыс дзэпщым екIужауэ зигъэIуати, Адэлджэрий шэч къыхуащIынутэкъым. Апхуэдэурэ зригъасэщ, игъэбэлэрыгъри, Адэлджэрий илъ ищIэжащ: Аслъэнджэрийр иукIри, бгым ихьэжащ.
Хъыбарым зи цIэ къыхэщ пщыхэр Кавказ зауэм щыцIэрыIуэщ. Генерал Ермоловым Къэбэрдейр зэтрикъута нэужь, ХьэтIохъущокъуэ Беслъэнрэ Мысострэ хэкур ябгынэн хуей хъуащ — Псыжь зэпрыкIащ. Ар къыщыхъуар 1825 гъэм иужькIэщ. ЗэшитIым я къуэхэр — Аслъэнджэрийрэ Адэлджэрийрэ — Къаныкъуэ Айтэч и шыпхъу цIэрыIуэм, Гуащэхужь, щрихьэлIар Беслъэнейрщ. Беслъэнеипщым и шыпхъур апхуэдизкIэ цIэрыIуэти, ди зэманым къэсащ абы теIукIа псэлъафэр: «Къаныкъуэ Гуащэхужь умыхъуамэ, узэрыпагэр сыт?».

 

Поделиться: