Пащтыхьым папщIэ «къамэ»

Николай Езанэр Лермонтовым щIыщышынэн щхьэусыгъуэ щыIа? Пащтыхьымрэ прапорщикымрэ: а тIум шурэ лъэсрэ я зэхуакут. Ауэ Лермонтовым хуэдэ прапорщикхэрщ 1825 гъэм и кIэухым пащтыхьыр тезыдз пэтар. Лермонтовыр «зэманым и лIыхъужьхэм» ящыщ зыт. Ар фIыуэ ялъагъурт, абы дэплъейрт жылагъуэм щыщ либералхэр. Ахэр хьэзырт пащтыхьыгъуэм пэщIэувэну, ахэрщ къызыхэкIар Герцен, Чернышевскэ хуэдэхэр, «народовольцы» жыхуаIэхэр. 
Пащтыхьыгъуэм и лъабжьэр зыгъэсысын Iуэху Лермонтовым къылъыкъуэкIынкIэ зыхуэIуа щыIэтэкъым. Пушкиныр-щэ? Ар сыт хуэдэ гупми тынш дыдэу яхэзагъэрт, ауэ абыхэм я пашэ, я гъуазэ хъуртэкъым. Уеблэмэ декабристхэм ар зыхашэн ядауэ щытакъым, сэбэпынагъыу къыпыкIынышхуэ зэрыщымыIэр, и зэчийм зэран хуэхъункIэ зэрыхъунур къагурыIуэри. Лермонтовыр фIыуэ зымылъагъу куэд щыIэт, ауэ и ныбжьэгъу гупым е и гупсысэхэр къыдэзыIыгъхэм яхэхуамэ, арат я пашэр. Iуэху кърахьэжьэхэм я зэхэублакIуэт. Абы и щапхъэу къэпхь хъунущ мыр: гвардием и прапорщикхэр щагъэхьэзыр школым щIэсу, ар яхэтащ «дедовщина»-кIэ зэджэр къэзыгупсысахэм. КъимыдэкIэ, Кавказым щекIуэкIа зауэм щигъэлъэгъуа лIыгъэм абы и пщIэр хуабжьу иIэтащ. Абы нэмыщIыжкIэ, Кавказым ныбжьэгъу щыхуэхъуащ декабристхэу Одоевский Александррэ Лорер Николайрэ. Апхуэдэу зригъэцIыхуащ декабристхэу Лихаревыр, Назимовыр, Нарышкиныр. Псом хуэмыдэу Михаил псэкIэ гъунэгъу хуэхъуат дохутыр Майер, «Ди зэманым и лIыхъужь» романым хэт дохутыр Вернер и образыр къызытрищIыкIар. Ар декабристтэкъым, ауэ абы и ныбжьэгъу пэжу щытат Кавказым къагъэкIуа тхакIуэ Бестужев-Марлинский Александр, бгырысхэм езауэу I837 гъэм Адлер деж щыхэкIуэдар. УсакIуэр декабристхэм зэрахущытар уи нэгу къыщIегъэхьэ Назимовым и гукъэкIыжхэм: «Лермонтовыр щIэх-щIэхыурэ къыщIыхьэрт ди деж икIи социально-политикэ Iуэхугъуэхэм зэреплъым фIэфIу тепсэлъыхьырт. Пэжыр жысIэнщи, ди гупсысэр щIагъуэу зэтехуэртэкъым. Дэ къыдгурыIуэртэкъым абы и псалъэхэм ящIэлъ щIагъыбзэр. Ауэ поэзием и гугъу щищIкIэ, и дамэ лъэщхэмкIэ уафэм щыхуарзэт. Правительствэм къищта языныкъуэ унафэхэм, дэ тфIэкъабылхэм, дызыщIэхъуэпсу щытахэм, ар тецIыбыхьырт. ЗыгуэркIэ деупщIамэ, жэуап къыдитыжыртэкъым е гушыIэкIэ, ауанкIэ къытфIэкIырт». 
Декабристхэм я Iуэху еплъыкIэр ядиIыгъми, Лермонтовыр ахэр мащIэу Iумпэм щIищIын щхьэусыгъуэ иIэт. Сыту жыпIэмэ, абыхэм зыIэщIагъэкIат текIуэныгъэр, пащтыхьыр яукIыну яIа мурадым епцIыжхэри. Езыр яхэтамэ, къикIуэтыжыну къыщIэкIынтэкъым. Абы, уеблэмэ, иIэщ усэ, «Къамэ» фIищауэ. Абы щIагъыбзэкIэ щыжеIэ захуагъэм гъуэгу игъуэтын папщIэ ар къигъэсэбэпыну зэрыхьэзырыр. УсакIуэхэм къалъытэ къамэр пащтыхьыр зэраукI Iэщэм и нэщэнэу. 
Декабристхэм нэмыщI Лермонтовым иIэт и гупсысэхэмкIэ зыдэгуашэ нэгъуэщI цIыхугъэ зыкъоми. 1838-1839 гъэхэм ар яхэтащ «ЦIыху 16»-кIэ зэджэ гупым. Пщыхьэщхьэшхэ нэужьым ахэр зэхуэсырти, тутыныр щIашу, зыми щымышынэу, хуиту тепсэлъыхьырт махуэр зэрагъэкIуами ихъуреягъкIэ къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэми. ПщIэнтэкъым ещанэ отделенэ (политикэ IуэхукIэ лей жызыIэхэм щэхуу якIэлъыплъ-якIэщIэдэIухьхэр) щыIэуи. А гупым хэт щIалэхэм ящыщ зыбжанэ иужьым цIыхушхуэ хъуахэщ: Валуев Петррэ Шувалов Андрейрэ Александр ЕтIуанэм и пащтыхьыгъуэ лъэхъэнэм къулыкъушхуэ яIыгъащ, Паскевич Федор фельдмаршал цIэрыIуэм и къуэт. Адэ цIэрыIуэхэр зи щIыбагъ къыдэт апхуэдэ щIалэгъуалэр Лермонтовым зэригъэныбжьэгъур пащтыхьым фIэфIынт?
Секундант хьэмэрэ щIэпхъаджащIэ?
Пэжщ нэгум къыщIэгъэхьэгъуейщ «Лермонтовыр лъэныкъуэ егъэзын хуейщ» жиIэу пащтыхьым унафэ ищIауэ. Ауэ абы усакIуэр къызэрыIэщIэужэгъуар зыгуэрым IуридзагъэнкIэ мэхъу. Апхуэдэу жимыIэгъаххэнкIи хъунщ, сыту жыпIэмэ, Николай Езанэм унафэ ищIат зауэр нэхъ гуащIэу щекIуэкI щIыпIэхэм Михаил пэIэщIэ ямыщIыну, лъэныкъуитIыр щызэпэщIэувэ зэхэуэ нэхъ псэзэпылъхьэпIэхэм ягъэкIуэну. АбыкIэ пащтыхьым и мурадыр гурыIуэгъуэтэкъэ? Ауэ бгырыс Iэщэр, бгырыс фочышэр Лермонтовым къытехуэртэкъым. 
Иджы девгъэплъыт 1841 гъэм бадзэуэгъуэ мазэм и 15-м Мэшыкъуэ Iуащхьэм къыщыхъуа нэщхъеягъуэм хэтахэм, дэлэлу щытахэм. Мартынов Николай отставкэм щыIэ майорщ, Лермонтовымрэ абырэ зэщIыгъуу юнкер школыр къаухащ. УсакIуэр абы щIакIуэ кIапэ щIриджар езым теухуауэ Клингенберг Эмилие жриIа ауаныщI псалъэхэрщ. А махуэм абыхэм ящIыгъуахэм ящыщ зыми и пщIыхьэпIэ къыхэхуэртэкъым а тIур зэщыхьэну. Мартыновым Лермонтовым щIакIуэ кIапэ дытеувэну мурад щIищIар гупыр зыщIэс унэм къыщIэкIыжу усакIуэр лъэныкъуэкIэ Iуиша нэужьщ. ИтIанэщ щыхьэтхэр къыщыхахыр. 
КъыкIэлъыкIуэнущ. 

Поделиться:

Читать также: