ЛыцIыкIулыбжьэ![]() Былымыл е танэл лыпцIэр ятхьэщIри, ягъэгъущыж. Грамми 8 - 10 хъууэ зэпаупщI, шыуаным иралъхьэ, шыгъу хадзэ, псы щIыIэ щIакIэ, и щхьэр тепIауэ, мафIэ мыиным тету псыр щIэвэщIэху ягъавэ. Лыр щабэ мыхъуауэ псыр щIэващIэмэ, псывэ тIэкIу щIакIэри, хьэзыр хъуху мафIэм трагъэт. Псыр щIэвэщIа нэужь, лым тхъу халъхьэри, зэIащIэурэ дакъикъи 10 - 12-кIэ ягъажьэ. ИужькIэ бжьыныщхьэ упщIэта, шыбжий сыр хьэжа халъхьэ. А псори зэIащIэурэ дакъикъи 8 - 10-кIэ мафIэ цIыкIукIэ ягъажьэ, итIанэ псывэ тIэкIу щIакIэ, шыуаныщхьэр трапIэжри, дакъикъэ 1 - 2-кIэ ягъэбэкхъ. Хьэзыр хъуа лыр пщтыру Iэнэм трагъэувэ. ПIастэ и гъусэу яшх. ЩIакхъуи, мырамыси, чыржыни докIу. Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ):
Поделиться:
Читать также:
10.07.2026 - 14:30 →
Зи макъыр гуакIуэ
10.07.2026 - 13:09 →
Псыпэ дахэ
10.07.2026 - 13:06 →
Адыгэ щэнхабзэм и уардэунэм къыщIоIукI и макъ
09.07.2026 - 13:10 →
Щыпкъагъэм и щапхъэ
09.07.2026 - 11:59 →
Адыгэ къэкIыгъэцIэхэр
| ||





