Емызэшу и зэфIэкIым хегъахъуэ Дзэ дохутыр Къамбий Лианэ зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI, гукIи псэкIи и IэнатIэм етауэ лажьэ цIыху емызэшщ. И IэщIагъэм щытепсэлъыхькIэ, и клиникэм щекIуэкI лэжьыгъэр уи нэгу щыщIэкIкIэ, умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым а бзылъхугъэ цIыкIум хузэфIэкIыр зыхуэдизыр. Сабийхэмрэ балигъхэмрэ уазэреIэзэр зэбгъапщэмэ…- Япэ илъэсиблым балигъхэращ сызэIэзар. Сыздэлажьэм, гъунэгъу пэшхэм къыщIэIукIыу куэдрэ зэхэсхырт сабийхэм я гъы макъ. Ар си гум щIыхьэрт, цIыкIухэри сфIэгуэныхь хъурт. Хуэм-хуэмурэ сегупсысу щIэздзащ сабийхэм ар къатемыхьэлъэу пщIы зэрыхъунум. Си деж къакIуэ балигъхэри къызэлъэIурт я сабийхэм я дзэхэм сеплъыну. Пэжыр жысIэнщи, сабий стоматологием езым и щхьэхуэныгъэхэр иIэжщ, сэ а псоми сыщыгъуазэтэкъым. Ауэ, сытегушхуэри, абы сыхуеджэжащ, си Iэзагъэм Москва, Санкт-Петербург дэт стоматологие IуэхущIапIэхэм щыхэзгъэхъуащ, апхуэдэу а унэтIыныгъэмкIэ нэгъуэщI щIыпIэхэм къикIыурэ ди деж къакIуэ IэщIагъэлIхэм ирагъэкIуэкI зэхыхьэхэм сыщыIащ. А зэманым Республикэ стоматологие центрым къыдэкIуэу уней клиникэми сыщыIэти, абы сабийхэм еIэзэн къыщыщIэздзащ. ЗанщIэу къызгурыIуащ цIыкIухэр телевизоркIэ тебгъэу зэрыхъунур икIи ар сыщылажьэ пэшым щIэзгъэуващ. НэгъуэщI бгъэдыхьэкIэ гъэщIэгъуэнхэри къызогъэсэбэп. Ахэр мышынэу, узыр зыхамыщIэу сазэреIэзэным теухуауэ сытым дежи зы щIэ гуэр къэслъыхъуэу апхуэдэщ. Пэжщ, япэхэм гугъу сехьащ, сызэреIэзэнур сщIэ щхьэкIэ, сабий психологием зыри хэсщIыкIыртэкъым. Си ныбжьэгъу сабий стоматологыр къыщезджи къысхуаша цIыкIум сызыбгъэдигъэхьэну зыкIи сыщыхэмызагъи къэхъуащ. Адэ-анэхэри, езыхэм къагурымыIуэжу, зыкъомкIэ зэран хъурт. ИужькIэ сабийхэр я закъуэу пэшым къыщIэсшэу щIэздзащ. Адэ-анэр я гъусэмэ, загъафIэ, къынтIэшынтIэ мэхъу. Дзэм зэрыкIэлъыплъынум теухуа чэнджэщхэр- Адэ-анэхэм сабийр стоматологым деж яшэу щIадзэн хуейщ илъэсищым щегъэжьауэ. Iэмал имыIэу къеузын хуейуэ аракъым, атIэ абыхэм я щытыкIэр зрагъэщIэн папщIэ. Нэхъыбэм сабийщ, Iухунурэ къэкIыжынущ, жаIэурэ дзэхэр ягъэкIуэд. Илъэсищ ныбжьым нэмысауэ зи дзэ къеузу къытхуашэ цIыкIухэм, ди жагъуэ зэрыхъунщи, наркоз иумыту уеIэзэфынукъым. Сабий кIийм, темыпыIэм тэмэму зыри хуэпщIэфынукъым, аращи, куэд дэмыкIыу аргуэру узым зыкъригъэщIэнущ. Щынэдзэ цIыкIухэм доIэзэ, апхуэдэурэ адэ-анэхэри сабийхэри худогъэхьэзыр адэкIи дзэхэм гулъытэ хуащIын зэрыхуейм. Сабийм зы дзэ фIэкIа Iумытми, гъэкъэбзэн хуейщ. УIэгъэпхыр псыф фщIыи, абыкIэ флъэщI яжызоIэ. Сабийм и дзэр пасэу «кIуэдыныр» сыт къызыхэкIыр?! Нэхъыбэу ар зэлъытар IэфIыкIэ куэдыIуэ зэрашхырщ. ИужькIэ езы цIыкIухэри адэ-анэхэри гугъу йохьыж. Сэ сытым дежи яжызоIэ: «IэфIыкIэм тевгъэкIуадэ ахъшэр сабийм и зыужьыныгъэм хэфлъхьэ». Стоматологым и лэжьыгъэм щынэхъыщхьэр- Дохутырым къабзагъэр япэ иригъэщын хуейщ. Сэ абы мыхьэнэшхуэ изот. ЗыгуэркIэ дзэм тэмэму уемыIэзэфами, хэкIыпIэ къыхуэбгъуэтыжыфынущ. Зы фIей гуэр Iэпкълъэпкъым хахьэмэ, узыншагъэр пхузэтегъэувэжынукъым. Абы и лъэныкъуэкIэ ди медсестрахэм ткIийуэ сахущытщ, дохутырхэми яжызоIэ темыплъэкъукIыну.
Поделиться:
Читать также:
11.12.2023 - 13:38 →
Дыгъэ бзийм и уасэр
11.12.2023 - 13:30 →
Фи щхьэцыр икIмэ
11.12.2023 - 11:33 →
Япэрей кофер щыIэжкъым
10.12.2023 - 13:44 →
Зы цIыху ныбжь 85 гъуэгуанэ
10.12.2023 - 12:00 →
«Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхьэIухуд-2023»
|