Узыфэр жьыгъэ-щIагъэкIэ зэщхьэщыгъэкIакъым

Дохутыр-ревматологым и къалэным, ревматизм узыфэр зищIысым, абы и нэщэнэхэм, зэрызыщыпхъумэнум и гугъу къытхуищIащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Тау Мадинэ.

Дохутыр-ревматологыр, псом япэрауэ,  къупщэ зэрытыпIэхэм, хуэ кIапэхэм, лыпцIэналъэхэм епха узыфэхэр зыпкърытырщ зэIэзэр. Ахэр куэду зэщхьэщокIыж, медицинэ фIэщыгъэ щхьэхуэхэр яIэжу. Абыхэм яхэтщ уз шынагъуэ дыдэхэр, зэрыIэпкълъэпкъыу зэщIиубыдэу.

Нэхъыбэу ди цIыхухэр зыгъэтхьэусыхэр сыт хуэдэхэра жыпIэмэ,  ревматоиднэ артрит, Бехтеревым и узыфэхэрщ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, куэдрэ дрихьэлIэ хъуащ абыхэм. Иужьрейр узыфэ хьэлъэщ, шынагъуэщи, ар тыншу къахуэхутэркъым. ЗищIысыр къахуэмыщIэурэ цIыхум и тхыр Iушэ мэхъу, «ЛъэIуакIуэм и щытыкIэ»  («Поза просителя») жаIэ абы щхьэкIэ.  А цIэ лейми къегъэлъагъуэ ар зыхуэдэр. Узыр хэтIэса нэужь, операци пхуэщIыжынукъым, стIолым тегъуэлъхьэфынукъыми.

ЦIыхум и къупщэ зэрытыпIэхэр, лыпцIэналъэхэр щIэх-щIэхыурэ, зэуэ къыхэлъадэу узмэ, ахэр бэгмэ, плъыжь хъумэ, абы температурэ лъагэ къритыжмэ, и щIыфэр къищэщмэ, и щхьэцыр икIмэ, и тхым тэмэму зримыгъэгъэхъеймэ, и Iэпхъуамбэ-лъэпхъуамбэхэм я теплъэм зихъуэжамэ, зимыгъэгувэу дохутыр зригъэплъын хуейщ. Дохутырхэр сэбэп зыхуэхъуфынур узыр хэмытIасэ щIыкIэ абы япэщIэхуэрщ.

Ревматизмэр жьы хъуахэм я узыфэу куэдым къащохъу. ИщхьэкIэ зэрыщыжытIащи, ревматизм узыфэхэр лIэужьыгъуэ зыбжанэу зэщхьэщокI. Ревматоидный артритыр сыт хуэдэ ныбжьым итми иIэнкIэ мэхъу.  «Системная красная волчанка» узыфэм цIыхубз щIалэ дыдэхэр еубыд.  Остеоартрозыр жьы хъуахэм яхуэлъэщ, «подагра» узыр нэхъыбэу зэузыр цIыхухъухэрщ, илъэс 30-м къыщыщIэдзауэ ар яIэнкIэ мэхъу.  Аращи, мы узыфэр жьыгъэ-щIагъэкIэ зэщхьэщыгъэкIакъым.

Дауэ узыфэм зэрызыщыпхъумэфынур? УзэрызыкIэлъыплъыж елъытакIэ, уи узыншагъэр щыпхузэтеIыгъэ щыIэщ, ауэ къызыхэкIари умыщIэу къыппкърыхьэ узыфэ куэд урохьэлIэ. Медицинэ псалъэкIэ жыпIэмэ, аутоиммуннэкIэ йоджэ абыхэм. Псалъэм папщIэ, артроз е остеоартрит узыфэхэм нэхъ защыпхъумэфынущ. Лъэгуажьэ зэрытыпIэхэм епха узыр нэхъыбэу къызыхэкIыр цIыхум и хьэлъагъырщ. А хьэлъагъыр зытегъэщIа лъакъуэм и зэрытыпIэхэр узу мэхъу, хъыщтыр дешхыкI. Абы папщIэ Iэмал имыIэу хьэлъагъым кIэрыгъэхун хуейщ. «Подагра» узыр Iэпкълъэпкъым и лэжьэкIэм игъуэт зэхъуэкIыныгъэм къыхэкIыу аращи, лыкIэ, фадэкIэ ебгъэлей хъунукъым. 

ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.
Поделиться: