Куэд хуищIащ абы лъэпкъым

Адыгэхэм, зэрытщIэщи, IуэрыIуатэ, щэнхабзэ, гъуазджэ купщIафIэ къадогъуэгурыкIуэ.

Тхыдэр зи лъабжьэ ди хъыбарыжьхэмрэ уэрэдыжьхэмрэ тхузэхуэзыхьэсыжахэм ящыщщ IуэрыIуатэдж, тхакIуэ, драматург, адыгэ щэнхабзэм псэемыблэжу телэжьа КъардэнгъущI Зырамыку. БлэкIа лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм халъхуа а цIыху щэджащэм хузэфIэкIар мащIэкъым, аращ ар ноби цIыхум щIащымыгъупщэр.

Мынэхъ мащIэу уегъэгушхуэ ди адыгэ къуажэхэм ди зэманми зэрыдэсым уэрэдыжьхэр зыщIэж, жызыIэ нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, «Шэджэм псыкъелъэхэр», «ДжэгуакIуэ» (Бахъсэн), «Кавказ» уэрэджыIакIуэ гупхэм хэтхэр, зэман куэд лъандэрэ уэрэдыжьхэр зыгъэзащIэ, Тэрч районым щыщ Шэру Ислъам, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист ХьэхъупащIэ Амырхъан, композитор Щомахуэ Хьэсэнбий, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и уэрэджыIакIуэ Хьэкъул Оксанэ, нэгъуэщIхэри. Лъэпкъ фащэр екIуу ящыгъыу, нартыжьхэм я уэрэдхэр зэпадзыжу зэхэпхыныр куэд и уасэщ.

КъардэнгъущI Зырамыку къытхуигъэна щIэиным и гугъу пщIымэ, лъэпкъ уэрэдыжь щэ бжыгъэхэр зыхуэпхьэсыжыныр, ар цIыхум яIурыплъхьэжыныр лэжьыгъэшхуэтэкъэ?! БлэкIа лIэщIыгъуэм и 70 - 80 гъэхэм КъардэнгъущIым зэхуихьэсыжа уэрэдыжьхэр телевизоркIэ радиокIэ къату щIадзат. Къапщтэмэ, Зырамыку езыр уэрэд жыIэным зэрыхуэIэзэм и фIыщIэкIэ абыхэм я нэхъыбэр цIэрыIуэ ищIыжыфауэ щытащ. Абыхэм ящыщу «Сэрмахуэ», «Къущхьэ Жамбот и уэрэд», «Адыгэ пащтыхьхэм я тхьэусыхафэ», «Айтэч и уэрэд», «ПащIэ Бэчмырзэ и тхьэусыхэ», «Сытхэр си Iэмал», «Борэжь и гъыбзэ», «Си къуэш си пщафIэ» уэрэдыжьхэм, нэгъуэщIхэми нобэ дедэIуэну Iэмал диIэщ.

КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин зы пшыхь гуэрым щыжиIэу зэхэсхат: «ИкъукIэ цIыху гъуэзэджэу щытащ КъардэнгъущI Зырамыку. Абы и лъэпкъым хуищIар зыхуэдизри къэIуэтэгъуейщ. Шэч къытесхьэркъым Зырамыку и цIэр зэрымыкIуэдыжынум, сыту жыпIэмэ и IэщIагъэмкIэ иIа зэчийм къищынэмыщIауэ, абы нэхъ гу пцIанэ, хьэрэмыгъэншэ срихьэлIауэ сэ сщIэжыркъым. ГъащIэ гугъу къигъэщIа жыпIэмэ - къигъэщIащ. ИтIани, къытезгъэзэжынщи, абы хузэфIэкIам хуэдэ мы зэманым зыщIэфын щымыIэу къысщохъу. ЛIыгъэшхуэ хэлът. Лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыжыр КъардэнгъущI Зырамыку хуэдэхэрщ. Апхуэдэу жысIэну сыхуиту къызолъытэ, езыр сцIыхуу, а хьэлыфIхэр абы си щхьэкIэ дэслъэгъуауэ щытащи. Адыгэм и гъуазджэр къэIэтыжа хъуным ехьэлIауэ ар зыхэмылэжьыхьарэ, абы къимытIэщIыжарэ, имытхыжарэ бгъуэтынкъым. Куэд хуищIащ абы ди лъэпкъым».

... Адыгэ уэрэдыжьхэм я купщIэр къыбгурыIуэным, абыхэм яхуэщIыпхъэ гулъытэр зыхуэдэр къэпщIэным куэд хуейкъым - уэрэдыжьхэм езыхэм зыри ягъэпщкIукъым, щIахъумэркъым, пэжыр я щIасэщ. Зырамыку зэхуихьэсыжу къытхуигъэна уэрэдыжьхэр тхылъиплIу къыдэкIауэ щытащ I980 - I99I гъэхэм къриубыдэу. Абыхэм яз си анэм игъэтIылъауэ ди унэм зэрыщIэлъым сэ сыщогуфIыкI.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: