Гъатхэм и бзэр

Уафэм и хэдыкIхэр

 Сыт хуэдизу жьапщэр мылъэщами, уэшхыр мыщIыIами, гур ирамыудами, псэр мыхыщIами, цIыхум дахагъэ къелъыхъуэ. Арагъэнущ ар гъатхэм и хуабагъэм щIыпэплъэр, бзу макъ уэрэдым щIыхишэр, усэбзэу и анэбзэр къыщIилъытэр, уафэр щIыхидыкIыр... 
«Уафэр цIыхум хидыкIыфрэ?» - жызыIи щыIэнщ. Уафэм хъыринэ щращIэфкIэ, дыщэидэ ар пщIынми зыри хэлъкъым. Гъуни нэзи зимыIэ уафэм цIыхупсэхэр къехауэ, хэти псэхэр абы дэкIуеижу жаIэ. Пэжыр хэт ищIэн... НаIуэр зыщ: Тхьэ дыщелъэIукIэ, уафэмкIэ ди щхьэр куэдрэ доIэт. 
Пасэрейми ауэ сытми жиIакъым «уафэр щымыджэмыпцIэу...» УзыIэпызышэ, удэзыхьэх, умыщIэ, телъыджэ куэд уафэм щыболъагъу. Нэхэм ар нэIуасэу ямылъагъуми, щхьэкIэ зыбогъэзахуэ... 
Сыхуейт зигу иуда хъуа дэтхэнэ зыми псэкIэ мытыншхэми налкъут зырыз тыгъэ яхуэсщIыну. Дахагъэ гуэр цIыхум гуэгъу щахуэхъуам деж, абы и дунейм дыгъэпсыр къыхопсэ... 

Тхьэрыкъуэ - Тхьэм и лIыкIуэ

ЦIыху щIагъуэ щыIэу къыщIэкIынкъым тхьэрыкъуэхэр фIыуэ зымылъагъу. Мы къуалэбзу лъэпкъыгъуэр щыдолъагъу мэзхэми, губгъуэхэми, хьэблэ-пщIантIэхэми. 
Адыгэхэм я дежкIэ тхьэрыкъуэр щIалэмрэ хъыджэбзымрэ яку дэлъ лъагъуныгъэ къабзэм и дамыгъэщ. Урыс лъэпкъым тхьэрыкъуэхэр мамырыгъэ гъащIэм и фащэ хуащIащ. Адыгэхэм я нысашэ уэрэдми щIыпIэ щигъуэтащ мы бзум: «Уэредадэ, Къырым тхьэрыкъуэщ, Уэредадэ, тхьэрыкъуэ жьэгъухущ». Мы зэгъэпщэныгъэм къигъэлъагъуэр зыщ: къашэ нысэр тхьэрыкъуэм хуэдэу дахэщ. 
«Тхьэрыкъуэ» жиIэмэ, «Тхьэм и лIыкIуэ» жиIэу аращ. Тхьэ Iэмыр мыбы зэрыхэлъым и щапхъэщ IуэрыIуатэм къыхэщ хышхуэ щIагъым щыпсэу зэшыпхъуищыр «тхьэрыкъуафэхэр ятелъу» зэрыпсэур. Зэшыпхъухэр Нарт Хэкужьым лъэтэрейхэт. ЩIэлъатэм и щхьэусыгъуэр - нарт щауэхэм гу зылърагъэтэн ягугъэу, нартхэм я дыщэ жыгым махуэм къыпыкIэ мыIэрысэ телъыджэ закъуэр ядыгъурт. 
Тхьэрыкъуафэхэр зытелъ пщащэхэм нартхэм гу лъамытэныр Iэмалыншэт. 

Дыщэ кIапэхэр 

Дыкъэзыухъуреихь дунейр дахащэщ! ЩхъуантIагъэм игъэнщIа жыгыщхьэхэр зи хэщIапIэ къуалэбзухэм цIыхупсэхэм уэрэд телъыджэхэр къыхураш. Дыгъэм и гъатхэ бзийхэр джэгу щIыкIэурэ щIылъэм къыхуогуапэ. Арагъэнущ дыщэ кIапэхэр жыгыщхьэ удзыфэхэм моуэ къыхэплъу къыщIыпфIэщIыр. Псори мэгуапэ, мэщыгъэ, мэгъагъэ. 
МащIэу къепщэ жьыми къару къыпхелъхьэ. Псы цIыкIу ежэхым и даущ макъыр и Iэпэпсхэм хешащIэри, уэршэрурэ и псы кIапэр хегъэщI. Налъэ-налъэу зэхэлъ, жылэ-жылэу къызэрыкI гъащIэр жьыгъэу, псыгъэу, дыгъэу къызэрокI, зэгъусэурэ мэбатэ, мэятэ, мэгъагъэ, къытхуотыгъэ. Арагъэнущ дыгъэр гъатхэм нэхъ гуапэу къыщIепсыр, псым щIыхэпсэр, псэр щIэгушхуэр. 

 

МАХУЭЛI Беслъэн.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу