Петербурги адыгэ къафэ къыщофэ

Хабзэр хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэщ зей лъэпкъым зэи къыпхутемыхыну. Ар лIэщIыгъуэкIэрэ зэIэпыпхыфынущ, дэни щызепхьэфынущ икIи узыщыщ лъэпкъыр зэи пIэщIигъэхунукъым. Арагъэнщ, адыгэхэр щыхэхэс къэралхэмрэ щыпсэу къалэхэмрэ я лъэпкъ хабзэм и щыхьэту зы Iуэху гуэр къыщIрахьэжьэр, ансамблхэр къыщIызэрагъэпэщыр, зэхыхьэхэр щIрагъэкIуэкIыр. 
Урысейм и ищхъэрэ щыхьэрым и адыгэ щэнхабзэ хытIыгу цIыкIу хуэдэщ Санкт-Петербург щыIэ «Нарт» сабий ансамблыр. Ар 20I6 гъэм къызэрагъэпэщауэ щытащ. Абы лъандэри Санкт-Петербург дэс лъэпкъхэм я щхьэхуэныгъэхэм ящыщ зы хъуауэ, адыгэ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ къалэшхуэм и утыку къыщрахьэ. 
Ансамблыр къызэгъэпэщыным теухуа жэрдэмыр къыхэзылъхьар Зэубыд Оксанэрэ Чэм Дианэрэщ. Абыхэм я мурад нэхъыщхьэу щытар урысхэм яхэту къэхъу я сабийхэм къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ егъэцIыхунырт, ар я Iэпэгъуу къэгъэхъунырт, къафэу, утыку итыфу егъэсэнырт, къызыхэкIар ящIэжу адыгэ нэс къахэщIыкIынырт. 
Бзылъхугъэхэм акъылэгъу къадэхъун я лъэпкъэгъухэр къагъуэтри, хэт сыткIэ сэбэп хъуфынуми зэхагъэкIащ, къадэIэпыкъуфынухэр кърагъэблэгъащ. Зы илъэс закъуэ дэкIа нэужь, 2017 гъэм и гъатхэпэм къэунэхуащ ансамблыр икIи утыку къихьащ. «Нартыр» хэтащ Санкт- Петербург Кавказым ис лъэпкъхэм я гъуазджэр щагъэлъэгъуа фестиваль иным. 
Иджы илъэси 7 ирокъу ансамблыр къызэрызэрагъэпэщрэ. Ар хэтщ къалэм щрагъэкIуэкI Iуэху нэхъыщхьэхэм, дунейпсо, къалэ зэпеуэхэм мызэ-мытIэу лауреат щыхъуащ. Куэдрэ ирагъэблагъэ Санкт-Петербург ЩэнхабзэмкIэ и комитетым, Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ комитетым, Лъэпкъхэм я унэм къызэрагъэпэщ зэхыхьэхэм. 
Къыхэгъэщыпхъэщ адыгэ къафэмкIэ театрыр къалэм и нэхъ ансамбль щIалэхэм зэращыщыр. Ауэ ар хэмыту ирагъэкIуэкI зэIущIэр мащIэщ, фIыщIэ тхылъу къыхуагъэфащэр бэщ. 
Гупым къыщыфэр сабийхэм я закъуэкъым, атIэ абы балигъхэми зыщагъасэ. КъищынэмыщIауэ, адыгэ, абхъаз, нэгъуэщI кавказ къафэхэм зыхуезыгъэсэну хуейуэ нэгъуэщI лъэпкъ къыхэкIахэри къокIуалIэ. Абы къыхэкIыу, «Нартым» и бжэхэр зэIухащ илъэси 4-м къыщегъэжьауэ жэрдэм зиIэ псом я дежкIи. Хореографхэм дэтхэнэ зыми гулъытэ хэха хуащI, я зэфIэкI елъытакIэ зыщIэхъуэпсым хуагъасэ. 
Ансамблым хэт сабийхэм я адэ-анэхэм я мурадщ я бынхэр Петербург щапIми, адыгэ лъэпкъым къызэрыхэкIар ящIэжу, я хабзэм тету, бзэр ящIэу къагъэхъуну. Абы папщIэ къэфэн щхьэкIэ зэхуэс гупым уахэтынми куэд елъытащ. Адыгэ къафэм и мызакъуэу Санкт-Петербург дэсхэм зы адыгэ Iуэхуи бламыгъэкIыу зэхохьэ: гъатхэпэм и 14-м, Адыгэ тхыбзэм и махуэм, Iуэрытх ятх, Адыгэ ныпым и махуэр ягъэлъапIэ, Адыгхэм я щыгъуэ махуэм зэхохьэ. Сыт хуэдэ Iэмал щыIэми къагъэсэбэп балигъхэм, я сабийхэм бзэр яIурылъу, хабзэ яхэлъу къагъэхъун папщIэ. 
Iуэху гуэр къэхъуамэ, ансамблым и гъусэу утыку къихьэхэм ящыщщ Петербург щыпсэу, Адыгейм щIыхь зиIэ и артисткэ КIыкIэ Софие, «Голос» проектым щытекIуа, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Бэрбэч Аскер, АР-м щIыхь зиIэ и артист Ачмыжь Адэм сымэ, нэгъуэщIхэри. 
«Нартым» зи нэIэ тетхэм ящыщщ Санкт-Петербург щылажьэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Хьэмгъуэгу Беслъэн. Мы Хасэр I993 гъэ лъандэрэ мэлажьэ икIи ищхъэрэ къалащхьэм дэс адыгэр адыгэу къызэтенэн папщIэ лъэкI къигъанэркъым. Аращ щIэблэм я деж къыщегъэжьауэ лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэм дегъэхьэхыным, лъэпкъ щэнхабзэм хуэгъэсэным ерыщу иужь щIитри. 
 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: