Зи унагъуэбжэр хуэзыщIыжынухэр

 Псалъэ жагъуэщ, пэжкъэ? Ахэр зыхужаIэр Тхьэм и ней зыщыхуахэрщ, унэхъуахэрщ. Сыт щыIэ узэкIуэлIэн уимыIэу укъэнэн нэхърэ нэхъыкIэ? Къэблэжьа мылъкукIэ иумыгъэщIами, уэ абы уи гуащIэ хэплъхьащ, теплъэри, и кIуэцIри, пщIантIэри, къегъэщIылIа псэуалъэхэри къызэрекIуным ухущIэкъуу. Иджы, мис, упагъэкI, игъащIэкIэ ущIэмыхьэну.
 Мы зэманым жылагъуэр куэду топсэлъыхь Урысейм Украинэм щригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхар я тегъэщIапIэу, къыхуэдзэлашхэурэ ди къэралым икIыжахэм ягъэIэпхъуэ мыхъуу кърана мылъкум
Языныкъуэхэм яфIэкъабылщ къытрамыхыу ящэну хуит ящIыныр, адрейхэм къагъэув ящэу а дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я унагъуэхэм хуагуэшыну, ещанэхэм къэралым и мылъкум хагъэхьэну. Ар къызыхэкIри гурыIуэгъуэщ: нэхъапэми апхуэдэхэм далъэгъуакъым зыпIа, зыгъэса, лъагапIэм дэзыгъэкIуея я Хэкум гудзакъэ гуэри хуаIэу, иджы зыкъратIащ. Ауэ дэ нобэ зи гугъу фхуэтщIынухэр нэгъуэщIхэр а къамылэжьа фIыгъуэм хэсу ахэр зыIэпыхуахэрщ.
 Иджыблагъэ Къэрал Думэм къыщыхалъхьащ хьэжьвакъэжьышххэм къытраха мылъкур аукционхэм щащэным теухуа хабзэгъэув проект. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, ящэнур ику ит псэупIэм и уасэм нэхърэ хуэдитIкIэ, нэхъыбэкIэ нэхъ лъапIэ унэхэрщ. Апхуэдэхэм псом япэу яхэхуэр мис а лъапсэ дэгъуэхэрщ. Сыт хуэдэ ахэр? Языныкъуэхэм щыгъуазэ фахуэтщIынщ.
Мазаем и 27-м Москва область судым къалащхьэ гъунэм щыIэ Серпухов районым и Iэтащхьэу щыта Шестун Александр,илъэс I5 тезыру тралъхьэу ягъэтIысам, и псэупIэр къытрихащ. КъатитIу зэтет унэ абрагъуэм уи нэхэр пIэпех, апхуэдизкIэ дахэщи ирахьэлIа пкъыгъуэхэр егъэлеяуэ хэплъыхьауэ къыхахащ, ахъшэм емыблэу. Гектар I7 къызэщIэзыубыдэ мэз къепщIэкIащ, ныбжьышхуэ зиIэ псейхэр хэту. IэщIагъэлIхэм къалъытэ ар сом мелуан 200 хуэдиз и уасэу.
ЩIышылэм и 20-м Ставрополь край судым зэрыщытауэ къигъэнэжащ ГИБДД-м мы щIыналъэм щиIэ къудамэм и Iэтащхьэу щыта Сафонов Алексей и мылъкур къытехауэ къэралым етыным теухуа унафэр. Иужьрейм Iэрыхьащ щIы Iыхьэхэр, фэтэрхэр, автомобиль зыкъизыххэр, псори зэхэту сом мелуани I80-рэ я уасэ унэхэр. Абыхэм яхэтщ Сафоновыр Урысей псом цIэрыIуэ щызыщIа «унитаз дыщэр» зыщIэтри (метр зэбгъузэнатIэ 449-рэ мэхъу). Ахэр аукционым сом мелуан 20 щиуасэну къалъытэ.
Судым и унафэкIэ нэгъабэ и кIэм къэралым ей хъуащ «Россельхознадзор»-м и Iэтащхьэм и дэIэпыкъуэгъуу щыта Натаров Дмитрий и мылъкур. Къытрахахэр псори зэхэту сом мелуан 400-м щIигъу я уасэу къыщIэкIащ.
КъулыкъущIэм Красногорск и гъунэгъу Николо-Урюпинэ къуажэм щиIэ унэр сом мелуани I40-м щIигъу и уасэну хуагъэфащэ. Абы метр 200-кIэ фIэкIа пэмыжыжьэ коттеджыр (метр зэбгъузэнатIэ 420-рэ мэхъу) мы зэманым сом мелуани I20-кIэ ящэ.
Япэу зи гугъу тщIа унэми абы и махуэр къыхуэкIуэнущ. КъыщIахыну ахъшэр хуэкъулейсызхэм хуагуэшыну я мурадщ. Абыхэм къадэкIуэу ныбжышхуэ зиIэ сэшхуэхэри сампIалъэм зэрилъу ирагъэкIынущ: ахэр щихъумэрт Сетунь псым и Iуфэм щиIа фэтэрым (метр зэбгъузэнатIэу I88-рэ къызэщIеубыдэ)...  Ари къытрахащ.
 ДэIэпыкъуэгъум зыкъыкIэригъэхуакъым Ставрополь крайм ухуэныгъэмкIэ и министру щыта Васильев Игори. УФ-м и Прокуратурэ нэхъыщхьэм къызэритамкIэ, абы и унэ хужь дахэхэм метр зэбгъузэнатIэ 665-рэ къарокI, икIи уасэу сом мелуани 153-рэ хуагъэувыну я мурадщ.
Захуагъэр зэфIэувэж хуэдэщ. Ауэ адэкIэ-щэ? Мис а аукцион дыдэхэм нэфI-ней щыземыкIуэну пIэрэ? Ахъшэшхуэм зэщIешэ зи жыпхэр зыгъэхуэбэну хуейхэр. Абыхэм зэхащIыхь сыт хуэдэ Iуэхухэри хабзэм ирагъэзэгъэфынущ.
 Коррупцэм пэщIэтынымкIэ, лъэпкъ комитетым и унафэщI Кабанов Кирилл къелъытэ мылъкур зэхэзыдыгъуэхэм, Iулъхьэ къеIызыххэм я бий бэнэныгъэр нэхъ жыжьэ къыщыщIэдзэн хуейуэ.
 -Унэ уардэхэр зэуэ уафэм къехуэхыркъым. Ахэр илъэс бжыгъэкIэ яухуэ. АрщхьэкIэ яухыу щIэтIысхьэжа иужькIэ, зэман дэкIами, зыми игъэщIагъуэркъым: дэнэ ГАИ унафэщIым апхуэдиз ахъшэ къыздрихар? Абы щыгъуэми, якIэлъыкIуэхэр, я жэрэгъухэр, дауи, къулейсызхэркъым, атIэ езыхэм яхуэдэу зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ цIыхухэрщ. КъыщIэхуа иужьщ псоми зыщызыщIапхъуатэр: ар дауэ ухъу!.
Мылъкури, зэрыгурыIуэгъуэщи, зэуэ къаIэрыхьэркъым: сом мелуанхэр пхузэгъэуIунукъым пIалъэ кIэщIым. Ахэр мащIэ-мащIэурэ къэбдыгъун хуейщ зэманышхуэкIэ. АтIэ дэнэ здэщыIэр къэпщытакIуэ-кIэлъыплъакIуэ бжыгъэншэхэр, икIэм-икIэжым хабзэхъумэхэр? (арщхьэкIэ, зэт: езы Сафоновыр, хабзэхъумэтэкъэ?)
Иджыри зы. ЛэжьакIуэ къызэрыгуэкIым: мыващIэм е пхъащIэм зыми Iулъхьэ къыIихыфынукъым. Ар зыхузэфIэкIынур лъэкIыныгъэ зыбгъэдэлъырщ, щхьэтечу жыпIэмэ, къулыкъущIэхэрщ. АпхуэдизкIэ щхьэзыфIэфIщи, абыхэм ищхьэкIэ къикI унафэхэр ямыгъэзащIэми мэхъу. И щхьусыъуэр зыщ: къахуогъу. Псалъэм и хьэтыркIэ, УФ-м и Президент Путин Владимир къигъэуващ дохутырхэм, нэгъуэщI медицинэ лэжьакIуэхэм, я улахуэхэм къадэкIуэу, абыхэм хущIагъухэри иратыну. АрщхьэкIэ ар иджыри щIыналъэ куэдым щагъэзэщIакъым, абы щхьэкIи зыри трагъэкIыркъым.
 Апхуэдэ щымыIэн папщIэ псом япэу къулыкъущIэхэм яхь жэуапыр гъэткIиин хуейщ: къыпхуащIа унафэр умыгъэзащIэмэ, текI! Абы къыдэкIуэу къэпщытэныгъэхэр езыгъэкIуэкIхэри жэуапыншэ хъун хуейкъым.
ИтIанэ унэ уардэхэр лъэхъуэщым и нар гъурхэмкIэ зэзыхъуэкIыну къызыхуихуэхэр щыIэжынукъым е мащIэ дыдэ хъунущ.

Махъшокъуэ Мухьэмэд.
Поделиться: