Лий Аслъэн: «Уэрэдхэр гукIи псэкIи къагъэщIауэ щытын хуейщ»

Хэт и гугъэнт зи сабиигъуэм каратэ спорт лIэужьыгъуэм зыхуэзыгъасэу щыта Лий Аслъэн зэгуэр макъамэм дихьэхыу абы гъащIэ гъусэ хуэхъуну?! Нобэ уэрэджыIакIуэ, композитор, аранжировщик, продюсер цIэрыIуэущ ар зэрацIыхур.
Лий Аслъэн япэщIыкIэ Музыкэ школым фортепианэм щыхуеджащ. Аслъэн нобэ езым и студие иIэжщ, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэми ныбжьыщIэхэми я уэрэдхэр щрагъэтхыу. Езыми уэрэдхэр етх, уэрэджыIакIуэхэм я уэрэдхэр къегъэщIэрэщIэж. Абы и лэжьыгъэм щызэхеухуанэ пасэрей уэрэдхэмрэ иджырей макъамэхэмрэ. АбыкIэ и мурадыр адыгэ макъамэ Iэмэпсымэхэр иджырей зэманым декIуу игъэIунырщ. 
- Лъэпкъ макъамэхэр сыт щыгъуи щIэщыгъуэщ. КъардэнгъущI Зырамыку зэхуихьэсыжу къытхуигъэна дыщэ пхъуантэм лъэпкъым и псэр, къикIуа гъуэгуанэр, Iущагъ куэд зэрыхэлъыр зыхыбощIэ. Абы ящыщ куэд дзапэ уэрэд хъуауэ яIурылъщ. Ермэлыхэм, псалъэм папщIэ, яIэщ дудук макъамэ Iэмэпсымэр. «Гладиатор» фильмым къыщоIу дудукыр, и Гаспарян Джаван еуэу. Дудук Iэмэпсымэр илъэсищэ бжыгъэ хъуауэ щыIэми, а музыкантырщ зи фIыгъэр дуней псом ар зэрыщыIуамрэ къызэрыщацIыхуамрэ. Ди Iэмэпсымэ гъэщIэгъуэнхэми яхуэфащэщ дуней псом къыщедгъэцIыхуну, - жеIэ Аслъэн. 
Лийр япэу утыку къыщихьар I999 гъэрщ, республикэпсо зэпеуэм хэту. Зыхуеджэну IэщIагъэр къыхихын хуей щыхъум, ар куэдрэ мыгупсысэу макъамэр къыхихащ. 
- Ди эстрадэм щIэ куэд къыхыхьащ. Иджырей Iэмэпсымэхэм Iэмал къуат макъ уимыIэми умытхьэкIумафIэми уэрэд жыпIэну. Макъамэращи, хэт емышми етх. Уэрэдым мыхьэнэшхуэ иIэщ, купщIэ щIэлъын хуейщ. Абы гъащIэ иIэн, цIыхухэм ямыужэгъуу едэIуэн папщIэ ар гукIи псэкIи къагъэщIауэ щытын хуейщ. Псэ зыхэлъ уэрэдхэрщ цIыхубэм япхъуатэр, - жеIэ Лий Аслъэн. – Зэман къэс езыр-езыру къыхахыж зэдэIуэну уэрэдхэр, ауэ илъэс бжыгъэ куэдкIэ зэфIаха лэжьыгъэхэр лъэныкъуэ ебгъэзыныр къезгъэкIуркъым. ХьэIупэ ДжэбрэIилрэ Жырыкъ Зауррэ композитор Iэзэхэщ. Къардэн Хьэсэн фIым я фIыжхэм, щапхъэхэм ящыщт. Адыгэ уэрэдхэр къэбгъэщIэрэщIэжу ебгъэфIакIуэ, и гъащIэм хэбгъахъуэ хъунущ, и пкъыр умыгъэкIуэду. Лъэпкъ щэнхабзэм, уэрэдхэм, макъамэхэм уахуэсакъын, пхъумэн хуейщ, бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ яхуиIэу. НэхъыфI пхуэмыщIынумэ, лъэпкъым и дыщэ пхъуантэм удэмыIэбэм нэхъыфIщ.
«Лъэпкъ проект» зыфIища, щIэупщIэшхуэ зиIэ и дискым илъэсрэ ныкъуэкIэ елэжьащ Лийр. Ар щIэщыгъуэ щIэхъуар адыгэ цIыхубэ макъамэр, лъэпкъ Iэмэпсымэхэр, нарт хъыбархэр зэрызэхиухуэнарщ. Абы щыщ «Бэдынокъуэ», «Iэдииху», «Сэрмахуэ», «Абхъаз уэрэд», нэгъуэщIхэри ныбжьыщIэхэми балигъхэми яхуэгъэзащ. Лъэпкъ уэрэдхэр щызэхуихьэса а дискым Аслъэн тригъэтхащ вагъуэ I2-мрэ шабзищымрэ зытет адыгэ ныпыр, дуней псом щипхъа адыгэхэм и лэжьыгъэр тыгъэ зэрахуищIыр щIыгъуу. Лийм къызэрилъытэмкIэ, укъызыхэкIар плъытэу, щIэблэр уи хабзэхэм щIэппIыкIыу упсэун хуейщ. 
- Олимп джэгухэм я чемпионхэр, актёр, композитор, музыкант цIэрыIуэхэр гъунэжу диIэщ. ЩIалэгъуалэм абыхэм щапхъэ трахмэ, хьэрычэтыщIэхэм зэфIэкI зиIэ щIэблэр ягъэкIуатэмэ, ди щэнхабзэм зедгъэужьыну Iэмал диIэщ, - жеIэ Лийм. – ЩIалэгъуалэр нобэ тхыдэм, къызыхэкIам дихьэх хъуащ. 
Лий Аслъэнрэ и щхьэгъусэ Ирэрэ «Ридадэ» гупыр къызэрагъэпэщауэ ягъэлажьэ. Гупым и цIэр яфIэзыща пшынауэ Лосэн Тимур а цIыкIухэр и пшыхьхэм утыку къыщрешэ. КъыхэщыпыкIа хъыджэбз макъыфIэ цIыкIухэм зэщхьэгъусэхэм щхьэхуэуи пшыхьхэр къыхузэрагъэпэщ. 
Зэман щиIэкIэ, Лий Аслъэн дуней псом щыцIэрыIуэ уэрэджыIакIуэхэм йодаIуэ. Псом хуэмыдэжу дэзыхьэхыр Джексон Майкл и уэрэдхэрщ. Интернетыр IэмалыфIкъэ нэгъуэщI лъэпкъхэм я макъамэ лIэужьыгъуэхэм зыщыхэбгъэгъуэзэнымкIэ. 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: