Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къарэмырзэ Б. С. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм хэгъэхьэным и IуэхукIэ

«Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм я жылагъуэ палатэхэр къызэрагъэпэщыныр, лэжьэныр зытет я зэхуэдэ хабзэхэм я IуэхукIэ» Федерацэ законым и 8-нэ статьямрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 9-нэ статьямрэ япкъ иткIэ унафэ сощI:

1. «Урысейм папщIэ» ЦIыхубэ фронт»Урысейпсо жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и щIыналъэ къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм къызэригъэлъэгъуам ипкъ иткIэ Къарэмырзэ Б. С. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм хэгъэхьэн.
2. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
Налшык къалэ
2023 гъэм гъатхэпэм и 20-м
№25-УГ

Поделиться: