Зыхэлъ холъэт

ЛIы чэф е тутын ефэ щIалэ слъагъуху къызогубзыгъыж, чыш сытесу къы­щызжыхь ныбжьым сыщитам нэхъыжьхэм жаIэу зэхэсхыгъар: «Уей, уи фIэщ хъумэ, мопхуэдэ лIыр чэфу слъэгъуамэ!» - зым жиIэмэ, адрейм «Iэу, ар дауэ, зиуна­гъуэрэ, емыкIукъэ?» - къыпи­дзыжу зэрыщытар.

Мопхуэдэм я къуэр тутын йофэ, жаIамэ, «Е-уей, зэры­нэ­мысыншэ ар, сыту на­сыпыншэ абы и адэр!» хужаIэнт.
Нанэхэр щыуэршэркIэ, «Алы­хьу ин, мобыхэм я пхъур джау­-рым дэкIуамэ!» - зым жиIамэ, мыдрейм «ан-на, и адэ-анэм я щхьэр къыфIихакъэ, дауэ хъу­жыну иджы?!» - жэуапу ириты­жынт. 
Мы фхуэсIуэтэжыну хъыбарри нэхъыжь Iумахуэ Щэрмэт Лёнэ мыгъуэм къызжиIэжыгъат: 
Бэзэр жыжьэ щыIа щIалэ гу­пым ящыщ зым хущIэджэрт (хуэпсалъэрт): «Кхъуэл ишхащ, лIэун, емыкIукъэ ар! Ау-уей, ап­хуэдэ адыгэлI! ЕмыкIукъэ ар?» - жаIэурэ. 
Зы тхьэмадэ щIоупщIэ: «Хэтхэ ящыщ, щIалэхэ, а кхъуэл зышхар?». «Уе, мопхуэдэ лъэпкъым ящыщым».
Ар зэхэзыха лIыжьым и щхьэ хужи­Iэжырт: «Тобэ, тобэ истоф­ри­лэхь! Адыгэм и хьэщIэр быдапIэ исщ. ЛIэужьыр бжьиблкIэ ­мауэ. Зыхэлъ холъэт. Банэ и пIэ банэ къокIэж». 
Къуажэм лъэпкъыу дэсми я тхыдэм ­щыгъуазэт тхьэмадэ гуры­хуэр. Ар ящIэрти, елъэIуащ зэгупсысар яхуиIуэтэжыну.

 Хъыбаррэ тхыдэу 

«А зэманым адыгэхэр мащIэ дыдэ дыхъуат. ДищIхэр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ хъурт. «БогатэкIэ» зэджэм, иджы Зольскэ станицэ хъужам деж, гъунапкъэр къызэпаупщIауэ, къэзакъхэм ди щIыр павыкIыу хъыбар къащыIэ­щIы­хьэм, къуажэпщхэу Ашабэр, Бабыгур, Къуэныр Iуэхур зытетыр зрагъэщIэну шуущу кIуат.
Нэсмэ, шыхэмрэ выхэмрэ пхъэIэщэм щIэщIауэ, еуэ-еIэкIэ адыгэщIым гуоуэгъуищкIэ къихьауэ явэрт. ВакIуэлIхэм якIэ­лъыплъу, IэщэкIэ зэщIэузэда шу зытхухрэ зы тешанкIэрэ зэхэтщ. ТешанкIэм зылI исщ, нэгъуджэр Iулъуи, зыгуэрхэр етх. 
ФIэхъус нэужьым, щIыр щIавэмкIэ щеупщIым, «Урысеиш­хуэм и пащтыхьым и унафэщ!» - къыжраIащ ябгъэдыхьахэм.
«Дэ дымыщIэу, дищI педгъэ­чыркъым. ЗыщIэфкъуи фикI!» - жраIащ кIуахэм.
«Фэ, шэрджэсхэм, фи тхыр Урысейм икъутащ. ДяпэкIэ фхуэтщI фи унафэщ!» - къратыжащ жэуап.
Апхуэдэ псалъэм пэмыплъа ­зауэлIхэр Iэщэм епхъуэным тIэкIущ иIэжар, ерагъыу заIы­гъащ. ТешанкIэм щIыгъу шухэм я фочхэр къагъэпкIакIэт. «Зауэр быублэ щымыхъуным зышыIи, щыхъуным щIэдзэ» жыхуиIэрат Iуэхур зыхуэкIуар. 
КъыздэкIуэжым, Ашабэмрэ Ба­быгумрэ трагъэчыныхь Ха­сэш­хуэ зэхэшауэ щIы Iуэхум унафэ тещIыхьын зэрыхуейм.

Къуэн Исмел и лIыгъэ

И гъусэхэм закъримыгъащIэ щхьэкIэ, Къуэным и лъыр къэп­лъат. Хуегъэнэхыртэкъым мо къэзакъхэм «шэрджэсхэм фи тхыр ткъутащ», зэрыжаIар. ­Къуэныр щхьэкIуэмышэчт. Армырами, шынагъэр зыхищIэну, Iууэну фIэфIт. Езыр сабыр, тэ­макъкIыхь, Iэдэб щхьэкIэ, зэ губжьамэ, щIэх-фэх теужыртэкъым. 
Иужь зыкъригъанэщ, зэIэ­бэкIщ, пыдыным (шы Iэпслъэ­п­сым щыщщ) еIэщ, пичри, шы­ныбэпхыр илъэф хъуащ. Ябгъу­рыхьэжауэ здэкIуэм, и гъусэхэм гу зылъригъэтащ: «Догуэ, догуэ, Исмел, уи шыныбэпхыр елъэф!» щыжаIэм, «Iэу, ар дауэ!?», - имы­щIэ зищIащ.
«Пыдыныр пысщIэжынщи, сыныфщIыхьэжынщ, фынакIуэ фэ!» - яжриIащ.
Епсыхри, епэщэщурэ шухэр ­зэгъуэкI зэрыхъуу, зызэщIикъу­зэщ, и фокIэщIитIыр иузэдщ, и Iэгъуапэм иригъэлъадэри, и жагъуэ къэзыщIахэм я деж игъэ­зэжащ. 
Шу закъуэр, фочи сэшхуи имы­Iыгъыу щахуэкIуэм, «шэрджэсыр къыдэлъэIуну къигъэзэжащ» жаIэри, бэлэрыгъахэщ. 
«ДызэгурывгъаIуэ!» ща­жри­Iэм, пелуаныфэ зытет лIыр къыбгъэдыхьэщ, и шхуэIур иубыдщ, жьэдэуэу еIэри, шыр кIэбдзкIэ ­игъэтIысащ. 
«Iыхьы-хьыI!» фIэкIа жимыIэу, фокIэщIитI Iэгъуапэм илъхэр хьэзырыххэти, зы щхьэхъуми и фоч къигъэпкIэну хунэсатэкъым зэпекъуу я псэр хэкIыу щригъэ­гъуэлъыкIам. 
Шыми лIыми гъуэзыр къащхьэщихыу, вакIуэлIхэм щахэ­лъадэм, «Ей, адыгэ, Тхьэм щхьэ­кIэ, думыукI!» - жаIэурэ къыщелъэIум, «фэ сыт фи лажьэ, ер зи пэ ихьэн хуейр фи унафэщIхэрщ. 
Я ши, я ви, я пхъэIэщи къы­зэщIригъакъуэри, Ашабэхэ кърихулIащ. 
Теуэ-тепкIи къращIэкIащ, ауэ «шхэ» жаIэкIэ, яхуэшхакъым, «ефэ» жаIэкIи, яхуефакъым. «Къафэ» жаIэмэ, къэфащ, «уэрэд жыIэ» жаIэмэ, ядыжи-Iащ. 
ЛIыгъэ зыхэлъыр губжьамэ, теужыху шхэркъым, сышхарэти жи­Iэркъым. Жэщищ-махуищкIэ щы­хьэщIати, жьэрэ Iэрэ зэхуихьакъым. Къежьэжын хуей щыхъум, «къэпхуар гуэш, унафэ тещIыхь» щыжраIэм, «къэсхуар фыфейщ, кърикIуэр сысейщ!» - ар и унафэу къыдэшэсыкIыжащ. 
Исмел къихуа вакIуэлIхэр хуит ящIыжа щхьэкIэ, кIуэжын щамыдэм, щхьэгъусэ ирагъэгъуэ­тахэщ, адыгэ унэцIэ иратыжри, къуажэм хэшыпсыхьыжауэ, но­бэми-ныжэбэми мэбагъуэ. 
Мис абыхэм къатехъукIыжащ «кхъуэл ишхащ» хужыфIэу емыкIу фщIы щIалэр. Ей, адыгэ­бзэкIэ псалъэ псори адыгэ къабзэкъым. Лъэпкърэ къупщхьэрэ щIыжаIэр, лым зихъуэжми, ­къупщхьэр зэрыкъупщхьэу къанэ зэрихабзэрщ. 
Хэку бгынэнымрэ зауэ-банэ кIыхьымрэ мащIэ дищIат. ИкIэм-икIэжым Хасэшхуэ ящIри, унафэ къащтат къапэщIэхуэр, сабийми балигъми, кIэсу къахьри щтапIэ ихьэжауэ къахыхьэхэри къан ящIу, бзэри хабзэри ирагъэщIэну, хэкур бэгъуэжын папщIэ.
АдыгэлI къабзэм и напэр, и щIыхьыр, и хэкур, и пщIэр, и псэр хэкIыху ихъумэнущ. Къы­зэрып­щIэнур и нэмыскIэщ, Iэдэбыгъэу дэплъагъумкIэщ, псэлъэрейкъым, щхьэщытхъукъым. Аркъэи тутыни ефэркъым. Езыр ­хахуэщ, ауэ и лIыгъэр еущэху, ­хуеин мыхъуауи зыкъызэкъуихыркъым. Хабзэ­щIэкъущ, пхъашэкъым. Ауэ щабэкIи уеджэнкъым. 
ЗикI, адыгэ гуэрым емыкIу ­къихьыху, тхьэмадэхэм зи гугъу ящIа къытхэзэрыхьыжахэм согупсысыжри, си пащIэкIэ сыщIогуфIыкI, сигукIи жызоIэ: «Адыгэ­бзэ ищIэ щхьэкIэ, адыгэкъым ар».

 

БАБЫГУЕЙ Сосрыкъуэ.
Поделиться: