IэщIагъэлIхэр ягъэхьэзыр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Егъэджэныгъэ хэха щрагъэгъуэт, фейдэ къегъэщIыным емыпха «Iуащхьэмахуэ» корпоратив университет» IуэхущIапIэм и КIэлъыплъакIуэ советым хэтхэм я япэ зэIущIэр. 

Советым и тхьэмадэу хаха КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ кор­поратив университетым и къалэн нэхъыщхьэр щIыналъэ, къэрал къулыкъущIапIэхэм щылажьэхэм я IэщIагъэм хэгъэхъуэныр зэрыарар. А Iуэхум къэралыр зэрыхуэныкъуэр ЩIы­пIэ самоуправленэхэмкIэ УФ-м и Президентым деж щыIэ советым и зэIущIэм къыщигъэлъэгъуащ Путин Владимир. 
«Iуэхур дызыхуэныкъуэщи, гъуэгу захуэм дызэрытетым шэч хэлъкъым, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. - Абы дызэрыт зэманым къытхуигъэув къалэнхэмрэ мардэщIэхэмрэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым зиужьынымкIэ зыхуэдгъэувыжхэм, къэрал Уна­фэ­щIым ди пщэ кърилъхьэхэм пэлъэщын IэщIагъэлIхэр къыщIигъэкIынущ».
КIэлъыплъакIуэ советым хагъэхьащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и депутатхэр, КъБР-м и Парламентым, Правительствэм хэтхэр, гъэзэщIакIуэ, щIыналъэ къу­лыкъу­щIапIэхэм щыIэхэр, еджапIэ нэхъыщхьэхэм щы­лажьэхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр. «Iуащ­хьэмахуэ» корпоратив университет» IуэхущIапIэм и къызэгъэпэщакIуэщ ­КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэр, КъБР-м ЩIалэгъуа­лэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ Егъэджэныгъэмрэ щIэ­ныгъэмкIэ и министерствэмрэ. 
Советым и зэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и депутатхэу Быф Анатолэ, Геккиев Заур, Родинэ Викторие, Щхьэгуэш Адэлбий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Адиминистрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, Налшык къалэ админист­рацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз, КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу Миронов Николай, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и ректорым и къулыкъур пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Алътуд Юрэ, КъБКъМА-м и ректор Апажэ Аслъэн, «Российское общество «Знание» урысейпсо жылагъуэ къэрал IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Сериков Антон, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэмкIэ и къэрал институтым и ректор Ра­хаев Анатолий, КъБР-м экономикэ зыу­жьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис, абы и япэ къуэдзэ ТIымыжь Хъусен, ­КъБР-м ЗыужьыныгъэмкIэ и корпорацэм и унафэщI Чочаев Ахъмэт.
«Мэшыкъуэ» щIэныгъэ центрым унафэщIхэр зэрыщагъэхьэзыр программэм и гугъу ищIащ Сериков Антон: ««Iуащ­хьэмахуэ» корпоратив университет» проектыр Кавказ Ищхъэ­рэм щыяпэщ. Ар къыщIызэIуахар республикэм уна­фэщI къу­лыкъум пэрытыфынухэр ягъэхьэзырын папщIэщ. Абы папщIэ щIэн хуейхэр убзыхуауэ япэу утыку къизыхьар Къэ­бэр­дей-Балъкъэррат».
Егъэджэныгъэ хэха щрагъэгъуэт, фейдэ къегъэщIыным емып­ха «Iуащхьэмахуэ» корпоратив университет» IуэхущIапIэм и унафэщI Айбазовэ Тамарэ 2023 гъэм зэрылэжьэну яубзыхуа жыпхъэм къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ. «Хэгъэгум зыхуей хуэзэу щылэжьэну унафэщI гуп дгъэхьэзырын папщIэ Iуэхур зыIутыр къэтпщытэн хуейщ», - жиIащ абы. Университетым щеджэнухэр унэтIыныгъэ зыбжанэкIэ ягъэхьэзырынущ. 
УнафэщIым къызэрыхигъэщамкIэ, иджыпсту нэхъыбэу зэлэжьынухэм ящыщщ Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я сабийхэм папщIэ къызэрагъэпэща «ЛIыхъужьхэм я бын­хэр» проектым хэтынухэм защIэгъэкъуэныр. Япэ егъэ­джэ­ныгъэ Iуэхур щекIуэкIынур «Мэшыкъуэ» центрращ, иужькIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэрагъэпэщынущ. 

Поделиться: