«Губгъуэ бгъузэм» блэж Мдзымтэ

Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, Сочэ и Iэгъуэблагъэм щыIэ щIыпIэ телъыджэу иужькIэ «Красная Поляна» зыфIащыжам нэхъапэхэм «Кбаадэ» (Къуэбыдэ) цIэмкIэ еджэу щытащ. Ар зыдэт псыхъуэм, Мдзымтэ къуршыпс уэрыр здежэхым, къыщыщIидзэр Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм дыгъапIэ-къухьэпIэмкIэ гъэза и джабэ нэкIухэрщ.

Абдежырщ зэрытыр хы ФIыцIэ Iуфэм метр мини 2-кIэ елъагэкI щIыпIэр зыгъэдахэ Кардывач, Кардывач Ищхьэ хыжьей цIэрыIуэхэу дунеяплъэхэр куэд щIауэ дэзыхьэххэр.

Псыр хъухъу-щыщу и кIыхьагъкIэ уэрщи, зыдэт къуэм, бгыщхьэхэм уэсыр щыткIуж лъэхъэнэм, махуэм метр зытхух  хуэдизкIэ  зыкъыщеIэт, километр 89-рэ ижа иужьи, Сочэ пэгъунэгъу Адлер къуажэ цIыкIум деж хым щыхолъэдэж.

Аибгэ - Ачишхо шытх бгъунжым и Iэхэлъахэм зэрынэсу, Мдзымтэ зыкъызэщIекъуэжри, узэрыкIэлъыплъыр «зригъэщIэгъуэкI» хуэдэ, нэхъ и лъабжьэIуэкIэ щыIэ Ахъцы жьанэ Iузэвым долъадэ. Абдежыр и IуплъапIэщ «Ахъщты къуэладжэ» зыфIаща уэх екIуэлIапIэншэм икIи шынагъуэм.

Телъыджэр аращи, Мдзымтэ, къуршыщхьэхэм псы къуэпс цIыкIу-цIыкIуурэ ипщэ-къуэкIыпIэмкIэ къыщыщIедзэри ищхъэрэ-къухьэпIэр и гъуазэу, псыхъуащхьэм зыщегъазэ икIи къурш тхыцIэ нэхъыщхьэм дахащэу докIуэкI. Апхуэдэу щIэхъури, дызэреплъымкIэ, географие щIэныгъэм зымащIэ нэхъ мыхъуми хэзыщIыкIхэм я дежкIэ гурыIуэгъуэщ: Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм, и кIыхьагъкIэ дригъуэзэнщи, и нэхъ лъагапIэхэр зыхуэзэр и курых зыфIащарщ, е нэгъуэщIу жытIэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Осетие Ищхъэрэ - Алание хэгъэгухэр здэщыIэрщ. ИкIи, ар дыдэм (Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм), хы ФIыцIэ IуфэмкIэ щекIуэтэкIкIэ, хуегъэзыхыгъуэ зищI зэпытщ, Абхъазымрэ зи гугъу тщIы щIыпIэмрэ я зэпылъыпIэм деж нэхъ псынщIэж зыщищIу.

 АтIэми, а щIыпIэрщ узыщрихьэлIэр псым и ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ зыщызыуфэбгъуа мэз гуэрэн дахэшхуэу а цIэ дыдэр зезыхьэмрэ Мдзымтэ къыхэлъэдэж псы бгъунж нэхъ инхэм ящыщ Ачипсе (Ажэпс), Чвижепсе (ЦIыкIупс, Чэнжыпс) фIэщыгъэхэр зытеIукIахэмрэ.

«Мдзымтэ» и къежьэкIэ

Къуршыпс тепыIэншэм гупсэхугъуэ зэримыIэм гу лъызыта лъахэхутэхэм ящыщ гуэрхэм къалъытащ абы зэреджэр убыхыбзэм хэт псалъэу «къибыргъукI», «къитхъутхъукI» мыхьэнэхэр къызэрыкIым къызэрытехъукIам.

АрщхьэкIэ, илъэс 200 - 250-рэ ипэкIэ мы щIыпIэм зыщызыплъыхьа хамэ зекIуэлIхэм а цIэ дыдэм и зэхэлъыкIэр IупщI къытщащIын мурадкIэ зэхагъэувауэ щыта картэхэм «зэрыщагъэнэIуащи», зи гугъу тщIы псым нэгъуэщI фIэщыгъэхэри (зэщхь хуэдэу къытщыхъуми) иIащ. Псалъэм папщIэ, «Мдзимта», «Миадзимта», «Мезюмта», «Медзюмта».

Иужьрей тхыкIэр щIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм зыхуахьыр абазэ лIакъуэу мы щIыпIэм щыпсэуарщ, урысхэм - «медозюи», адыгэхэм - «мудавей» цIэхэмкIэ, абазэбзэкIэ «уэсым щалъхуа цIыхухэр» мыхьэнэр къикIыу, зэджэу щытарщ. ГъэщIэгъуэныр аращи, а фIэщыгъэр зытеIукIауэ къалъытэр зи гугъу тщIы тIуащIэм дэса ахъцыпсэу (ахчипсоу) абазэ лIакъуэм и закъуэтэкъым, атIэ абы и лъэпкъэгъухэу Псоу, Бзыбэ псыхъуэхэр зи хэщIапIэу къекIуэкIа Аибгъэ, Псхьу жылагъуэхэми а цIэ дыдэр зэрахьащ.

Урыс-Кавказ зауэм и кIэуххэм мы щIыпIэм щыпсэуар абазэхэр арами, мыбдежыр адыгэхэми я зэхэзекIуапIэу зэрыщытар къыхэгъэщыпхъэщ. Абы и щыхьэтщ фIэщыгъэхэм ящыщ куэдым, псалъэм папщIэ, Мдзымтэ хэлъэдэж псы бгъунжхэм ящыщ зыбжанэм зэрахьэ цIэхэмрэ абыхэм я Iэгъуэблагъэм щыIэ щIыпIэхэмрэ зэреджэр. ЖытIам и щапхъэщ Ахъцыпсэу (Ахчипсоу) жылагъуэм я къуажэ нэхъыщхьэм (иджырей Красная Поляна) зэрихьа «Губгъуэ бгъузэ» (Губгой-абгузу) цIэри, зи гугъу тщIы псы къуэпсхэу Чвижепсе (ЦIыкIупс, Чэнжыпс), Пслух (Псыпыху), Пудзикэ (Пыдзэкъуэ) зи фIэщыгъэхэри, езы Мдзымтэ километр зыбжанэкIэ зыблэж Псехако (Псыхьыкъуэ) шытхым зэреджэри, иджырей Эстосадок посёлкэм деж щыса Анчу абазэ къуажэм и цIэри.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: