Зыхуадар дэрати, дэ къытхуэнэжащ![]() Дэнэ щыпсэу адыгэри зыгъэгуфIэн Iуэху къэхъуащ - дуней псор «Черкеска»-кIэ зэджэ ди лъэпкъ фащэр (цIыхухъу цейри, бзылъхугъэ саери) адыгэм дызэрейм и щыхьэт тхылъ иджыблагъэ къытIэрыхьэжащ. «Ар зыхуадар сэрауэ щытми, зэрыКавказу яхуэхъуащ», - МэшбащIэ Исхьэкъ и уэрэдым къыхэщ мы псалъэхэм нэхъ пэжи дэнэ щыбгъуэтын?! XIII лIэщIыгъуэм щегъэжьауэ адыгэхэм къадекIуэкI фащэм ехъуапсэурэ нэгъуэщI лъэпкъ куэдым япкъ иралъхьэри къинауэ, иджы езыхэм ейуэ фIэкIа къалъытэркъым. Лъэпкъым и махуэфIи махуаи дэзыгуэша адыгэ фащэр пкъыр зыгъэдахэ фэилъхьэгъуэ къудейкъым. Ар ди адэжьхэм я Iэужьыр къызытещ щIэин мылъкущ.
Поделиться:
Читать также:
13.07.2026 - 19:17 →
Бай Галинэ и лэжьыгъэхэр
05.07.2026 - 13:00 →
Театр сурэтыщIым и IэдакъэщIэкIхэр
28.06.2026 - 12:00 →
ТхакIуэхэм я щIэнIуатэ
26.06.2026 - 13:00 →
Анэм и гъуапэр пхъум и пщампIэщ
18.06.2026 - 17:00 →
Гуащэ телъыджэхэр зи IэрыкI
| ||






