Щхьэхуитыныгъэ IэфIыщэ

        «…Зауэр щиухауэ къалъытэ 1864 гъэм иужькIи абы ипэ ита лъэхъэнэми хьэкIувхэм куэду къахыхьат щалъхуа щIыналъэр зыбгынэну хуэмейхэмрэ зэман зэхуэмыдэхэм къриубыдэу урысыдзэм къыхэкIуэсыкIыжахэмрэ», - щыгъуазэ дыщыхуещI Васильев Евгений «Экспедиция в землю Хакучей» зыфIища и тхыгъэу «Военный сборник» журналым 1872 гъэм къытехуам.

Куэдым зыхуагъэныкъуами, хуитыныгъэм пащIын зимыIа хэкупсэхэм щIымахуэ уэтIпсытIыр бгылъэ щIыпIэхэм щрахащ. Гу лъытапхъэщ ахэр зи къару илъыгъуэ защIэу зэрызэхэмытами я ини цIыкIуи, жьыи щIэи мэзхэм зэрызэдыщIэсами. ЩIэблэмрэ зи ныбжь хэкIуэтахэмрэ зыхуей хуэгъэзэн зэрыхуейм иригузавэ пэтми, здыдахуа къуэладжэхэм къыдэплъ ямыIэу щIымахуэ псом дагъэса хэкупсэхэм я фэ дэкIар зыхуэдизыр къэIуэтэгъуейщ.

1864 гъэм и бжьыхьэм зи гъавэр Iисраф зэтращIа, зи гъэтIылъыгъэхэр ирагъэсэхэжа, асыхьэтым япщэфIа шхын хуабэ тIэкIу нэгъунэ я жьэ хуахьыну хунамыгъэсу бгы пхъуантэхэм дахуэжа хьэкIувхэм а мазэ зыщыплIым къриубыдэу я джий ехар сыт жыпIэмэ, абы и жэуапми дэфтэрхэм дащрохьэлIэ: «ЩтапIэ ихьэжа бгырысхэм, нэгъуэщI хэкIыпIэ щамыгъуэтыжым, къэкIыгъэ лъабжьэхэмрэ жыглыц зэгъхэмрэ яшхащ».

Адыгэм къращIам теухуауэ дэфтэрхэм дызыщрихьэлIэжхэр гум темыгъэхуэгъуафIэми, нэхъыбэжу дгъэщIагъуэр аракъым. АтIэ, дунейр къызэригъэщIрэ я IэмыщIэм имылъа щIыгур къэзызэуа пащтыхьыдзэм зэхащIыхьахэм языныкъуэ тхыдэтххэм кIэлъатхыжырщ: «Гъатхэр къызэрихьэу хьэкIувхэр къызэрехьэжьэри, зэтредгъэсхьауэ щыта бгырыс къуажэхэм жылапхъэ-Iусыпхъэ хуэдэхэр къыщаулъэпхъэщащ. Жыласэу къаугъуея тIэкIур я щIыгу нэщIхэм трасэри, хы Iуфэм къедгъэтIысэкIа станицэхэми къедыгъуэу щIадзащ».

Зэрагъэмысэм дызригъэгупсысар мыращ: «мыдэ шэрджэсхэм дахъунщIэрт» жаIэ, мэзыжьхэм щIахуэжахэм нэгъуэщI хэкIыпIэ къыхуагъэнэжа хуэдэ?! Апхуэдэу къащIэнакIэ езыхэм сыту пIэрэт ящIэнур, хьэкIувхэр зрагъэува щытыкIэм хуэдэ иту, яшх щIагъуи щымыIэу, мэжэщIалIагъэм зэрихуэ сабийхэмрэ жьы хъуа цIыхухэмрэ я гъусэу, бгы пхъуантэ щIыIэпсхэм дахуэжауэ щытыгъамэ?! Унагъуэхьэ нэгъунэ умыгъашхэу куэд дэбгъэкIмэ, ныбаджагъэм щIехуэри, щакIуэхьэм нэхърэ нэхъ Iеижу Iэгъуэблагъэр къызэхежыхь. КъимыдэкIэ, зэрыпхъуакIуэхэр хьэкIувхэм едыгъуа къудейкъым, атIэ я гъавэр зэтрагъасхьэри, я лъапсэми псы ирагъэжыхьыжащ, зэхэзехуэн ящIри, я щхьэри щIрагъэхьащ.

Ауэ щыхъукIи, Iуэхур абы нэзыхуса езы унафэщIхэри сыт щIемыгупсысар: «Мыхэр бгы уэтIпсытIхэм гугъу дыдэ щедгъэхьащи, дяпэкIэ къыдэмызэуэжмэ, къытлъэмыIэсыж закъуэмэ, я гугъу афIэкIа тщIыжынкъым, дапхуэдэу щытми, псэ яIутщ, дагурыIуэнщи, фIыщэу ялъагъу я хэкум къиднэжынщ, гущIэгъуншэ дыдэу дазэрыхущымытар щIэблэхэм зыхедгъэщIэнщ», – жаIэу. Сыту пIэрэ, атIэ, зэрыпхъуакIуэхэм апхуэдэу щIамыщIар? Абы и жэуапри нэрылъагъуу ди гугъэщ: а лъэхъэнэм ахэр зыхуеяр адыгэ щымыпсэуж адыгэщIырт.

«А псоми къахэкIыу, дэ, урысхэр, хьэкIувхэм аргуэру датеуэн хуей хъуащ, – щитхыжащ  зытепсэлъыхь Iуэхухэр зи нэгу щIэкIа Орехов Иван 1870 гъэм дунейм къытригъэхьа «КъухьэпIэ Кавказым ищхъэрэкIэ гъэза и бгы нэкIухэмкIэ» и тхыгъэ гъэщIэгъуэным. – Дэ, Гуэгуэпс къыщежьэ мывэ жьанэхэм дынэблэгъащ (зи гугъу ищIыр Кавказ тхыцIэм ищхъэрэкIэ къыщежьэ Пщыхьэ псышхуэм сэмэгумкIэ къыщыхэлъадэ и къуэпсхэм ящыщ зыщ). Шытх нэхъыщхьэм узэрытеувэу, уи нэгу къыщIоувэ Гуэгуэпс Пщыхьэ щыхэхуэжым деж къыщылъ щIыналъэри, зи гупэр хы ФIыцIэм хуэгъэза джабэху лъабжьэхэм къыщIэж ХьэкIувыпсрэ (ПсыфIыпс холъэдэж) Ашэрэ я псыщхьэхэр абдежым гъунэгъу зэрыщызэхуэхъури, ахэр тынш дыдэу зэлъэзыгъэIэс-зэлъэзыщIыс лъагъуэ щэху цIыкIухэр адэкIэ-мыдэкIэ зэрыщыщы1эри. Ауэ щыхъукIи, зи зэгуэзыпIэр тенджызым хуэгъэза къуэладжэхэм зыдэзыгъэпщкIухьа бгырысхэр къэзыухъуреихь Iэгъуэблагъэм ерагъыу пхыплъагъукI а щэхурыкIуэ гъуэгу цIыкIухэр къагъэсэбэпурэ шытхышхуэм къытфIыщхьэдэхырти, Псыжь хуэплъэ мэзышхуэхэм я лъапэм щидгъэтIысыкIагъащIэ урыс къуажэхэм къатеуэрт».

1865 гъэм и гъатхэпэм аргуэру дзэ гуп зэхашащ. Абыхэм я унафэщIу ягъэуващ полковник Кузьминскэр. Теуэр здекIуэкIым наIуэ къэхъуащ, урысхэм «закъезымыт» шэрджэсхэм я бжыгъэр унагъуэ мин зытIущым зэрынэблагъэр. Абыхэм зыщагъэбыдар Ашэрэ ПсыфIыпсрэ я тIуащIащхьэхэм къегъэщIылIа щIыпIэ дэгухэрат. 

1865 гъэм мэлыжьыхьым и кIэхэм полковник Кузьминскэм и дзэр Нэужьиишхуэ, Нэужьий ЦIыкIу къуэхэм дэзэрыгуащ. Езы зэрыпхъуакIуэхэр щыхьэт зэрытехъуэжамкIэ, Ашэ и ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ щыIэ тIуащIэ зэщыкъузахэм урысыдзэр абы ипэ зэи дыхьатэкъым.

Теуэм хэтахэм а Iэхэлъахэм къызэрыщаущыхьа махуи 8-м къриубыдэу къуажэ цIыкIу зыбжанэ зэтрагъэсхьащ, абыхэм дэсахэм ящыщу 147-р гъэр ящIащ, Iэщрэ мэлу куэд дыдэ зыIэщIагъэхьащ. Ар зигу темыхуэу къапэщIэува хэкурысхэм хэщIыныгъэ ин ягъуэтащ: хэти яукIащ, хэти уIэгъэ хъуащ. ИтIани, апхуэдиз гукъутэгъуэ зэрырагъэлъэгъуауэ, мэз дэгужьхэр зи хэщIапIэ хэкупсэхэр урысхэм я жыIэ еувэлIатэкъым.

«Апхуэдэу щыхъум, – итщ Васильев Евгений “ХьэкIувхэм иращIэкIа теуэ” и тхыгъэм, – полковник Кузьминскэм нэхъ пхъашэжу щIищыкIын щIидзащ бгырысхэм я щIыналъэр. Къигъэсэбэпари Iэмалу зэсагъэжьхэрщ: гъавэхэр зэтегъэсхьэнымрэ къуажэхэр игъэсэхэжынымрэщ. ЗэпэщIэувэныгъэ гуащIэхэр щекIуэкIар езы хьэкIувхэр зэрыса щIыгум и закъуэкъым, атIэ абы и Iэгъуэблагъэу лъэныкъуитIымкIэ щыIэхэри мафIэ лыгъейм зэщIрагъэщтат.

Кавказ зауэжьыр иухауэ щагъэIуа 1864 гъэм иужькIэ, шапсыгъхэм ящыщу Ашэрэ ПсыфIыпсрэ я тIуащIэхэм къыдэна Нэужьий, Бэчыщей, Зэхэлъашэ лIакъуэхэри Тыркум икIыжыну арэзы зэрыхъуамкIэ урысхэм хъыбар ирагъэщIащ. А Iуэхур абыхэм 1865 гъэм и шыщхьэуIум ягъэзэщIащ.

А псом яужьыжкIэ, пащтыхьыдзэм я жыIэ емыувалIэу лъэпкъ хуэдэу къэплъытэну къызэтенар ХьэкIувыпс, Хьэджыкъуэ, Тэтей, Кхъуэпс, Енэбэплъ псыхъуэ кIэщI цIыкIухэр зи хэщIапIэ езы хьэкIувхэм я закъуэт.

Бжьыхьэр къэмысауэ абыхэм я щIыналъэм уихьэ хъунутэкъым. Къимыдэк1эри, полковник Кузьминскэм и дзэм хэта сэлэтхэм фащэрэ щыIутелъу ящыгъахэр мазищым ящылэжьыкIат, езыхэри гугъуехь мыухыжхэм ирагъэзэшат.

Щхьэхуитыныгъэм пэхъун щымыIэу къэзылъытэ хьэкIувхэм бжьыхьэ зыхуэкIуэм аргуэрыжьу ягъэвын хуейуэ къапэщылът зи гущIэгъуншагъэкIэ адрейхэм зыкIи къакIэрымыху къыкIэлъыкIуэ теуэр...

                                                                                     КЪУМАХУЭ Аслъэн.

 

Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ