Хъыбарым и къарур

                                          Адыгэ хьэщIэщым уихьамэ, дапщэщи зэхэпхынущ хъыбар гъэщIэгъуэн Iэджэ. Апхуэдэ хъыбар зымыщIэ яхэткъым адыгэхэм. Хъыбарыр зыIуатэм шэч къытрихьэркъым ар зэгуэр къэхъуа Iуэхугъуэ гуэрым зэрытеIукIам. ЗыIуатэм елъытауэ, хъыбарыр Iэджэу зэблэхъуауэ зэхэпхынкIэ хъунущ: зыгуэр щIагъуми, зыгуэр кIэрагъэхуми - псори щIокъу хъыбарым и купщIэр зэрахъумэным. ЛIыгъэ, цIыхугъэ, хабзэ зыдалъэгъуа цIыхум и хъыбарыр жылэм хэз мэхъури щIэх ящыгъупщэжыркъым, псоми яIуатэ. Хъыбар куэд дыдэ зыщIэр джэгуакIуэхэрщ: уэрэд жаIамэ, джэгуакIуэхэр абы хъыбаркIэ щыхьэт тохъуэ.

                                                                                   Хъан-Джэрий.

          

                                           Псалъэ пэж

         Зы щIалэ лIыщIакIуэ ежьащ, зы жылэ дыхьэри щIэупщIащ:

         - Хэт сигъэлIыщIэн? - жери.

         - Сэ узгъэщIылIэнщ.

         - Сыт си лIыщIапщIэр? - щIэупщIащ щIалэр.

         - Зы илъэскIэ усхуэлIыщIэмэ, - псалъэ пэжищ бжесIэнщ, - къриухылIащ лIым. - Аращ уи лIыщIапщIэр.

         «Мыр згъэунэхунщ», - жери щIалэр арэзы хъуащ.

         ИлъэскIэ игъэлIыщIэри, пIалъэр къыщысым, лIым къыжриIащ:

         - Уи мыIуэху зумыхуэ  - ар зы псалъэ. Ерыскъы хьэзыр ублэмыкI - ар етIуанэ псалъэ. Псы икIыпIэр умыщIэмэ, псым ухэмыхьэ - ар ещанэ псалъэ. А щым утетмэ, ущIегъуэжынкъым. Ар уи лIыщIапщIэщ, зэгъэзэгъ. Зы ши уэстынщи унэм унихьэсыжынщ.

         Шым къэшэсри, щIалэр къежьэжащ. КъыздэкIуэжым, жэщ къытехъуэри, зы жылэ дыхьащ: «Нэху сыкъыщекIынщ», - жери.

         - Ныжэбэ хэт сигъэхьэщIэн? - жери щIэупщIати:

         - Ди пщым уигъэхьэщIэнщ, - къыжраIащ. - НэгъуэщIым и хьэщIэщ уихьауэ, пщым идэнкъым. СыхьэщIэнщ жыпIэмэ, ди пщым деж екIуалIэ. УщIемыгъуэж закъуэ: пщым уигъэхьэщIэнурэ уиукIыжынущ.

         «Тлъагъункъэ зэрыхъу», - жери щIалэр пщым деж еблэгъащ.

         ХьэщIэщым Iэнэ кърахьэри щIалэм и пащхьэм кърагъэуващ, пщыри къихьэри къыбгъэдэтIысхьащ.

         Пщымрэ щIалэмрэ Iэнэм здыпэрысым, пщым и шыбзыхъуэр хьэщIэщым къихьащ:

         - Ди шыбзыр шыдыгъум яхуащ, - жери.

         Пщым и щхьэр къиIэтакъым. Пщым зыри щыжимыIэм, шыбзыхъуэр хьэщIэщым икIыжащ. ЩIалэми и жьэ зэщIихакъым.

         Шыбзыхъуэр хьэщIэщым икIыжри заул дэкIауэ, пщым и мэлыхъуэр къихьащ:

         - Ди зы мэл хъушэ хьэм яшхащ, - жери.

         Мэлыхъуэми зы псалъэ жриIакъым пщым, и щхьэр къиIэтыххакъым. Мэлыхъуэр хьэщIэщым икIыжащ. Пщым и хьэщIэ щIалэри Iэнэм зэрыпэрысщ: зы псалъэ къахидзэркъым.

         Мэлыхъуэр хьэщIэщым икIыжа нэужь, пщым и зы унэIут хьэщIэщым къыщIэлъэдащ:

         - Ди унэгъуэбжэр хуэтщIыжащ! - жери. Пщым: «Сыт къэхъуар?» жиIэн и гугъащ хьэщIэ щIалэм, арщхьэкIэ пщым бадзэ къытетIысхьауэ къыщыхъуакъым.

         Пщым зыри щыжимыIэм, унэIутыр хьэщIэщым икIыжащ.

         Жэщыр хэкIуэтэху, щIалэм бгъэдэсри, пщыр щIэкIыжащ.

         ЩIалэр нэху щыху езэгъакъым. «Иш зэрахуари, и мэл хъушэ хьэм зэрашхари, я унэгъуэбжэр зэрыхуащIыжари къыфIэIуэхуакъым пщым, - жиIащ щIалэм. - Хьэм и губжьыр кхъуэм трелъхьэ жыхуаIэращ, пщым сыIэщIэкIуэдэнущ».

         Нэху щыри къыщрагъэжьэжым, щIалэр пщым еупщIащ:

         - Уи хьэщIэ ебгъэукIыж уи хабзэу къызжаIащ жылэм сыкъыщыдыхьам. Ныжэбэ уи хьэщIэщ сисащ. СыщIомыгъэукIар къызжеIэ.

         - УщIезмыгъэукIар уи мыIуэху зепхуатэкъыми аращ, - къыжриIащ пщым. - Шыбзыр яхуащ жери шыбзыхъуэр хьэщIэщым нихьащ. Уэ зы псалъи жыпIакъым, уи Iуэху хэлътэкъыми. Шыбзыхъуэм иужькIэ мэлыхъуэр нихьащ, ди мэл хъушэ хьэм ящхащ жери. Абы щыгъуи зы псалъэ жыпIакъым. Ди унэгъуэбжэр хуэтщIыжащ жери унэIутри нихьащ хьэщIэщым - щIыхуэтщыжым ущIэупщIакъым. Уи Iуэху зыхэмылъым уи псалъэ щIыхэплъхьэн щыIэкъым - ар къыптехуэркъым. Зиш яхуар сэращ, сэ шы си мащIэкъым. Хьэм зи мэл яшхар сэращ - мэли си мащIэкъым. Ди унэгъуэбжэр хуэтщIыжамэ, уэ сыт къысхуэпщIэжыфынт? Зи мыIуэху зезыхуэращ псоми хэлIыфIыхьыр: апхуэдэм къыпхуищIэнур мащIэщ, уигъэжэкъуэн фIэкI. Гъуэгу утетмэ, уи гъуэгу ирикIуэ, уи мыIуэхум уи бэлагъ хомыIу. Зи мыIуэху зезыхуэращ сэ езгъэукIыр, - жери пщым щIалэр къригъэжьэжащ, хуэфэщэн къыхуищIэри.

         Къежьэжауэ къыздэкIуэжым, гъуэгум лIы гуп щрихьэлIащ щIалэр. ЛIы гупым я гъуэмылэр тхьэрыкъуэф Iэнэм къытралъхьауэ зэхэсти, щIалэр щыблэкIым ирагъэблэгъащ.

         - СопIащIэ, идакъым щIалэм, сызыгъэлIыщIам и псалъэр згъэунэхунщ жери.

         - УмыпIащIэ, - къыжраIа щхьэкIэ, щIалэр яхуепсыхакъым, лIы гупым къаблэкIри къежьэжащ. КъыздэкIуэжым псы ирихьэлIащ. Псыр къиуауэ, нэри пэри ихьырт. «СызыгъэлIыщIам лIыщIапщIэ къызимытын щхьэкIэ, псалъэ къызжиIэри сыкъиутIыпщыжащ, - жиIащ щIалэм. - Зыш фIэкIа игу пыкIакъым. Псы икIыпIэр умыщIэмэ, псым ухэмыхьэ къызжиIащи, ар згъэунэхунщ, - жери шыр псым хихуащ щIалэм.

         Уунэхъунумэ, куэдрэ: шыр псым итхьэлащ, щIалэр, и ажал къэса хъунтэкъыми, ныджэм къытридзэжащ. Шыр къигъуэтыжри, уанэр къытрихащ, уанэр и дамэм къытрилъхьэри псыхъуэм къыдэкIыжащ:

         - Псалъэм я нэхъ пэжри псыхэкIуадэ мэхъу, зыхуэмыфащэм жепIэмэ, - жери.

 

                            Къэрмокъуэ Хьэмид зэхуихьэсыжа IуэрыIуатэм щыщщ.

        

        

        

        

Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:41 Япон усэ зыбжанэ
18.04.2024 - 10:01 Тхылъ тыкуэным
15.04.2024 - 14:41 Адэм деж письмо
12.04.2024 - 17:57 Сыфхуоупсэ