Кавказ шуудзэм хэта офицерхэмрэ Георгий щихъым и орденым и нагъыщэ псори зыхуагъэфэща адыгэ лIыхъужьхэмрэ

 XVI лIэщIыгъуэм икухэм, адыгэ-урыс зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, ди лъэпкъым къыхэкIа куэдым урысыдзэм къулыкъу щащIэу, Урысей къэралыгъуэр лъэ быдэкIэ увыным я зэфIэкIи я гуащIи халъхьэу щытащ. Абыхэм мымащIэу къахэкIащ къулыкъушхуэ зыIыгъахэр. Апхуэдэхэщ Идар Темрыкъуэ и лIакъуэхэу Сэнджэлей, Къамбулэт сымэ, нэгъуэщIхэри.
Къэзакъ Аслъэн и «Черкесы на российской государственной военной службе. (Середина XVI - начало XX в.)» тхылъым зэрыщыжиIэмкIэ, Идар Темрыкъуэ къытепщIыкIахэм Урысейм къулыкъу хуащIэрт икIи абыхэм Черкасскэ унэцIэр зэрахьэрт. Черкасскэхэр а зэманым нэхъ зэфIэкI зиIа цIыхушхуэхэм ящыщащ, къэралым щызэрахьэ политикэ Iуэху псоми хэлIыфIыхьу, я псалъэм пщIэ иIэу. Абыхэм къахэкIащ дзэзешэ пашэхэр, къэрал лэжьакIуэ пажэхэр, генералиссимус, Правительствэм и унафэщIхэр, губернатор цIэрыIуэхэр.
Къэбэрдеймрэ Джылахъстэнеймрэ щыщ пщы-уэркъхэм я лIыкIуэ нэхъыфIхэр, зауэлI минитху хуэдиз хъур, 1787 - 1788 гъэхэм урыс-тырку зауэм хэтащ. Абыхэм ящыщ куэд дзэзешэ цIэрыIуэ хъуащ.
Урысейм Кавказыр къыщизэу зэманым, 1828 гъэм Петербург къыщызэрагъэпэщ пащтыхьым егъэщIылIа лейб-гвардием и Кавказ-бгырыс эскадрон ныкъуэр. Абы хагъэхьэрт пщы-уэркъхэм я бынхэр. Эскадрон ныкъуэм Iэщэзехьэут къызэращтэр, ауэ япэ илъэситI-щым нэхъ къыхэжаныкIахэм юнкер (урядник), илъэсиплI нэужьым офицер цIэр къыфIащырт. Лейб-гвардиер къежьапIэ зыхуэхъуа адыгэхэм урысыдзэм къулыкъу нэхъыщхьэхэр щызыIэрагъэхьэрт.
Кавказ-бгырыс эскадрон ныкъуэм нэмыщIкIи, XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм къызэрагъэпэщат урыс пащтыхьым и нэIэм щIэт Кавказ-бгырыс шуудзэр. Абы хэта шууейхэмрэ офицерхэмрэ щыIащ Лыхьым (Польшэм), Мэжэрым (Венгрием), Трансильванием, Кърымым щекIуэкIа зауэхэм.
1853 - 1856 гъэхэм Кърымым щекIуэкIа урыс-тырку зауэм щэ бжыгъэкIэ адыгэ шууейхэмрэ офицерхэмрэ шыщхьэмыгъазэу хэтащ. 1877 - 1878 гъэхэм тыркудзэм пэщIэтыну къызэрагъэпэщат Тэрч къэзакъыдзэм и Къэбэрдей-къумыкъу, Къэбэрдей-бгырыс, Псыжь-бгырыс шууей полкхэр.
Урыс-япон зауэм щIидза нэужь, 1904 гъэм и накъыгъэ мазэм адыгэхэр зыхэта Тэрч-Псыжь шууей полкыр къызэрагъэпэщри, КъуэкIыпIэ Жыжьэм ягъэкIуат.
Грозный Иван и зэманым къыщыщIэдзауэ шууейуэ, Iэщэзехьэу, хабзэм и лэжьакIуэу, офицеру дзэм хэтар мин бжыгъэкIэ къабж. Абыхэм я нэхъыбэр зауэхэм хэкIуэдащ, псом я цIэри архивхэм къыхэнакъым. Тхыдэм уриплъэжмэ, идеологие зэмылIэужьыгъуэхэм я зэранкIэ нэмыплъ зратаи, уеблэмэ IэщIыб ящIыжыпаи щыIащ. Ди тхыгъэм зи гугъу щытщIынухэр абыхэм ящыщ зыбжанэщ.
Мы лэжьыгъэр щыдгъэхьэзырым тегъэщIапIэ тщIащ Опрышкэ Олег и Iэдакъэм къыщIэкIа «Кавказская конная дивизия», «По тропам истории», «Бывают странные сближения», Къэзакъ Аслъэн итха «Черкесы на российской государственной и военной службе. (Середина XVI - начало XX в.)», Толстой Илья «Мои воспоминания» зыфIища тхылъхэр. Апхуэдэуи къэдгъэсэбэпащ «Википедия» интернет сайтым ит тхыгъэхэр.

Жанхъуэт и къуэ Тембот (Федор Николаевич Бекович-Черкасский) 1870 гъэм Джылахъстэнейм хыхьэ Бэчыжьей къуажэм къыщалъхуащ. Абы и сабиигъуэр щыкIуари а жылэрщ.
Тембот щIотIысхьэ Ставрополь гимназием. Абы зэрыщеджэн хуей илъэсийм щыщу блыр къиухауэ, дзэм къулыкъу щищIэну хохьэ. А щIыкIэм тету зауэ хуэIухуэщIэхэм Тембот и гъащIэр ирепх. 1891 гъэм шыщхьэуIум и 14-м Кавказ шуудзэ дивизэм къыдигъэкIа унафэм къыщокIуэ илъэс 21-рэ зи ныбжь Жанхъуэт и къуэ Тембот 46-нэ драгун полкым хагъэхьауэ щытауэ. ИужькIэ, 1892 - 1894 гъэхэм, ар щIэсщ Елизаветград шуудзэ еджапIэм. 1984 гъэм Тембот хохьэ Псыхуабэ дэт 45-нэ драгун полкым. Ар полкым и гъэсэныгъэ IуэхухэмкIэ и унафэщIым и къуэдзэщ, нэхъ иужькIэ гуп хэхам и командирщ.
Бекович-Черкасскэ Федор Кавказ шуудзэ дивизэм щыхэтым и цIэр жыжьэ Iуащ, шыгъажэхэми япэ увыпIэхэр къыщихьащ.
1901 гъэм фокIадэм и 29-м Кавказ дзэ округым и штабым Тембот Бытырбыху дэт офицерхэр  щагъэхьэзыр еджапIэм ягъакIуэ. А еджапIэм и унафэщI Брусилов Алексей и унафэкIэ 1903 гъэм ди лъахэгъум къыхуагъэфащэ штабс-ротмистр дамэтелъыр.
45-нэ Ищхъэрэ драгун полкым къигъэзэжа нэужь, Тембот эскадроным и унафэщIу ягъэув. Илъэс нэхъ дэмыкIыуи Станислав щихъым и орденым и 3-нэ нагъыщэр къыхуагъэфащэ. Абы иужькIэ Урыс-япон зауэр къэхъеящ. Кавказ дзэ округым и штабым и унафэкIэ штабс-ротмистр Черкасскэ Тембот Налшык къыщызэрагъэпэща шууищэм и пашэу ягъэув. Абы къыпэщылът Урыс-япон зауэм ягъэкIуэнухэр къыхихыну. Адыгэ, бгырыс къуажэхэм къикIырт гъуэгуанэ теувэнухэр. Тембот шууей нэхъ лъэрызехьэхэр къыхихырт. Зэман кIэщIкIэ абы къызэщIигъэуIуащ цIыхуи 128-рэ.
1904 гъэм мэлыжьыхьым и 16-м къыдэкIа «Терские ведомости» газетым къытехуауэ щытащ Тэрч-Псыжь полкым хэтхэу къэбэрдей, осетин, мышкъыш, шэшэн, къэзакъ шууейхэр КъалэкIыхь станицэм зэрыщрагъэжьар.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, къэбэрдей шууищэм  теухуа дэфтэру хъума хъуар мащIэ дыдэщ. Ауэ щыIэхэм къазэрыхэщымкIэ, ди хэкуэгъухэм лIыгъэ яхэлърэ къикIуэт ямыщIэу бийм ебгъэрыкIуэу щытащ. Абы и щыхьэт наIуэщ шууищэм щыщу 42-м японхэм зэрезэуам папщIэ Георгий щихъым и дамыгъэхэр къызэрыхуагъэфэщар. И гугъу щIыпхъэщ 1913 гъэр къэсыху Георгий щихъым и жорым и 4-нэ нагъыщэм Зауэ орденкIэ еджэу зэрыщытар. Нэхъыбэу Урыс-япон зауэм хэта ди хэкуэгъухэми къыхуагъэфэщар зи гугъу тщIы жорым и 4-нэ нагъыщэрт.
Тембот зи пашэ шууищэм нэхъ зауэ хьэлъэ дыдэр щригъэкIуэкIар Анпилинск щхьэдэхыпIэм дежщ. Тэрч-Псыжь шыууей полкым хэта зауэлIхэм топышэр къателъалъэу махуэ псом лъэсырыкIуэдзэм пэщIэтащ. А махуэм Бекович-Черкасскэр уIэгъэ хъуами, ар иригъапхэри, зи пашэ гупым яхэувэжащ. Анпилинск щхьэдэхыпIэр къызэранэкIа нэужь, Тембот нэхъ хьэлъэ къэхъуащ. Мысост Кушыку я командирыр псэзэпылъхьэпIэм кърихри, зауэлIхэр щитIысыкIа щIыпIэм къигъэIэпхъуащ. А махуэм шуууищэм  фIэкIуэдащ зауэлI ахъырзэману тху.
Анпилинск щхьэдэхыпIэм щызэрихьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ Тембот къыхуагъэфэщауэ щытащ Аннэ щихъым и орденым и 3-нэ нагъыщэр. Абы и ужькIи Урыс-япон зауэм щызэрихьа лIыгъэм папщIэ зы илъэсым и кIуэцIкIэ адыгэлI хъыжьэм къратащ зэуэ ордениплI.
КъуэкIыпIэ Жыжьэм къокIыжри, Тембот и къулыкъум Куржым щыпещэ. А зэманым Тифлис къыщыдэкIыу щыта «Кавказский вестник» журналым къытехуащ абы теухуа тхыгъэ зыбжанэ. 1911 гъэм, езыр щIолъэIури, ар хохьэ Сыбырым щыIэ Удинск къэзакъ полкым. ИкIи тхьэмахуэ нэхъ дэмыкIыу, Тембот здагъэкIуа полкым и унафэщI ящI. Абы мазитху фIэкIа щымыIауэ Иркутск ягъакIуэри, а щIыпIэм щыIэ къэзакъ полкым и пашэу ягъэув.
1913 гъэм дыгъэгъазэм и 14-м Бекович-Черкасскэм Иркутск къалэм и комендант къулыкъур къыхуагъэфащэ. Илъэс 43-рэ и ныбжьт абы. Бын, мылъку, унэ лъапсэ иIауэ дэфтэрхэм ущрихьэлIэркъым.
Тембот къыхуагъэфэщащ Станислав щихъым и орденым и 3-нэ, 2-нэ нагъыщэхэр, Аннэ щихъым и орденым и 2-нэ нагъыщэр, Георгий щихъым и орденым и 4-нэ нагъыщэр.
1916 гъэм Тембот полковник мэхъу.
1917 гъэм абы къишащ къумыкъу гуащэ Каплановэ Надживат, абы щыгъуэм къищтэжащ муслъымэн динри.
Бекович-Черкасскэр щытащ Кавказ шуудзэ дивизэм и гуп хэхам и пашэу, Шэрджэс шуудзэ дивизэм и 2-нэ гупым и унафэщIу. 1919 гъэм къыщыщIэдзауэ Къэбэрдей шуудзэ хужь дивизэм и нэхъыщхьэщ. 1920 гъэм и бжьыхьэм абы хэкур ебгынэри, Врангель и дзэм хэту Кърымым макIуэ.
Тыркум къыщыхута нэужь, большевикхэм япэщIэт зэгухьэныгъэ зэхуэмыдэхэм хохьэ. Ауэ ахэр зэрызэгурымыIуэм къыхэкIыу, куэдрэ яхэтакъым. Мыпхуэдэ хъыбари щыIащ: 1919 гъэм Налшык округым пIалъэкIэ къыщызэрагъэпэща правительствэм и комиссару щыта Чыжьокъуэ Хьэмидрэ пщы Темботрэ Истамбыл тхьэмыщкIэ дыдэ щыхъуауэ, я шхын зэрамыIэм къыхэкIыу, лэжьыгъэ хьэлъэм пэрытын хуей хъуауэ.
Пэжщ, Тембот и благъэ гуэрхэм зыкъыщIагъакъуэурэ екIуэкIащ. Псом хуэмыдэу сэбэп къахуэхъуащ Кавказ шуудзэ дивизэм хэта, Бгырыс правительствэм и унафэщIу лэжьа, Шэшэным щыщ, щIыдагъэ къыщIэшыпIэхэр зиIа Чермоев Меджид.
1924 гъэм ирихьэлIэу, Кавказ Ищхъэрэр зыбгына адрей хэхэсхэми хуэдэу, генерал-майор Бекович-Черкасскэр Франджым мэIэпхъуэ икIи абы сэбэп къыхуохъу Хьэгъундокъуэ Едыдж, дохутыр ЩакIуэ Исмел, юрист Шэкъмэн Талъостэн сымэ, нэгъуэщIхэри.
1953 гъэм щэкIуэгъуэм и 16-м Тембот дунейм ехыжащ. Ар щыщIалъхьэжащ Париж пэмыжыжьэу щыIэ Бобини къалэм дэт муслъымэныкхъэм.

Анзор Мудар Къесын и къуэр 1883 гъэм Анзорей (Анзор Къесын и къуажэм) къыщалъхуащ. 1903 гъэм Санкт-Петербург шуудзэ училищэр къыщиухащ. 1904 гъэм 18-нэ драгун полкым и корнету щытащ.
Тембот къызэригъэпэща адыгэ шууищэр илъэс нэхъ дэмыкIыу, 1904 гъэм и кIэм, офицер Анзор Мудар къыIэщIалъхьащ. Ар зыхэт Тэрч-Псыжь шууей полкыр 1905 гъэм Китайм и Сандепу къуажэм японхэм махуиплIкIэ щапэщIэтащ. Урыс зауэлIхэм я ебгъэрыкIуэныгъэр японхэм къыщызэтрагъэувыIэм, къикIуэтыжын хуей хъуащ. Сандепу деж щекIуэкIа зауэм къэбэрдейхэм хахуагъэрэ лIыгъэрэ къыщагъэлъэгъуащ.
1905 гъэм шыщхьэуIум и 23-м Портсмут (США) къалэм Урысеймрэ Японымрэ мамыр зэгурыIуэныгъэр щызэращIылIа нэужь, эшелонхэм ирагуэша Тэрч-Псыжь шууей полкыр къежьэжащ. Харбин къыщыщIэдзауэ Кавказ Ищхъэрэм нэс дэлъ гъуэгуанэр мазэм щIигъукIэ шуудзэм къызэринэкIащ. Маньчжурие жыжьэм къикIыжа зауэлI 74-р Налшык Iэтауэ къыщрагъэблэгъэжат.
Зэхэуэ гуащIэхэм хэта къэбэрдей шууищэм хэщIыныгъэшхуи игъуэтащ. Налшык гарнизоным кърагъэблэгъэжа офицерхэмрэ сэлэтхэмрэ я бгъэгухэм къахэлыдыкIыу яхэлъа орденхэмрэ медалхэмрэ и щыхьэтт ди хэкуэгъу щIалэхэм лIыгъэрэ хахуагъэрэ къагъэлъагъуэу зэрызэуам.
Тэрч-Псыжь полкым и флигель-адъютант, граф Шуваловым къэбэрдей шууищэм и пашэ Анзор Мудар къыхуригъэхьа телеграммэм щыжиIэрт Сандепурэ Мукденрэ адыгэ зауэлIхэм къыщагъэлъэгъуа хахуагъэр абы зэи зэрыщымыгъупщэнур, икIи абыхэм я фIыгъэкIэ полкым и тхыдэр хэмыгъуэщэжын зэрыхъур. Ар унэм екIуэлIэжахэм ехъуэхъурт пщIэрэ щIыхьрэ яIэну, хэкум папщIэ зи псэр зытахэр ящымыгъупщэну. Урыс-япон зауэм щызэрихьа лIыгъэшхуэм папщIэ, Анзор Мудар Георгий щихъым и орденыр къратащ.
«Высочайшим приказом от 25 февраля 1907 г. награжден орденом Св. Георгия 4-й ст. за самоотверженный подвиг, выказанный им 14 января 1905 г. около деревни Ляндикоу, когда, узнав о наступающей японской роте, он по собственной инициациве стремительно бросился в атаку, причем было зарублено до 100 человек противника, 17 взято в плен и захвачено 25 винтовок, 19 ручных гранат и 5 лошадей с полными вьюками. В числе пленных был ротный командир, во вьюке которого были найдены карты и важные документы», - говорится в наградном листе. За отличия в боях на Русско-японской войне 1904 - 1905 гг. он также награжден орденами Св. Анны 4-й ст. с надписью «За храбрость»; Св. Анны 3-й ст. с мечами и бантом; Св. Анны 2-й ст. с мечами; Св. Станислава 2-й ст. с мечами; Золотым оружием с надписью «За храбрость» (12.03.1906 г.) Кавалер Золотого оружия за 1906 год Мудар Анзоров, хорунжий Терско-Кубанского конного полка».
Тэрч-Псыжь полкыр зэбграутIыпщыкIыжа нэужь, къэбэрдей шууищэм и унафэщI Анзор Мудар урысыдзэм къулыкъу щещIэ. 1913 гъэм дзэм къыхокIыжри, Бытырбыху мэIэпхъуэ.
Япэ дунейпсо зауэм 1914 гъэм щIедзэ икIи езыр хуейуэ Кавказ шуудзэ къызэрагъэпэщым хыхьэну мэлъаIуэ, ауэ штабс-ротмистр Анзор Мудар Къэбэрдей полкым хэхуакъым. Ар драгун полкым, иужькIэ Тэтэр (азербайджан) шууей полкым хэту зэуащ.  Владимир щихъым и орденым и 4-нэ нагъыщэри абы къыщихьащ.
1918 гъэм и мазае мазэм къыщыщIэдзауэ Тэтэр шууей полкым и подполковник Анзор Мудар Къэбэрдей шуудзэ дивизэм и командирщ, 1919 гъэм и мэлыжьыхьым къыщыщIэдзауэ генерал-майорщ.  1922 гъэм илъэс 45-м иту абы адэжь щIыналъэр ибгынащ. 1927 гъэм Сирием дунейм щехыжащ.

 *   *   *

1914 гъэр къихьащ. КъуэкIыпIэ Жыжьэм ще­кIуэ­кIа Урыс-япон зауэр зэриухрэ илъэсибгъум нэблэгъат. Ауэ а зауэм хэщIыныгъэу къритамрэ, цIыхухэр бжыгъэншэу зэрыхэкIуэдамрэ къэралым зыкъри­гъэу­жьыжатэкъым. Абы къыхыхьэжат 1905 - 1907 гъэ­хэм щIыпIэ-щIыпIэхэм къыщежьа зэщIэхъееиныгъэхэр.
1914 гъэм и бадзэуэгъуэм Германием Урысейм зауэ кърищIылIат. Абы кIэщIу иужь иту австр-мэжэрхэр урысхэм къызэрезэуэнур наIуэ къэхъуащ.
Къэхъея зауэм занщIэу хыхьахэм ящыщщ къэбэрдейхэр.
Иркутск къалэм и комендант Жанхъуэт Тембот Къэбэрдейм къашэж. Абы и пщэм къыдалъхьэ адыгэ шууей полк къызэригъэпэщыну, икIи абы и унафэщIым и къуэдзэу ягъэув.
Шууей 615-м нэблагъэ полкым хэтт, пщы, уэркъ унэцIэ цIэрыIуэхэр зезыхьэхэу: Наурызхэ, Къугъулъкъуэхэ, Дохъущокъуэхэ, Тамбийхэ, Анзорхэ, Астемырхэ, Инэрокъуэхэ, Шыпшхэ, Абыкъухэ, Ла­фыщхэ къахэкIахэр.
Дзэзешэ нэхъыщхьэм и унафэкIэ шэрджэс, мыш­­къыш, шэшэн, дагъыстэн, тэтэр полкхэм я гъусэу къэбэрдей полкри хагъэхьат Кавказ шууей дивизэм.
А зэманым Галицие жыжьэм урыс зауэлIхэмрэ Кавказ шууей дивизэмрэ австр-мэжэр гарнизоныр зыдэс Перемышль быдапIэр къащтащ.
 ШыщхьэуIум и 26-м Кавказ шууей дивизэр ЛьвовкIэ кIуэцIрыкIырт, Самбору къалэм хуэкIуэу. Галицием и къалащхьэ Львов дыхьа бгырыс шууейхэм я зекIуэр и нэгу щIэкIащ тхакIуэ цIэрыIуэ Толстой Лев и къуэ Илья. Ар езыр журналистт, урысхэм хуит къызэращIыжрэ мазэ фIэкIа мыхъуа къалэм къэкIуат тхэну. Толстойм и нэгу щIэкIахэр, гъэщIэгъуэну ядилъэгъуахэр щитхыжащ «Алые башлыки» зыфIища, 1915 гъэм и пэщIэдзэм Москва къыщыдэкIыу щыта «Печатым и махуэ» журналым. ИужькIэ а гъуэгуанэ тхыгъэхэр «Терские ведомости» газетми къытрадзэжащ.
«Япэ дыдэу Кавказ шууей дивизэр сэ къыщысцIыхуар Львовщ, корпусым и командирым дивизэм и Iуэхур зытетым зыщигъэгъуэзэну къыщыкIуа махуэрщ, - етх Толстой Илья. - Ар къыщыхъуар къалэку дыдэрщ, цIыхухэр уэрамхэм дэзт, псори хуейт мы щIыпIэм къэкIуа зауэлI телъыджэхэр зрагъэлъагъуну. Бжьамийхэм макъамэ дахэхэр кърагъэкIрэ, я макъ жьгъырухэмкIэ я лъэпкъ уэрэдыжьхэр кърашу адыгэ фащэр зыщыгъ, дыщэмрэ дыжьынымрэ къыхэщIыкIа къамэхэр, сэшхуэхэр, фокIэщIхэр зыкIэрыщIа зауэлIхэр блэкIырт. ЩIакIуэхэр екIуу зи плIэм теубгъуа шууейхэм я нэгум иплъагъуэри, я теплъэм къиIуатэри бэшэчу, хахуагъэ яхэлъу зэрыщытырт»…

Толстой Илья и гум къигъэкIыжырт тхыдэм и напэкIуэцIхэм къахэщыж, Урысейм Кавказым щригъэкIуэкIа лъапсэрых зауэр. «Илъэс 60 и пэкIэ щхьэмыгъазэу къыдэзэуа мы цIыхухэр Урысейм апхуэдизкIэ хэпщIати, къыддэзэуэну, ди зэхуэдэ   хъуа бийр хэдгъэщIэну ахэр къыткъуэуват».
АдэкIэ Толстой и тхыгъэм щытопсэлъыхь Кавказ полкым хэт шууейхэмрэ офицерхэмрэ уэрамхэм япэу зэрыщилъагъу лъандэрэ абыхэм игури и псэри зэракIэрыпщIам. «Алъандэрэ дэкIа мазэрэ ныкъуэм сэ абыхэм щIэх-щIэхыурэ саIууащ, шууейхэмрэ я пашэхэмрэ зэзгъэцIыхунуи сыхунэсащ. Сэ абыхэм, фIыуэ слъэгъуам и мызакъуэу, пщIэшхуи яхуэсщIи хъуащ. Мызэ-мытIэу къысхуихуащ абыхэм я зэуэкIэри я зэхэтыкIэри слъагъуну.
Абыхэм «мыгъасэт» («дикая») зэреджэр, сыту жыпIэмэ цым къыхэщIыкIа пыIэ шынагъуэхэр ящхьэрыгът, я щхьэр бащлыкъкIэ фIэпхыкIат, абы нэмыщIауи, куэду яхэтт абрэджхэр. Абыхэм я хъыбархэр жыжьэ Iурт.
Мазэм щIигъукIэ «мыгъасэхэм» я гъунэгъуу сызэрыпсэуам и фIыгъэкIэ сэ куэд къэсщIат, - къеIуэтэж Толстойм - си нэIуасэхэм сагъэлъэгъуат лъыщIэжым къыхэкIкIэ цIыху зыбжанэ зыукIыу Кавказым цIэрыIуэ щыхъуахэр. Сыт сэ абыхэм ядэслъэгъуар?
Сэ слъагъурт «а цIыхуукIхэр» я лыгъур IыхьэхэмкIэ хамэ сабийхэм ядэгуашэу, абыхэм гу пцIанэу ядэджэгуу, ядэслъэгъуащ ахэр къыщыувыIа бысымхэм фэтэрыпщIэ зэрыратым нэмыщI, нэIуасэ яхуэхъуахэм зэралъэкIкIэ зыщIагъакъуэу, слъэгъуащ ахэр щежьэжым езыгъэжьэж хамэ цIыхухэм я нэпсхэм къызэпажыхьауэ, сэ слъэгъуащ ахэр зауэлI хахуэу,  щхьэмыгъазэу, слъэгъуащ абы я пщэм далъхьа Iуэхур, я щхьэр халъхьэнуми, ягъэзэщIэну хьэзыру.
А зэманым нэхъ гъэщIэгъуэн дыдэу си гъащIэм къыщыхъуар бгырыс шууейхэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ, а псори гукIи псэкIи сохъумэ, шэч хэлъкъым зэгуэр а гум щысхъумэ дэтхэнэми психологие лъабжьэ зиIэ тхыгъэ къазэрыхэсщIыкIыжыфынум.
Си жагъуэ зэрыхъущи, ныбжьэгъу схуэхъуа бгырысхэм ящыщ куэд псэужкъым. Абыхэм ящыщхэр лIыгъэ яхэлъу зэрыхэкIуэдар сэри си нэгу щIэкIащ, иныкъуэхэри зэрымыпсэужыр къыщысщIар Мэзкуу сыкъэкIуэжа нэужьщ».

 *    *    *

Дивизэр зауэм япэу Iухьащ 1914 гъэм дыгъэгъазэм и 17-м и жэщым. Галицием и гъунэгъу Ветлинэ къуажэ цIыкIум щекIуэкIа зауэм къэбэрдей полкым хахуагъэ къыщигъэлъэгъуащ. Абы и щыхьэтщ полковник Воронцов-Дашковым Къэбэрдейм и тет Къылышбий СулътIанбэч хуигъэхьауэ щыта телеграммэр: «Си гуапэу хъыбар узогъащIэ ныжэбэ екIуэкIа зауэр къызэрыдэхъулIамкIэ. Бийм хэщIыныгъэ еттащ, гъэрхэр, апхуэдэуи мымащIэу Iэщэ-фащэхэри къуентхъ къэтщIащ».
А тхыгъэм иужь кIэщIу иту еплIанэ шууищэм и командир штабс-ротмистр Соколовский Вальдемар и телеграммэ къэкIуащ: «Дыгъэгъазэм и 18-нэ жэщым екIуэкIа сыхьэтибгъу зауэм Къэбэрдей полкым къытпэщIэта, бжыгъэкIэ къыдэбэкI лъэсыдзэм, апхуэдэуи щIытIхэм зыщызыудыгъуа бий ерум хэщIыныгъэшхуэ еттащ».
ЛIыхъужьыгъэ зэрахьэу я псэр ятащ Анзор Хьэту, Уэркъ Исмэхьил, Махъсидэ Ибрэхьим, Тумэ ЛутIэ, Хъуэдхэ Дыгъэ, Шагъыр Хьэгурэ. УIэгъэ хъуахэщ: Елъыхъу Исхьэкъ, ТIэрло ТIытIэ, Мэремкъул Бемырзэ, Ансокъуэ Мухьэжид, Цырхъуо Мысхьуд, Iухъу Исмэхьил, Сэхъу Хьэсанш, БетIрожь Иналыкъуэ, АфIэунэ Талъостэн, Ислъам Аслъэнбэч сымэ.
Ветлинэ къуажэ цIыкIум и Iэгъуэблагъэм щекIуэкIа зауэм иужькIэ 2-нэ шууей дзэ корпусым и унафэщI генерал Нахичеванский-Хъан унафэ ищIащ къэбэрдей шууейхэмрэ юнкерхэмрэ зэрахьа хахуагъэм папщIэ ягъэпэжэну. Къэбэрдей полкым и шууейхэм щыщу 12-м Георгий щихъым и жорым и нагъыщэхэр, 14-м «Зэрихьа хахуагъэм папщIэ» медалыр иратащ.
Дыгъэгъазэм и 26-м къэбэрдей шууей полкымрэ 2-нэ дагъыстэн полкымрэ зэгъусэу зэхэуэ гуащIэ щрагъэкIуэкIащ Ветлинэ пэмыжыжьэу щыIэ Береги-Горне къуажэм и Iэгъуэблагъэм икIи ар яубыдащ. Ауэ бийм гъэпщкIуауэ ихъумэ пулемётым лъагапIэм къеухыу ди щIалэхэм биишэр къащытригъэлъалъэм, сыхьэтиплIкIэ фIэкIа ямыIыгъа щIыпIэр къагъэнэн хуей хъуащ.
Къэбэрдей шууей полкым и унафэщI, полковник граф Воронцов-Дашковым дыгъэгъазэм ирагъэкIуэкIа зауэм къыхэжаныкIа офицерхэу дамыгъэхэр зратыпхъэхэм ящыщу пщы Бекович-Черкасскэ Тембот, Тыгъуэн Аслъэнбэч (осетинщ), Дэхъущокъуэ ХьэкIашэ, дохутыр Щоджэн Бэчмырзэ сымэ къигъэлъэгъуащ.
1915 гъэм Къэбэрдей шу полкыр зыхэт дивизэм и зауэ гъуэгуанэм щыпищэрт Карпатым и бгылъэ щIыпIэхэм. ЩIышылэм и 10-м пщэдджыжьым ротмистр Нефёдовым тIасхъэщIэхыу шууей взводитI иутIыпщащ. Абыхэм мэзылъэ-бгылъэ щIыпIэхэр къызэранэкIа нэужь, гъущI гъуэгу здыкIуэцIрыкI Бережки жылагъуэ цIыкIум Iууащ. А щIыпIэм щIытIым зыщызыгъэбыда австрхэм ди шууейхэм фочышэхэр къытрагъэлъалъэу хуежьащ. Зэхэуэр зэхаублэ. Куэд дэкIатэкъым бийм и фочауэхэм дыдейхэр къаухъуреихьу щыщIадзам.
Шууейхэр къикIуэту щыхуежьэм, взводым и пашэ мэздэгу адыгэ Серебряков Георгий Никифор и къуэр (Даутокъуэ Аслъэнбэч и къуэ Хьэсэнбий) шым къызэреукIуриехар ялъэгъуащ. Фочышэр къытелъалъэми, урядник нэхъыщIэ Хъурзан Темыркъан абы и лъэныкъуэмкIэ щIэпхъуащ.
 Полкым и дэфтэр къэнахэм къахощыж мыпхуэдэ зы тхыгъэ: 1915 гъэм щIышылэм и 10-м Бережки деж щекIуэкIа зауэм метр 668-рэ зи лъагагъ бгылъэм щащIа щIытIым метр 20 нэхъ пэмыжыжьэу щаукIа Серебряковым и хьэдэр Хъурзан Темыркъан а щIыпIэм кърихащ.
Ротмистр Нефёдов Андрейрэ взводым и унтер-офицер Диву Александррэ я хьэдэхэр губгъуэм къинащ. Пулемётышэр апхуэдизкIэ куэду зауэлIхэм къателъалъэрти, ахэр а щIыпIэм кърахыжыну Iэмал ягъуэтакъым.
Серебряковым и хьэдэр Даутокъуэхэ зыдэс Мэздэгу ирагъэшэжащ. Мазэ бжыгъэ нэхъ дэмыкIыу полкым къэсат дыгъэгъазэм екIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм къыщигъэлъэгъуа лIыгъэм папщIэ абы къыхуагъэфэща Аннэ щихъым и орденым и 4-нэ нагъыщэр. А мазэ дыдэм Тэрч къэзакъ зауэлIхэм яхэту Ищхъэрэ-КъухьэпIэ фронтым Iуту нэмыцэхэм езэуа Серебряковым и къуэш нэхъыжь Даутокъуэ Заурбэч къыхуагъэфащэ Владимир щихъым и орденым и 4-нэ нагъыщэр.
1915 гъэм щIышылэм и 19-м Черкасскэ Тембот унафэ къыIэрыхьащ  и дивизэр Къэбэрдей полкым гуигъэхьэу, метр 663-рэ лъагапIэр къащтэн хуейуэ. Адыгэ шууейхэмрэ абы гъусэ къахуэхъужа Тэтэр полкымрэ абы я унафэщI полковникхэу Черкасскэмрэ Половцевымрэ зауэлIхэр фронтым Iуашащ. Зэхэуэ гуащIэхэм хэтурэ ди шууейхэм Кривкэ къуажэр къащтащ.
ЩIышылэм и 30-м къыщыщIэдзауэ мазаем и 5 хъуху Къэбэрдей, 2-нэ Дагъыстэн, Шэрджэс полкхэм Журовин щIыпIэм щыIэ метр 771-рэ, 871-рэ хъу лъагапIэхэр къащтащ.
1915 гъэм мазаем и 25-м етIуанэ шуудзэ корпусым и унафэщI Нахичеванский-Хъан Гусейн Iэ зыщIидза унафэ №21-мкIэ къигъэлъэгъуащ Къэбэрдей шууей полкым хэт зауэлIхэу Береги-Горне къуажэм, апхуэдэуи щIышылэ, мазае мазэхэм екIуэкIа зэхэуэхэм къыщыхэжаныкIахэм Георгий щихъым и орденымрэ медалхэмрэ зыхуагъэфэщахэр.

*   *   *

ИщхьэкIэ зи гугъу щытщIар Урыс-япон зауэм хэта Къэбэрдей шууищэмрэ ар зэрызэфIэувамрэщ, адэкIэ Герман зауэжьым адыгэ полкхэр зэрыхэтамрэщ. Урыс-герман зауэм адыгэ шууей полкыу тIу хэтащ: Къэбэрдей, Шэрджэс полкхэр. ЛIыгъэ зезыхьа офицерхэм, зауэлI къызэрыгуэкIыу Георгий щихъым и орденым и нагъыщэ псори зратахэмрэ Георгий щихьым  и орденыр зыхуагъэфэща адыгэ дзэзешэхэмрэ я гугъу щIыпхъэщ…
Хьэгъундокъуэ Исмэхьил и къуэ Едыдж (1871 - 1960).
Хьэгъундокъуэр къэбэрдей уэркъхэм къахэкIащ. И адэр Псыжь къэзакъ зауэлIхэм старшинэу яхэтащ. 1891 гъэм Константиновскэ топгъауэ училищэр, 1906 гъэм академиер къиухащ. А гъэм Китай КъуэкIыпIэ гъущI гъуэгум къулыкъу зэрыщищIам папщIэ, «Китай зекIуэ» медалыр къратащ. 1900 - 1901 гъэхэм Аннэ щихъым и орденым и 3-нэ, Станислав щихъым и орденым и 3-нэ, 2-нэ нагъыщэхэр къыхуагъэфэщащ. 1906 гъэм Георгий щихъым и  орденым 4-нэ нагъыщэ дыщэпс зытегъэлъэдамрэ дыщэ сэшхуэрэ къратащ. 1907 гъэм Хьэгъундокъуэр полковникщ. 1911 гъэм къыхуагъэфэщащ Владимир щихъым и орденым и 4-нэ нагъыщэр.
Хъэгъундокъуэр 1913 гъэм къэзакъ полкым и унафэщIу щытащ. А гъэ дыдэм Къэбэрдейм и лIыкIуэхэм яхэту щыIащ Романовхэ я пащтыхьыгъуэр илъэс 300 зэрырикъум и щIыхькIэ къызэрагъэпэща гуфIэгъуэ зэхуэсхэм.
Япэ дунейпсо зауэм Кавказ шуудзэ дивизэм и 2-нэ бригадэм и командиру, 2-нэ шуудзэ корпусым и штабым и нэхъыщхьэу щытащ. 1914 гъэм къыхуагъэфэщащ Владимир щихъым и орденым и 3-нэ, Аннэ щихъым и орденым и 1-нэ, Станислав щихъым и орденым 1-нэ нагъыщэхэр. 1915 гъэм пащтыхь Николай II и унафэкIэ Амур областым и губернатору, а щIыналъэм и къэзакъ зауэлIхэм я атаману ягъэув. 1917 гъэм ПIалъэкIэ щыIа правительствэм дзэмрэ хы флотымкIэ КъуэкIыпIэ Жыжьэм, Амур, Камчаткэ, Сахалин щIыналъэхэм я унафэщIу щытащ. А гъэм и кIэуххэм, и IэнатIэм къыIукIа нэужь, Нартсанэрэ Къармэхьэблэрэ щыпсэуащ. ЩIалищрэ: Едыдж, Iэдэмей, Исмэхьил, хъыджэбзитхурэ: Нинэ, Галя (Елмэсхъан), Артемия, Александрэ, Тамарэ иIащ. 1919 гъэм Франджым Iэпхъуащ, и унагъуэр и гъусэу. 1960 гъэм дунейм ехыжащ, Париж и гъунэгъуу щыIэ Сент-Женевьев-де-Буа дэт урысыкхъэм щыщIалъхьэжащ.

Дэхъущокъуэ Кушыку и къуэ ХьэкIашэ. 1883 гъэм Дохъушыкъуей къэбэрдей къуажэм щыпсэу уэркъ-дыжьыныгъуэ унагъуэм къыщалъхуащ. И сабийгъуэр щыкIуари а жылэрщ. Налшык дэта бгырыс еджапIэр къиухри, егъэджакIуэуи лэжьащ. Урыс-япон зауэр къэхъея нэужь, ар фронтым кIуащ къэбэрдей шууищэм хэту. 1904 гъэм къратащ Зауэ орденым и 4-нэ нагъыщэр. Милицэм и юнкер къулыкъури къыхуагъэфэщащ. ХьэкIашэ яхэтащ Тэрч щыIа хабзэхъумэ лэжьакIуэхэм. 1911 гъэм прапорщик мэхъу. 1914 гъэм Кавказ шуудзэ дивизэм хагъэхьащ.
1917 - 1918 гъэхэм абы къратауэ щытащ Владимир щихъым и орденым и 4-нэ, Аннэ щихъым и орденым и 3-нэ, 2-нэ, «ЛIыгъэ зэрихьам папщIэ» жиIэу зытет Аннэ щихъым и орденым и 4-нэ нагъыщэхэр (сэшхуэ). Станислав щихъым и орденым и 2-нэ, 3-нэ нагъыщэхэр. Граждан зауэм щыгъуэ ар хужьыдзэм и Къэбэрдей шуудзэ дивизэм хэтащ. Штабс-ротмистр хъуауэ ар зауэм хэкIуэдащ.

Анзор Исмэхьил и къуэ Пщымахуэ. 1870 гъэм Анзор Аслъэмырзэ и къуажэм, лIакъуэлIэш унагъуэм къыщалъхуащ. Япэ дунейпсо зауэм щыгъуэ Данием и пащтыхь Христиан Ебгъуанэм и цIэр зезыхьэ 18-нэ драгун Северскэ полкым (Буденнэ Семен и гъусэу) хэтащ. ЛIыгъэ зэрихьам папщIэ, Георгий щихъым и медалым и 4-нэ нагъыщэр, Георгий щихъым и жорым и нагъыщиплIри къыхуагъэфэщащ. 1917 гъэм и пэщIэдзэхэм Анзорыр прапорщик хъуащ, щэкIуэгъуэ мазэм ар шуудзэм и корнетщ. А гъэм и кIэм Кавказ шуудзэ корпусым хэт Къэбэрдей шууей полкым хагъэхьэ. Граждан зауэм щыгъуэ поручик дамэтелъыр къыхуагъэфащэ.
1920 гъэм хэкум икIыжащ. Зы къуэрэ зыпхъурэ иIащ.

Астемыр Ислъамджэрий и къуэ Дохъушыкъуэ. 1870 гъэм Джылахъстэнейм хыхьэ Астемырей къуажэм щыщ уэркъ унагъуэм къыщалъхуащ. 1904 - 1905 гъэхэм екIуэкIа Урыс-япон зауэм къэбэрдей шууищэм и гъусэу хэтащ. А зауэм къыщигъэлъэгъуа хахуагъэм папщIэ абы къыхуагъэфэщащ Георгий щихъым и жорым и 4-нэ, 3-нэ нагъыщэхэмрэ юнкер цIэмрэ. Япэ дунейпсо зауэм Кавказ шуудзэ дивизэм хэта Къэбэрдей шууей полкым и юнкерым къыхуагъэфэщащ Георгий щихъым и жорым и 2-нэ, 1-нэ нагъыщэхэр, икIи 1915 гъэм Дохъушыкъуэ иIэ хъуащ Георгий щихъым и жориплIым и нагъыщэ псори. А гъэм офицер-прапорщик, мазэ бжыгъэ нэхъ дэмыкIыу подпорудчик дамэтелъхэр кърат. Зы махуэм къыхуагъэфэщащ «Хахуагъэм папщIэ» Аннэ щихъым и орденым и 4-нэ (18.11.1915), Станислав щихъым и орденым и 3-нэ (18.11.1915), иужькIэ Аннэ щихъым и орденым и 3-нэ (21.08.1916), Станислав щихъым и орденым и 2-нэ (07.02.1917) нагъыщэхэр. Щхьэгъусэрэ зыпхъурэ иIащ, 1920 гъэм ар иIэпхъукIащ Хэкум.

Ахъуэхъу Джэрий и къуэ Кушбий. Къундэтей 2-нэ къуажэм къыщалъхуащ. Абы къиухащ Налшык дэта бгырыс школыр. 1914 гъэм Кавказ шууей дивизэм и Къэбэрдей шууей полкым хэтащ. Георгий щихъым и жорым и 4-нэ (23.02.1915), 3-нэ (04. 10.1915), 2-нэ, 1-нэ (05.08.1915) нагъыщэхэр абы иIэт, 1917 гъэм юнкер щыхъуам. Граждан зауэм щыгъуэ хужьыдзэхэм ядэзэуа Къэбэрдей шууей дивизэм хэтащ. 1920 гъэм и бжьыхьэм Хэкур ибгынащ, Врангель и дзэм хэтахэм ящIыгъуу. 1928 гъэм Ахъуэхъум Рашид-Бей, Ахъуэхъу Задэ, Брат Исуф цIэхэр зэрихьэу Тыркум щыпсэуащ. ИужькIэ США-м Iэпхъуащ, аращ дунейм щехыжари.

Баждыгъу КIагуэ и къуэ ТIытIэ. 1884 гъэм Джылахъстэней щIыналъэм хыхьэ Мэртэзей къуажэм къыщалъхуащ. Япэ дунейпсо зауэм Кавказ шуудзэ дивизэм хэта Къэбэрдей шууей полкым и 4-нэ шууищэм къулыкъу щищIащ. Георгий щихъым «Хахуагъэм папщIэ» и медалым и 4-нэ (23.02.1915), 3-нэ нагъыщэхэр (23.02.1915), Георгий щихъым и жорым и нагъыщиплIыр къратащ абы. 1916 гъэм ар  прапорщикт. Хужьыдзэм хэтащ, щхьэгъусэ, къуэ иIащ. 1920 гъэм Хэкум икIыжри, Ираным (Къэжэр къэралыгъуэм) щыпсэуащ.

Джэтауэ Былымгъуэт и къуэ Уэлий. 1872 гъэм ХьэтIохъущыкъуей Ипщэм къыщалъхуащ. Кавказ шууей гупым и Тэрч-Псыжь полкым и Къэбэрдей шууищэм хэту Урыс-япон зауэм щыIати, Георгий щихъым и жорым и нагъыщищри къыщихьащ. Георгий жорым и япэ нагъыщэр 1915 гъэм и мазаем къыхуагъэфэщащ. А гъэ дыдэм, уIэгъэ хьэлъэ щыхъум, дзэм къыхэкIыжри, ХьэтIохъущыкъуей Ипщэм (Зеикъуэ) щыпсэуащ.

Дыкъуэ Увжыкъуэ и къуэ Хьэзешэ. 1881 гъэм Джылахъстэнейм хыхьэ Астемырей (иджы Акъбащ Ипщэ) къуажэм къыщалъхуащ. Ар хэтащ Урыс-япон зауэм. Япэ дунейпсо зауэм Кавказ шуудзэ дивизэм и Тэтэр, иужькIэ Къэбэрдей полкхэм хэтащ. Георгий и жорым и нагъыщиплIри къыхуагъэфэщащ. «Барбатия си Кредица» сэшхуэ зытет, етIуанэ класс зиIэ румын медалыр кърата нэужь, урядник нэхъыжьу щыта Дыкъуэ Хьэзешэ подпрапорщик ящIащ 1917 гъэм. Граждан зауэм хужьыдзэм ядэзэуа Къэбэрдей шууей полкым хэтащ. 1919 гъэм прапорщик хъуащ. Зэшхэу Кушыку, Къейсынрэ Хьэжкъасымрэ я гъусэу хэкум икIащ 1920 гъэм.

Инэрокъуэ Жанхъуэт и къуэ Алий. 1893 гъэм шыщхьэуIум и 16-м Джылахъстэнейм хыхьэ Къаншыуей (Алъхъо, иджы Курп Ищхъэрэ) къуажэм къыщалъхуащ. 1907 гъэм абы къиухащ Налшык дэта Бгырыс школыр. Япэ дунейпсо зауэр къэхъея нэужь, Кавказ дивизэм и Къэбэрдей шууей полкым урядник нэхъыщIэу, иужькIэ юнкеру хэтащ. 1914 гъэм абы къратащ Георгий щихъым и жорым и 4-нэ, 3-нэ нагъыщэхэр, 1915 гъэм 2-нэ, 1-нэ нагъыщэхэр. Илъэс 22-м иту Георгий щихъым и жорым и нагъыщэ псори къыхуагъэфэщащ абы. 1915 гъэм фокIадэм и 10-м къыщыщIэдзауэ 1916 гъэм и накъыгъэм пщIондэ ар щоджэ прапорщикхэм я еджапIэу Тифлис дэтым. Аннэ щихъым и орденым и 3-нэ, Станислав щихъым и орденым и 3-нэ нагъыщэхэр къратащ. 1917 гъэм корнет дамэтелъыр, Станислав щихъым и орденым и 2-нэ нагъыщэмрэ Аннэ щихъым и «Хахуагъэм папщIэ» орденымрэ къыхуагъэфэщащ. Апхуэдэуи абы иIащ Румынием и орден. Хужьыдзэм хэту зэуа Инэрокъуэр Граждан зауэм хэкIуэдащ. ТIэу къишауэ щытащ, ауэ бын иIауэ дыщыгъуазэкъым. Къуэшитху иIащ - СулътIан, Iэубэчыр, Аслъэмбэч, Рашид, Шырэ сымэ.

Къуэгъулъкъуэ Талъостэн и къуэ Мысост (1874 - 1933). Къуэгъулъыкъуей (иджы Урыху) къуажэм лIакъуэлIэш унагъуэм къыщалъхуащ. 1904 - 1905 гъэхэм Урыс-япон зауэм щыIащ Къэбэрдей шууей полкым хэту. Георгий щихъым и жорым и 4-нэ нагъыщэр 1904 гъэм къратащ. Япэ дунейпсо зауэм щыгъуэ ар хэтащ Кавказ шуудзэ дивизэм. 1914 гъэм Георгий щихъым и жорым и 3-нэр, 1915 гъэм 2-нэ, 1-нэ нагъыщэхэр къратащ. Офицер-прапорщик ящIащ. А гъэ дыдэм Станислав щихъым и орденым и 2-нэ нагъыщэр, 1916 гъэм Станислав щихъым и орденым и 3-нэ, Аннэ щихъым и орденым и 3-нэ нагъыщэхэр къыхуагъэфэщащ. Граждан зауэм щIидза нэужь, 1-нэ Къэбэрдей шууей полкым, иужькIэ 1919 гъэм Къэбэрдей шуудзэ дивизэм хэту зэуащ. 1930 гъэм ягъэтIысри, 1933 гъэм накъыгъэм и 1-м илIыхьащ тутнакъэщым. 1989 гъэм ягъэзэхуэжащ, лей къытехьауэ къалъытэри. И щхьэгъусэр осетинхэм къахэкIащ. Къуищрэ пхъуитIрэ иIащ - Нахъуэ, Анфокъуэ, Умар, Замилэт, Зарьят.

Тамбий Мыхьэмэт и къуэ Исмэхьил (1876 - 1918). ЛIакъуэлIэш адыгэ унагъуэм къыхэкIащ. Тамбий ЕтIуанэ къуажэм (иджы АлътудкIэ зэджэм) къыщалъхуащ. Урыс-япон зауэм къыщратащ Георгий щихъым и жорым и 4-нэ нагъыщэр. Япэ дунейпсо зауэм Къэбэрдей шуудзэ полкым и 2-нэ шууищэм хэтащ. Георгий щихъым и жорым и 3-нэ нагъыщэр 1914 гъэм, 2-нэ, 1-нэ нагъыщэхэр 1915 гъэм къратащ. Ар хэтащ Даутокъуэ-Серебряков зэщIигъэуIуа дзэм. Милицэм и прапорщик Тамбийр 1918 гъэм яукIащ.

Тхьэзэплъ Умар и къуэ Исмэхьил. Къуэжьыкъуей Ищхъэрэм (Шэрэдж Ищхъэрэ) щыщ адыгэ мэкъумэшыщIэ унагъуэм къыщалъхуащ. Ар хэтащ Кавказ шуудзэ дивизэм и Къэбэрдей шууей полкым. 1916 гъэм Георгий щихъым и нагъыщэ псори къыхуагъэфэщауэ щытащ. Инджылыз зауэ медалыр, Румыным и «Барбатия си Кредица» медалыр къратат. 1917 гъэм офицер - прапорщик хъуащ. Граждан зауэр къэхъея нэужь, Къэбэрдей хужьыдзэ шууей дивизэм и 1-нэ шууей полкым корнету хэтащ. Абы иIащ щхьэгъусэ, къуэш. 1920 гъэм Хэкум икIащ. Исмэхьил Америкэм щылIэжащ.

ХьэпцIэ Жамболэт и къуэ Берд. 1896 гъэм Джылахъстэней уэркъ унагъуэм къыщалъхуащ. Япэ дунейпсо зауэм щыгъуэ ар хэтащ Кавказ шуудзэ дивизэм и Къэбэрдей шууей полкым и еплIанэ шууищэм. Георгий щихъым «Хахуагъэм папщIэ» и медалыр 1914 гъэм къыхуагъэфэщащ. 1915 гъэм Георгий щихъым и жорым и 4-нэ, 3-нэ, 2-нэ нагъыщэхэр, 1916 гъэм 1-нэ нагъыщэр къратащ. 1917 гъэм уIэгъэ хьэлъэ мэхъу. Граждан зауэм и мафIэ лыгъэм Къэбэрдей шуудзэ дивизэм хэту къелахэм ящыщ зыуэ, ХьэпцIэм 1920 гъэм Хэкур Кърымым щебгынэ. 1923 гъэм хьэрып къэралхэм щыIа Франджым и дзэхэм хэтащ. ТыркумкIэ къокIыжри, абы СССР-м къегъэзэж. Ар Джылахъстэнейм хыхьэ ХьэпцIей къуажэм щыпсэууэ, 1928 гъэм ягъэтIысри ягъэкIуэдащ. Щхьэгъуси быни иIакъым.

 

БицIу ТIурэ и къуэ Ахьмэд. 1878 гъэм Дыгъужьыкъуей (Аушыджэр) къуажэм щыпсэу мэкъумэшыщIэ унагъуэм къыщалъхуащ. Урыс-япон зауэм шууейуэ, урядникыу Къэбэрдей шууищэм хэтащ. Зауэ орденым и 4-нэ нагъыщэр къыхуагъэфэщащ абы. Япэ дунейпсо зауэм щIидза нэужь, Кавказ шуудзэ дивизэм и Къэбэрдей шууей полкым хэта БицIум къыхуагъэфащэ Георгий щихъым и жорым и 3-нэ, 2-нэ нагъыщэхэр. Къэбэрдей шуудзэ дивизэм и 2-нэ полкым и 4-нэ шууищэм хэтащ. Ар щыпсэуащ Дыгъужьыкъуей къуажэм. Щхьэгъусэ, къуитIрэ зыпхъурэ иIащ.

Джарым Мусэ. 1876 гъэм къалъхуащ, бжьэдыгъухэрщ къызыхэкIар. Къыщалъхуари къыщыхъуари Псыжь областым хыхьэ Аскъэлей къуажэрщ. ЩIэныгъэ куу иIащ. Ар хэтащ Урыс-япон зауэм. Езым и фIэфIыныгъэкIэ Тэрч-Псыжь шууей полкым хыхьащ. Урыс-япон зауэм урядник нэхъыщIэу хэту, Джарымым 1904 гъэм къыхуагъэфэщащ Георгий щихъым и жорым и 4-нэ нагъыщэр, 1905 гъэм 3-нэр. 1915 гъэм Георгий щихъым и жорым и 2-нэ, 1-нэ нагъыщэхэр къратащ. Щхьэгъусэ бгъэдэсащ, бын иIауэ дыщыгъуазэкъым.

КIэблахъуэ Джэмалбий. Абазэхэ лIакъуэлIэшхэм къахэкIащ. Мыбы теухуауэ тхыдэм къыхэнар мащIэ дыдэщ. Милицэм и юнкерщ. Япэ дунейпсо зауэм урядникыу Шэрджэс полкым хэтащ. Георгий щихъым и жорым и нагъыщиплIри иIащ абы. Псыжь областым и Баталпашин щIыналъэм щыпсэуащ. Тыркум щылIэжауэ жаIэ.

ПащIэшхуэ Амэрзан и къуэ Учыжыкъуэ (1881 - 1938). КIэмыргуейм щыщ Хьэтэжьыкъуей къуажэм къыщалъхуащ. Япэ дунейпсо зауэм Кавказ шуудзэ дивизэм и Шэрджэс шууей полкым хэтащ. Псыжь областым щыщ Мейкъуапэ щIыналъэм щыпсэуащ. Абы къратащ Георгий щихъым и жорым и нагъыщэ псори. 1938 гъэм лажьэ имыIэу ягъэтIысри, тутнакъэщым илIыхьащ. 2001 гъэм ягъэзэхуэжащ, лей къытехьауэ къалъытэри.

Хьэмыкъуэ Еражым и къуэ Зэчырей. Шэрджэсым щыщ Къэсейхьэблэ къэбэрдей унагъуэм къыщалъхуащ. Герман зауэшхуэм Шэрджэс шууей полкым хэтащ. Георгий щихъым «Хахуагъэм папщIэ» и медалым и 4-нэ, 3-нэ нагъыщэхэр 1914 - 1915 гъэхэм къыхуагъэфэщащ. Граждан зауэр къэхъея нэужь, хужьыдзэм ядэзэуа Шэрджэс шуудзэ дивизэм хэтащ, офицер-корнет къыфIащауэ. И лIэкIам дыщыгъуазэкъым.

Щхьэлахъуэ Алий и къуэ Рэмэзан. 1885 гъэм Тохъутэмыщей шапсыгъ къуажэм къыщалъхуащ. Япэ дунейпсо зауэм Кавказ шуудзэ дивизэм и Шэрджэс шууей полкым щыщ абхъаз шууищэм хэту зэуащ. Георгий щихъым и орденым и нагъыщэ псори зрата Рэмэзан Граждан зауэр къэхъея нэужь, хужьыдзэм ядэзэуа Шэрджэс шуудзэ дивизэм хэтащ. 1920 гъэм Хэкум икIащ. 1922 гъэм СССР-м къигъэзэжри, Мейкъуапэрэ Псыхуабэрэ щыпсэуащ.

 

 

Зыгъэхьэзырар НафIэдз Мухьэмэдщ.
Поделиться:

Читать также: