1980 гъэм къыщыщIэдзауэ фокIадэм и 27-р Туризмэм и дунейпсо махуэу ЩIы Хъурейм и къэрал куэдым щагъэлъапIэ. АбыкIэ унафэ къыщащтащ Испанием и Торремолинос къалэм 1979 гъэм щекIуэкIа, ООН-м деж щыIэ Дунейпсо турист зэгухьэныгъэм и зэIущIэм.
Тхыдэм щыщщ
НэгъуэщI щIыналъэхэм кIуэныр, зыщыплъыхьыныр, щыпсэу цIыхухэм яхуэзэныр, абыхэм къадекIуэкI хабзэхэм, я тхыдэм щыгъуазэ захуэщIыныр ди зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, ди нэгу зезыгъэужь Iэмал нэхъыфIхэм ящыщщ. Мы IэнатIэр фейдэ хэхыпIэу зэрыщытри гурыIуэгъуэщ. Уеблэмэ, туризмэм ирипсэу къэралхэри щыIэщ.
АтIэми, узыхуейр умыщIэжу щхьэукъуэрилэ ухъуарэ дунейм утезашэу щIэбдзамэ, уи псэм и хущхъуэгъуэри, зыхуэчэму къилъыхъуэри щIэщыгъуагъэкIэ гъэнщIа, зыхимыщIыкIыу щытам лъэзыгъэIэс гъуэгуанэ телъыджэрщ, укъыщыщIидз щIыпIэхэм къыщыбдэунэху теплъэгъуэхэм гу зэIухакIэ уазэрыпэджэжырщ.
Мы махуэм дигу къегъэкIыж дыщыпсэу дунейм и дахагъэр хъумэн икIи абы дыхуэсакъын зэрыхуейр. Абы къыдэкIуэуи, туризмэр лъэпкъ куэдым я щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэр зыгъэбыдэщ. ЖытIэнщи, нэгъуэщI щIыналъэхэр, абыхэм пхыдза дыдэхэри яхэту, зэгъэлъагъуныр, ярысхэм я псэукIэ-щыIэкIэр зыхуэдэм щыгъуазэ захуэщIыныр пасэ зэман лъандэрэ къежьа хабзэщ. Псалъэм папщIэ, ди эрэр къэунэхуным илъэс 400 иIэу псэуа пасэрей алыджхэмрэ урымхэмрэ Мысырым (Египет) кIуэрейуэ щытащ, я нэгу зыщрагъэужьын, а хэкум и тхыдэм, и щэнхабзэм щыгъуазэ зыхуащIын, и щIыгум ит ухуэныгъэхэр, и щIыуэпсыр зрагъэлъагъун мурадкIэ. Къыхэдгъэщынщи, «тхыдэм и адэ» алыдж еджагъэшхуэ Геродот щIыпIэ куэд къызэхикIухьат икIи абыхэм ехьэлIа и къэхутэныгъэхэр тхылъибгъум къыщигъэлъэгъуэжащ.
Дызэрыщыгъуазэщи, апхуэдэ зыплъыхьакIуэ-гъуэгурыкIуэ куэдым адыгэ-абазэ-убых лIакъуэхэм я щIыналъэри зэщIагъэхьауэ щытащ. Гу зэрылъытапхъэщи, лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм къриубыдэу, ди хэкум къихьа а цIыхухэм къызэранэкIа я гъуэгуанэ тхыгъэхэр ноби щIэгъэкъуэныфIщ ди тхыдэр, псэукIар зыхуэдэр дджынымкIи.
Нэхъ гъунэгъу зэхуещI
Туризмэм и махуэм щIыпIэ зэхуэмыдэхэм щыпсэухэр нэхъ гъунэгъу зэхуещI, щызэIущIэкIэ щIыуэпсым хуэсакъын, абы и хъугъуэфIыгъуэхэм гулъытэ хэIэтыкIа яхуэщIын зэрыхуейм ирегъэгупсыс, дунейпсо экономикэм зиужьынымкIэ къыкъуэкI IэмалыщIэхэм топсэлъыхь. ЩыIэщ туризмэр IэнатIэ зыхуэхъуа, и гъащIэм и купщIэ нэхъыщхьэу къэзылъытэхэри.
Ауэ щыхъукIи, иджыри къыздэсым узыщымыгъуазэрэ къыплъэмыIэсыщэу къекIуэкIа щыIэкIэ-псэукIэхэм, ипэкIэ уздэщымыIа щIыпIэхэм зекIуэ гъуэгуанэм ущыхуишэкIэ, укъыздыщыщIидзам «уарэ, аргуэру сыкъыщыпсэужаи!» щыжыуигъэIэу, зэщIэнауэ щыта уи Iэпкълъэпкъри къыщызэщоуж, уи псэри тыншыгъуэ гуэрым щыхешэж. Абы къыдэкIуэуи, пIейтеиныгъэ хьэлэмэтхэр зыхэзыщIэ уи гум и къеуэкIэм арэзы укъищIрэ къэщIыгъэм и IэфIыгъэр зыхэпщIэу, уи псэм и зы дэтхэнэ къуэгъэнапIэми къаруущIэхэр къызэрыхыхьэжыр къапщIэу, нэхугъэм зыхубошииж.
Гукъыдэжыр къэзыIэт зэхъуэкIыныгъэ телъыджэхэм я къежьапIэри, гум апхуэдэ псэхугъуэ къыхэзылъхьэжри зекIуэ гъуэгуанэм къыщыбдэунэху теплъэгъуэхэм нэ щIэщыгъуэкIэ уазэрыIуплъэрщ, умыцIыхуу щытам «сыкъызэфIигъэщIэнущ» хужумыIэу, «къоджам» узэрыпэджэжырщ.
Туризмэм и махуэм гулъытэ хэIэтыкIа ди къэралми щыхуащI 1983 гъэм къыщегъэжьауэ. УФ-м и къалэ куэдым абы теухуа гуфIэгъуэ Iуэхугъуэхэр щокIуэкI, щIыпIаплъэхэр щызэIуощIэ, фестивалхэр щызэхашэ, зыгъэпсэхупIэхэм я лэжьакIуэхэр щызэхуозэ.
ТуризмэмкIэ къэрал комитетым ди нобэми ирегъэкIуэкI «Урысейм и щIыналъэхэр - Мэзкуу зэгурыIуэныгъэ» турист форумым къыщащта проектыр пхыгъэкIыным теухуа лэжьыгъэшхуэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрри ящыщщ абы и ЗэзыгъэуIу Советым хэт хэгъэгу 13-м. Ди щIыналъэм и щIыпIэ дахэхэм, зыгъэпсэхупIэщIэу къыщызэIуаххэм ятеухуа фильм комитетым игъэхьэзыращ. Абы и фIыгъэкIэ Урысейм и цIыхухэм щыгъуазэ зыхуащIыфынущ ди лъахэм и щIыуэпсым и телъыджапIэхэм, узыншагъэр егъэфIэкIуэным теухуауэ республикэм щыIэ Iэмалхэм, нэгъуэщIхэми.
Дыщалъхуа, дыщыпсэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и гугъу тщIымэ, и щIыналъэр и зэхэлъыкIэкIи и гъэпсыкIэкIи щIэщыгъуэщ, удэзыхьэхщ. Псоми зэрытщIэщи, ди лъахэм итщ Европэм и бгы нэхъ лъагэ дыдэ Iуащхьэмахуэ. Абы лъэныкъуитIымкIи щыIэ и Iэшэлъашэр мы зэманым хъуащ иджырей мардэхэм къитIасэу зызыужь зыгъэпсэхупIэ телъыджэ.
Нартсанэ (Кисловодск) къикIыу Iуащхьэмахуэ лъапэ дыгъэмыхъуэ лъэныкъуэмкIэ щиIэ псы хущхъуэхэу (Таучэшхэ я псынащхьэхэу) мы зэманым «Джылысу» цIэр зытеIукIам екIуалIэ гъуэгур къызэрызэIуахари ди щIыналъэм зыгъэпсэхуакIуэ къихьэхэм я бжыгъэм хэпщIыкIыу зэрыхэхъуам и зы щхьэусыгъуэщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым туризмэм зэрызыщиужьыр и экономикэм дежкIэ щIэгъэкъуэнышхуэщ.
Зы псалъэкIэ жытIэмэ, дуней псом щагъэлъапIэ Туризмэм и махуэр ди республикэми куэду къегъэщIылIащ.