27 сентября, 2023 - 10:55
ФокIадэм и 27,
бэрэжьей
Туризмэм и дунейпсо махуэщ
ГъэсакIуэхэмрэ зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр щапI IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэмрэ я махуэщ
1933 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, литературэдж, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хьэщхъуэжь Раисэ.
1965 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Къущхьэбий Анзор.
1967 гъэм къалъхуащ модельер, адыгэ фащэхэр дыным хуэIэкIуэлъакIуэ, химие щIэныгъэхэмкIэ кандидат ХьэцIыкIу Мадинэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 20, жэщым градус 13 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Щихури лъагэ дыдэу докIей, къыпыкIэIакъым мыхъумэ.
Зыгъэхьэзырар Багъэтыр Луизэщ.