ТхылъыщIэхэр зэрагъэзэхуэжакIэщ«Махуэкум» и иужьрей къыдэкIыгъуэм (жэпуэгъуэм и 26, №128) тетащ Шал Мухьэмэд игъэхьэзыра «Аргуэру щIэрыщIэу къратхыкIыжынущ» тхыгъэр. Ар зытепсэлъыхьа Iуэху зэхэзэрыхьар ипэкIэ зы лъэбакъуэкIэ кIуэтащ, тхыдэмкIэ еджакIуэ тхылъхэм ихуа кавказ лъэпкъхэм ятеухуа Iыхьэр зэрагъэзэхуэжакIэщ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, дызэрыт гъэ еджэгъуэм и пэм ирихьэлIэу, урысей еджакIуэхэм тхыдэмкIэ тхылъыщIэхэр хуагъэхьэзыращ. Ахэр зэхагъэуват УФ-м и Президентым и дэIэпыкъуэгъу Мединский Владимиррэ МГИМО-м и ректор, академик Торкунов Анатолийрэ. Сталин Иосиф и унафэкIэ Хэку зауэшхуэм и кIэм Кавказым ирашауэ щыта лъэпкъхэм я тхыдэр абы къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ цIыхухэр арэзы хъуакъым. «10-нэ классым папщIэ тхыдэмкIэ еджакIуэ тхылъым ихуа Iыхьэм елэжьахэр е ящIэр ящIэжу пэжым теплъэкъукIащ, е къафIэмыIуэхуу, я къалэным елIэлIакъым», - зыжьэу жаIащ Кавказ лъэпкъхэм я конгрессым и унафэщI Тоторкулов Анатолий, Къэрэшей-Шэрджэсым, Ингушым, Шэшэным я унафэщIхэу Темрезов Рашид, Калиматов Мэхьмуд-Алий, Кадыров Рамзан сыми, жылагъуэ лэжьакIуэхэми. «Дэ илъэс къэс къытезыгъазэ щыгъуэ махуэ диIэщ, ди лъэпкъыр ирашауэ зэрыщытар зыщыдгъэгъупщэркъым. Сыт а уIэгъэхэр къыщIэбгъэхъеижынур? Хэт а параграфыр тхылъым изытхар? Сыт хуэдэ мурад иIэу? - щIэупщIэрт Тоторкулов Анатолий. - Аргуэру пцIы телъхьэпIэ къалъыхъуэу ара, хьэмэ иджыпсту хуэдэ зэман гугъум Урысейр зэпкърагъэхуным телажьэрэ? Лъэпкъым и зэгупсысыжыкIэу аращ тхыдэр! Дэ абы и пэжым дыщыгъуазэщ, лъэпкъыр щIрашари абыкIэ къуаншэхэр хэтми дощIэ. Ди сабийхэр я лъэпкъым къытралъхьа пцIым щIагъэджыкIыну хуейр хэт?» Я акъыл зэтехуэу кавказ лIыщхьэхэр къэува нэужь, абыхэм УФ-м и Президентым и Администрацэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI Ярин Андрей, егъэджэныгъэмкIэ министр Кравцов Сергей, тхылъыр зи IэдакъэщIэкI Мединский Владимир сымэ зыхуагъазэри, икIэщIыпIэкIэ тхылъым хэплъэжын гуп Кавказым щыщу зэрагъэпэщащ. Мединскэм занщIэу зыкъиумысащ щыуагъэ зэрыIэщIэкIамкIэ икIи тхылъыр зэригъэзэхуэжыну зэрыарэзыр къажриIэри, и псалъэр пIалъэ кIэщIым игъэпэжащ. Жылагъуэ лэжьакIуэхэми цIыху щхьэхуэхэми егъэлеяуэ я гум ежэлIат езыхэм ятеухуа пычыгъуэхэм «власов и пыхъуэпышэхэр», «бандеровецхэр» псалъэхэр къызэрыщагъэсэбэпар. «Лажьэ зимыIэ куэд хиубыдащ» жаIэу, тхылъыр зэхэзылъхьахэм сакъыныгъэ гуэр яхэлъа пэтми, лэжьыгъэр зэрыщыту кърамытхыкIыжынкIэ Iэмал имыIэу яукъуэдиящ. Тоторкулов Анатолий «Коммерсантъ» газетым и корреспондентым щепсалъэми, жриIащ: «Сталиным и зэманым екIуэкIа лейм теухуауэ хэIущIыIу ящIа пцIыр къратхыкIыжри, Урысейм зигу хуэкъабзэ цIыху мелуанхэм я пщIэр ираудыхащ». Хъарзынэу Iуэхур и пIэ икIыным хэлIыфIыхьащ Къэрэшей лъэпкъым и конгрессри. «Власовецхэмрэ» «бандеровецхэмрэ» къыщIыдогъэщ жаIэри, ингушхэм, шэшэнхэм, къэрэшейхэм, къалмыкъхэм, кърым тэтэрхэм ящыщу, псэемыблэжу зауэ IэнатIэм Iута, СССР-м и къуэ пэжхэм я напэ трахащ мы тхылъымкIэ», - жаIэри, абыхэм Къэрал Думэмрэ ФедерацэмкIэ и Советымрэ зыхуагъэзащ. Ахэр арэзы къищIакъым «Азие Курытым и унафэщIхэм ялъэкI къагъэнакъым зи хэку зыфIэкIуэдахэр зыхуей хуагъэзэн папщIэ» псалъэухами, «лъэпкъхэм я нэхъыбэм ягъэзэжа нэужь, я къэралыгъуэхэр зэфIэувэжащ» жаIэу зэратхами. Языныкъуэхэм нобэми къалъытэ къагъэзэжа нэужь екIуэкIа щIыдауэм я къэралыгъуэ нэщэнэхэр яIэщIихауэ. «1957 гъэм балъкъэрхэм, къалмыкъхэм, къэрэшейхэм, шэшэнхэм, ингушхэм я къэралыгъуэр зэфIэувэжащ» псалъэухари зыхуей хуэмызауэ къалъытащ икIи еджакIуэ тхылъхэр цIыкIухэм къыIахыжыным трагъэчыныхьащ. Иджыблагъэ хэIущIыIу хъуащ зэдауэ къызэрыкIа тхылъым и Iыхьэр зэрызэрагъэзэхуэжам теухуа хъыбар. ЕгъэджэныгъэмкIэ министерствэм зэхъуэкIыныгъэ зыхалъхьа тхыгъэр Къэрэшей лъэпкъым и конгрессми адрей лъэпкъхэм а IуэхумкIэ жэуап щызыхь зэгухьэныгъэхэми яхуигъэхьащ. Шал Мухьэмэд и тхыгъэм къыщихьа, тхылъым ихуа пычыгъуэр мыпхуэдэ щIыкIэу зэрахъуэкIыжащ: «Хэку зауэшхуэм и напэкIуэцI гущIыхьэхэм яз хъуащ фронтымрэ биймрэ зэрыгъунэгъум къыхэкIыу, ЗыхъумэжыныгъэмкIэ къэрал комитетым и унафэкIэ 1941 - 1944 гъэхэм лъэпкъ псохэр пцIы тралъхьэу щыпсэу щIыпIэхэм зэрырашар. ХэгъэзыхьыгъуэкIэ лъэпкъ 12 я щIыпIэхэм ирагъэIэпхъукIри, я къэралыгъуэхэм нэмыщI, нэхъыбэм яIа лъэпкъ-щIыпIэ автономиехэри яфIэкIуэдащ. ЦIыху щэрэминхэр Iэщэр ятеубыдауэ къэралым и адрей кIапэм - Сыбырымрэ Азие Курытымрэ - икIэщIыпIэкIэ яхуат. ЕпцIыжакIуэ закъуэтIакъуэхэмрэ щIэпхъаджащIэхэмрэ я гъусэу лажьэ зимыIэ, совет властым хуэпэж цIыху гупым лей къатехьащ, псэемыблэжу Дзэ Плъыжьым хэту зауэ IэнатIэм Iутарэ пэт. Хэкум ирашахэм бэлыхь куэдрэ гугъуехьышхуэрэ ягъэващ. Захуагъэм хуэм-хуэмурэ гъуэгу щигъуэтыжар 1957 - 2014 гъэхэрщ. СССР-ми иужькIэ Урысей Федерацэми лъэпкъ псохэм тралъхьа тезырыр щыуагъэу къыщалъытэри, зэрагъэкъуаншэ псори къанэ щымыIэу трахыжащ». СССР-м IэщIэкIа щыуагъэхэр ягъэзэкIуэжа щхьэкIэ, урыс пащтыхьыгъуэм XIX лIэщIыгъуэм кавказ лъэпкъхэм яриха лейм теухуа тхыдэ Iыхьэхэр щIэх зэгъэзэхуэжа хъужыну гугъэ щыIэххэкъым. Иджыблагъэ жылагъуэ лэжьакIуэ Хьэшыр Аскэр нэтын игъэхьэзыращ адыгэхэм ятеухуауэ 9-нэ классым папщIэ тхыдэмкIэ еджакIуэ тхылъхэм итыр зэрымыпэжыр къыхигъэщу. Кавказ зауэр къыщIэхъеяр Урысейм къыгухьа Куржыр зи цIи зи щхьи кърамыIуэ, «хъунщIэтеуэм хэпсэукI бгырыс лъэпкъхэм» щахъумэн папщIэ хуэдэу итщ а тхылъым. Гукъыдэж зиIэм Хьэшыр Аскэр тегъэщIапIэ быдэ иIэу утыку кърихьэ пэжми абы къыщIигъэщ пцIыми щыгъуазэ зыщищIыфынущ езым и цIэр зэрихьэу ютубым щиIэ каналым иужьрейуэ ит нэтыным: «Кавказым теухуа пцIымрэ империализмэм и лъэпкъ зэхэгъэжымрэ».
Поделиться:
Читать также:
02.10.2024 - 12:30 →
Хагги-Ваги сымэ къыздикIар
25.09.2024 - 14:04 →
Къалэжьыр яфIэкуэдщ
18.09.2024 - 15:00 →
ЛIыгъэр я лъым хэтщ
17.09.2024 - 12:42 →
Нэхъыщхьэм и пщIэр мыкIуэду
05.09.2024 - 16:08 →
Хабзэр хуитыныгъэм и Iэпэгъущ
|