Я псэр зы къафэщ, я гъащIэр зы гъуэгущ

ГъущIо зэщхьэгъусэхэу Залымрэ Сюзаннэрэ «Кабардинка»-м и къэфакIуэ пажэхэм ящыщщ.
Сюзаннэ къэфакIуэ гупым 2006 гъэм щегъэжьауэ хэтщ, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым актёру щеджа иужькIэ а IэщIагъэм къигъэув Iуэхугъуэ гуэрхэр хузэфIэмыкIыну къыщилъытэм, хореографиемкIэ иунэтIыжащ. ИкIи хущIегъуэжакъым. Сюзаннэ жеIэ «Кабардинка»-м щылэжьэну щIэхъуэпсми а и хъуэпсапIэм щышынэжу зэрыщытар, ар узылъэмыIэсын лъагапIэ гуэру къыщыхъуу.

- Сэ си ныбжь зыри хэттэкъым ансамблым икIи зэрынэхъыжьхэм я мызакъуэу, псори къэфакIуэ цIэрыIуэ защIэт. Абыхэм елъытауэ сыхэтыт сэ?! «Балкария» ансамблым сыкъащтэну хьэзырт, ауэ сызыщIэхъуэпсыр «Кабардинка»-рати, сытегушхуащ. ИкIи зы махуи сыхущIегъуэжакъым. Пэжщ, псори дызэрыхуейм хуэдэу хъуркъым, ауэ «гум фIэIэфIыр псэм фIэдахэщ».
 Сюзаннэ жеIэ ансамблым хэтхэр къызэрымыкIуэу зэрызэрыIыгъыр, зым адрейм зыщIегъакъуэ, хуей хъумэ, и Iуэху дегъэкI.
- Зы махуэ укъэмыкIуамэ, псори зэрызэ къыпщIэупщIэнущ, яхузэфIэкIымкIэ дэтхэнэри къыбдэIэпыкъуну хьэзыру. Ар уи гуапэ мыхъуу къанэркъым.
ГъущIохэ я унэгуащэм и псалъэмакъым къыхигъэщащ зэщхьэгъусэхэм я зэгурыIуэми, я зэхущытыкIэ дахэми я лъабжьэр ахэр зы Iуэху зэрыхэтым и фIыгъэу къызэрилъытэр.
- «Кабардинка»-р сэркIэ лэжьапIэ къудейкъым. Абы къарууэ хэтлъхьэр къыпхуэлъытэну къыщIэкIынкъым, ауэ нэхъыбэжкIэ езы IэщIагъэри къыдотэж. Арагъэнщ зи гугъу сщIа гугъуехьхэм дапэлъэщу дыкъыщIекIуэкIри. Мы IэщIагъэм, гупым си гъащIэр зэрагъэбеяр хьэкъщ, ахэр симыIэу си нэгу къысхущIэгъэхьэркъым.
IэщIагъэ псоми хуэдэу, дыдейми фIыри Iейри хэлъщ. Ауэ сэ нэхъыбэу гу зылъыстэр фIыращ. ЩIэх-щIэхыурэ дызэрежьэм къыхэкIыу ди быным къытхуаIэ щытыкIэри нэгъуэщIщ, адрей унагъуэхэм елъытауэ. Унэм дызэрыдэс зэман мащIэм дэ а цIыкIухэм гулъытэ нэхъыбэу зэреттыным яужь дитщ, дакъикъэ къэс къызэрыдгъэсэбэпыным дыхущIокъу. Апхуэдэ унагъуэхэм къихъуэ щIэблэр нэхъ гумащIэу, я щхьэ Iуэху нэхъ дагъэкIыжыфу къэтэджу гу лъыстащ. ХъыджэбзитI диIэщи, зэкIэ тIури къафэм дихьэхыркъым. Пэжщ, сэ абыхэм сащIэрыIэурэ утыкум изгъэхьэнукъым, ауэ къэфэну гукъыдэж яIэми, япэзбудынукъым унагъуэ ихьэху, адэкIэ абыхэм ди унафэ яхэлъыжкъым.
- Илъэс 19 сыхъуху сыкъэфакъым. Си шыпхъур «Шэджэм» ансамблым хэтти, пщыхьэщхьэм ахэр къэсшэжыну сыкIуауэ, ахэр зыгъасэ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Куэшей Алик сригъэблэгъэри, зэ-тIо фIэкIа сымыкIуэу, шхэпсым хуэдэу сызэщIишхэри, иужькIэ къысхуэгъэнэжакъым, - къыхохьэ псалъэмакъым Залым. - ГъуазджэхэмкIэ интситутым хореографиемкIэ и къудамэр къызэрызэIуахрэ илъэс фIэкIа мыхъуу сыщIэтIысхьат. Япэ курсым Атэбий Игорь дыщригъаджэти тIэкIурэ къыскIэлъыплъа иужь, ансамблым сригъэблэгъауэ щытащ. Апхуэдиз илъэс бжыгъэкIэ утыкум итахэм тыншу сахэпшэхъуащ, сценэм дыщитым деж я кум сыдаубыдэрти сагъэлъагъурт. Ауэ ди лэжьыгъэм щынэхъыщхьэращи, гугъуехьым ущымышынэу улэжьэн хуейщ. Апхуэдэущ къэфакIуэ нэс къызэрыпхэкIынур, армыхъумэ зэфIэкIым я нэхъ иныр ббгъэдэлъми мыхьэнэ иIэкъым.
«Къаплъэ нэхърэ, къиплъ» жеIэ адыгэм. Сыхуейт ди гупыр нэхъ гъунэгъуу фэзгъэцIыхуну. ЖаIэкIэ уи фIэщ хъункъым ди зэрыIыгъыкIэр, уеблэмэ зы унагъуэ исхэр апхуэдэу щызэхуэмыгуапэ щыIэщ. Гъуэгуращ цIыхур къыщыпцIыхур, апхуэдиз зекIуэм яужькIэ схужыIэнущ ансамблым хэтхэм укъызэрамыгъэщIэхъунур. ЩIакхъуэ Iыхьэ нэхъ дымыIыгъми, ар зэхуэдэу зытыдогуашэ, цIыху щхьэхуэм и гуфIэгъуэри и гуауэри апхуэдэ дыдэу зэдыдогуэш. Зэгуэрым Италием дыкIуэрт. МахуитхукIэ гъуэгу дытетауэ гъуэмылэу тIыгъыр къытIэщIэухат. Зыгуэрым ягъавэ суп цIыкIум хуэдэ къигъуэтыжати, ар дгъавэри ансамблыр зэрыщыту дыхэшхыкIауэ щытащ. Мис апхуэдэ гъэунэхупIэ куэд дихуащ «Кабардинка» - унагъуэр. Ди адэ-анэм дыкъамыцIыхункIэ хъунущ дэ мы гупым дыкъызэрыщащIэм хуэдэу. Нобэ сиIэ дуней тетыкIэм и IыхьэфIыр зыгъэпсар зи гугъу фхуэсщI гуп дахэращ. КуэдкIэ сахуэарэзыщ, фIыщIэ ин яхузощI а гъуэгуанэм сызыщрихьэлIа дэтхэнэми. Адыгагъэр, зыIыгъыкIэр нэсу къытхапщащ. Дуней псом къыщацIыху ансамблым ухэтыныр, а унагъуэм ущыщыныр пщIэ иным и мызакъуэу, ар икIи жэуаплыныгъэшхуэщ, абы уэрамым ущыдэтми, гуп уащыхэтми, уахуэфэщэн хуейщ.
Къафэм хузиIэ фIылъагъуныгъэр - хъыбар щхьэхуэщ, дэ зэщхьэгъуситIри ансамблым дыхэтщи, лэжьапIэми унэми дыкъыщофэ. Уеблэмэ унэм дыкъикIыу лэжьапIэм дыкъэсыхукIи къафэ къеуэмэ, ди Iэпкълъэпкъыр къыдоныкъуэкъу. Псом хуэмыдэу къафэ хуэмхэр си псэм нэхъ фIэфIщ, «Уэркъ къафэм» сыт пэхъун?! ФIыуэ слъагъу къафэхэм ящыщщ «Бжэдыгъу ислъэмейр», ар зэщхьэгъусэм догъэзащIэ. А къафэр ди деж зэрыщагъэувам хъыбар гъэщIэгъуэн иIэщ. Ансамблым сыкъыхыхьагъащIэу, «Налмэс» ансамблым и унафэщIу щыта Къул Мухьэмэд къакIуэри, къызжиIат: «Си гъащIэ псом хъуэпсапIэ ин сиIэщ «Кабардинка»-м сыщылэжьэну, ауэ зэи Iэмал згъуэтакъым. Иджы къафэ згъэувыну хуит сащIащи, фи нэгу къыфхущIэгъэхьэнкъым сызэрыгузавэр. Сыхуейщ сэ мы къафэр псэуну». Апхуэдизу а псалъэхэр си гум хыхьати, номин къафэми сыкъэфэну сыхьэзырт. ЩIалитIрэ хъыджэбзитIрэ дыхэту къафэр ягъэуват. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, репертуарым ар куэдрэ хэтакъым, си гъусэхэр ансамблым хэкIыжати. Зэман блэкIауэ, Атэбий Игорь а къафэм сыкъигъэфэну щыжиIэм, дамэ къыстекIа пэлъытэт: си щхьэгъусэмрэ сэрэ ди закъуэ дыхэту дгъэувыжащи, тIуми а къафэм пэтщIын щыIэкъым.
 ФIыуэ плъагъу сыт хуэдэ Iуэхури ефIэкIуэну ущIохъуэпс, апхуэдэ хъуэпсапIэхэр ди ансамблым ехьэлIауи сибэщ.

Поделиться: