ПсэукIэр ирагъэфIакIуэ![]() Къэбэрдей-Балъкъэрым фэтэр куэду зэхэт унэу 67-рэ къызыхуэтыншэу щызэрагъэпэщыжынущ 2024 гъэм къриубыдэу, лифту 22-рэ абыхэм щызэрахъуэкIынущ. Лэжьыгъэхэр щекIуэкIынущ республикэм и щIыналъэ псоми. Унэхэр сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу зэгъэпэщыжын лэжьыгъэхэм хохьэ я щхьэхэр зэхъуэкIыныр, унэ IуплъапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжыныр, абы екIуалIэ бжьамийхэр, ток кIапсэхэр, н.къ. зэхъуэкIыныр, щIыунэхэр тэмэму къищIыкIыжыныр, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэ Iуэхугъуэхэм я фIыгъэкIэ фэтэр куэду зэхэт унэхэм щIэсхэм я псэукIэр йофIакIуэ, нэхъ тынш мэхъу. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым фэтэр куэду зэхэт унэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжынымкIэ и фондыр Урысей Федерацэм и щIыналъэ оператор нэхъыфIипщIым хагъэхьащ. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
13.02.2026 - 16:35 →
ЩIэблэм нэхъапэ щыIэкъым
13.02.2026 - 12:55 →
ГъащIэ щыIамэ арат
12.02.2026 - 18:39 →
Гъуэгу лэжьыгъэхэр
12.02.2026 - 12:26 →
Радиом и Iэмалхэр
12.02.2026 - 11:11 →
ЗэгурыIуэныгъэр япэ ирагъэщу
| ||





