2024 гъэми пащэнущ![]() Къуажэ гъащIэ УФ-м «Къуажэхэм зегъэужьын» и къэрал программэр гъэзэщIэным Къэбэрдей-Балъкъэрым 2024 гъэми щыпащэнущ. Iуащхьэмахуэ щIыналъэм зи гугъу тщIы программэм хыхьэу IуэхущIапIэу 4-м псы езышалIэ бжьамийхэр щызэрахъуэкIынущ, къищынэмыщIауэ сабий сад, спортым щыхуагъасэ школ, ныбжьыщIэхэр гъуазджэм щыхурагъаджэ центр иджырей мардэхэм къитIасэу щызэрагъэпэщыжынущ. ИужьреитIым ехьэлIа лэжьыгъэхэр илъэситIкIэ екIуэкIынущ: 2024 гъэм къыщыщIэдзауэ 2025 гъэри хыхьэу. Программэм ипкъ иту, Бахъсэн, Аруан районхэм я къуажэхэм пхрыкI гъуэгухэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжынущ. Абы нэмыщI, 2023 гъэм республикэм и районищым къыщрахьэжьауэ щыта Iуэхухэм щыпащэнущ: ЩэнхабзэмкIэ унэхэр Псыхъурей, Эльбрус къуажэхэм щызэфIагъэувэнущ, спорт комплексыщIэрэ топ джэгупIэрэ Щхьэлыкъуэ къуажэм щаухуэнущ. Зи гугъу тщIы лэжьыгъэм, федеральнэ, республикэ бюджетхэм къыхэкIыу, 2024 гъэм, псори зэхэту, сом мелуан 387,4-м нэблагъэ трагъэкIуэдэнущ. Къэрал программэр республикэм зэрыщагъэзащIэм кIэлъыплъыр КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэрщ. КЪАНКЪУЛ Раисэ.
Поделиться:
Читать также:
10.10.2026 - 11:18 →
Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр
09.10.2026 - 18:48 →
Унэхэм хурашалIэ
09.10.2026 - 18:43 →
ПэхуэщIэхэр къуажэм щолажьэ
09.10.2026 - 17:40 →
И IэщIагъэм игури и псэри етауэ
09.10.2026 - 17:03 →
ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ
| ||





