25.04.2024, 14:33 - Жылагъуэ

Iэщым ирагъэшх Iус зэхэлъыр къыщIэзыгъэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым щылажьэ IуэхущIапIэхэр нобэкIэ 13 мэхъу. Ахэр псори хьэрычэт щIэн IэнатIэ мыинхэрэ уней IуэхущIапIэхэрэщ.

25.04.2024, 13:00 - Жылагъуэ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Замир Хьэсэнбий и къуэм и цIэр зезыхьэ кадет еджапIэ-интернат №1-м. Абыхэм еджакIуэ ныбжьыщIэхэм драгъэкIуэкIащ лIыгъэм и дерс, я лэжьыгъэми щыгъуазэ ящIащ.

23.04.2024, 19:01 - Жылагъуэ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж. Лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI Осетинскэ, Балкарскэ, Молодежнэ, ЕтIуанэ Таман дивизэм, Къэзанокъуэ Жэбагъы, Мусукаевым, Хъураным я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм. 

23.04.2024, 17:06 - Спорт

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ставрополь крайм, Осетие Ипщэмрэ Осетие Ищхъэрэ – Аланиемрэ я бэнакIуэу 100-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 14-м щIимыгъуауэ. 

23.04.2024, 14:56 - Литературэ

1-нэ Iыхьэ Си анэ шыпхъур сымаджэщым кIуат, зригъэплъыну. Сэри къалэм сыщылажьэрти, ар къыщысщIэм, сыкIэлъыкIуащ, и закъуэ дыдэу анализ гъунэншэхэм яужь измыгъэтын папщIэ. КъызэрыщIэкIамкIи, и закъуэтэкъым – си анэр щIыгъут. Си япэ къищат. Сэрыншауи зэфIэкIынут Iуэхури, сыкъежьэжащ. 

23.04.2024, 12:52 - Жылагъуэ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ. Абыхэм ящыщ зыщ компьютер Iэмалхэр къагъэсэбэпу ныбжьыщIэхэм яхуэгъэзауэ ялэжь щIэпхъаджагъэхэр. 

23.04.2024, 10:48 - Жылагъуэ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу. ДяпэкIэ зэрыхьзэрий щымыIэу лъэсырыкIуэхэм тыншу къыщакIухьынущ, машинэхэри щIыпIэ хэхам щагъэувынущ. Паркингым деж щыщIэдзауэ кIапсэ гъуэгухэм нэс цIыхухэр шаттлхэмкIэ яшэнущ. Ахэр дакъикъи I0 къэс зэ токI. 

 

 

ОСТАЛЬНЫЕ РУБРИКИ

Спорт
07.07.2023 - 15:27 | 👁 47

Подробности...

Бакъей зэкъуэшхэр

Дыгулыбгъуей къуажэм щыщ Бакъейхэ Анзоррэ Заринэрэ я щIалищым - Джэмал, Тембулэт, Имран - Iэпщэрыбанэм зыхуагъасэ икIи, я ныбжьми емылъытауэ, ехъулIэныгъэфIхэр щаIэщ. 
Жылагъуэ
07.07.2023 - 15:27 | 👁 37

Подробности...

Утыкур къратамэ…

Къэбэрдей-Балъкъэрым мыIэрысей жыгхэр къемэщIэкIыу пхужыIэнукъым, ауэ абы щхьэкIэ ди тыкуэнхэмрэ бэзэрхэмрэ уасэхэм нэхъ щыкIэрыхууи плъагъуркъым.
Жылагъуэ
07.07.2023 - 15:18 | 👁 42

Подробности...

Суд приставым и фIыгъэкIэ

Налшык къалэм ПащIэм и цIэр зезыхьэ уэрамым мафIэ къыщыщIэнэ пэтащ цIыхубзыр зи рулым дэс, балигъ мыхъуа сабии зэрыс «Приора» автомашинэм.
Тхыдэ
07.07.2023 - 14:55 | 👁 31

Подробности...

Зэманым наIуэ къищIащ

Кавказ зауэм и лъэхъэнэм адыгэхэм я щхьэм кърикIуам тетхыхьыжащ тхыдэдж, щIэныгъэлI, тхакIуэ куэд. Абыхэм ящыщ зыщ публицист, журналист Абрамов Яков.
Жылагъуэ
07.07.2023 - 13:44 | 👁 34

Подробности...

Ар икIи цIыхубз зэкIужт…

Дэ, блэкIа лIэщIыгъуэм и 60-70 гъэхэм я школакIуэхэм, Воскресенская Зое зэрытцIыхур сабий тхакIуэущ. Ар апхуэдизкIэ цIэрыIуэти, ит IэдакъэщIэкIхэм щыщ, уеблэмэ, адыгэбзэкIи зэрадзэкIауэ щытащ.
Махуэгъэпс
07.07.2023 - 11:48 | 👁 83

Подробности...

Илъэс 87-рэ гъуэгуанэ

Бадзэуэгъуэм и 3-р ГИБДД-м (ГАИ) и лэжьакIуэхэм я махуэщ. Урысей МВД-м Гъуэгухэм шынагъуэншэу щызекIуэным кIэлъыплъ и Къэрал инспекцэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 87-рэ зэрырикъум теухуа зэIущIэ гуапэ...
Литературэ
07.07.2023 - 11:46 | 👁 58

Подробности...

ТIабэ и алмэстыр

Зы гъэ гуэрым си къуэш ТIабэрэ сэрэ мэл дгъэхъуу Шэрджэсыкъуащхьэ дытест.
Литературэ
07.07.2023 - 11:00 | 👁 39

Подробности...

ЦIыху пэж

Къамыгупсыса хъыбар (Ещанэ Iыхьэ)
Тхыдэ
07.07.2023 - 10:44 | 👁 45

Подробности...

Уэркъыр быдэнкIэ Iэмал иIэкъым

  Абхъазым и лIыхъужь, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Мэрзей Аслъэнбэч дызэрыт зэманым Абхъаз университетым щрегъаджэ.
Махуэгъэпс
07.07.2023 - 10:27 | 👁 171

Подробности...

НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 7, мэрем
ЩIалэгъуэ
06.07.2023 - 16:35 | 👁 31

Подробности...

Уахэ жыжьэм псэ зыIут къыщалъыхъуэу

Австралием ЩIэныгъэмрэ абы и гуэдзэн унэтIыныгъэхэмкIэ и къэрал зэгухьэныгъэм (CSIRO) хуэлажьэ щIэныгъэлIхэм хьэршым техноген сигналхэр къыщылъыхъуэнымкIэ зэхагъэува проектым хыхьэу, уафэ ж
Махуэгъэпс
06.07.2023 - 15:54 | 👁 20

Подробности...

НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 6, махуэку 1557 гъэм Къэбэрдейр езым фIэфIу Урысейм гухьащ.
Литературэ
06.07.2023 - 14:55 | 👁 28

Подробности...

«Бзу хужь»

МэшбащIэ Исхьэкъ и усэхэмрэ и прозэ тхыгъэхэмрэ куууэ щыпхрышащ къызыхэкIа лъэпкъым и зэхэщIыкI-гупсысэр, хэкум хуиIэ лъагъуныгъэр, абы и тхыдэр.
Жылагъуэ
06.07.2023 - 13:31 | 👁 19

Подробности...

Къела къудейтэкъым…

Апхуэдэ щытыкIэр гъэщIэгъуэн щыхъужыр иужькIэщ. Ауэ абы къихутам и дежкIэ ар узижагъуэнщ, гугъапIи имыIэжу.
Жылагъуэ
06.07.2023 - 10:53 | 👁 26

Подробности...

Псэми и дохутырщ

Хэлат хужьым къалэн къыщищIхэр дагъуэншэу зыгъэзащIэхэм ящыщщ Ислъэмей къуажэм дэт амбулаторэм и терапевт ГъукIэ (Гуэщокъуэ) Людмилэ.
Литературэ
06.07.2023 - 10:04 | 👁 31

Подробности...

ЦIыху пэж

Къамыгупсыса хъыбар (ЕтIуанэ Iыхьэ)

Страницы