|
|
27.09.2026, 10:00
-
Щэнхабзэ
Республикэм и Лъэпкъ библиотекэм къыщызэрагъэпэщащ дэрбзэр ХьэцIыкIу Мадинэ теухуа пшыхь дахэ. Ар иригъэкIуэкIащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актёр Тэмазэ Лиуан. Мадинэ и фащэхэм, бзылъхугъэм и IэщIагъэм лъэпкъ щэнхабзэр зэригъэбеир, щIалэгъуалэр адыгэгу-адыгэпсэ щIынымкIэ ар зэрысэбэпыр, ди тхыдэм куэдкIэ пэджэж телъыджэхэр къызэригъэщIыфыр ягъэщIэгъуэныщэу дэрбзэрым утыкур къыхузэрагъэпэщащ. Мы зэIущIэм къыщыпсэлъащ гъуазджэм, литературэм я лэжьакIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, тхыдэджхэр.
26.09.2026, 09:30
-
Жылагъуэ
Ди республикэм мы махуэхэм щокIуэкI цIыхум психикэ и лъэныкъуэкIэ и узыншагъэм нэхъыфIу елэжьыным хуэщIа IэмалыщIэхэр къыщагъэнаIуэ щIэныгъэ-практикэ конференц. Къэралым и щIыналъэ куэдым я лIыкIуэхэр къызрихьэлIа а медицинэ зэIущIэшхуэм хэтхэм яхуэзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
26.09.2026, 09:00
-
ЗэIущIэхэр
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ Къэрал Думэмрэ щIыпIэ самоуправленэхэмрэ я депутатхэм я хэхыныгъэр къызэзыгъэпэща щIыналъэм и хэхакIуэ комиссэм хэтхэм, щIыпIэхэмрэ участкэхэмрэ щылэжьахэм.
20.09.2026, 12:00
-
Жылагъуэ
Ди лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэм тхыдэм къыпхиша гъуэгуанэ екIум ди нобэри зэригъэбжьыфIэм и щыхьэтщ гъэм и кIыхьагъкIэ къыдах шыгъажэхэр, ди шухэм я ехъулIэныгъэхэр, езы шы лъэпкъыр елIалIэу зэрахъумэр. ГъущIыкIэм къыхэщIыкIа машинэхэмрэ кхъухьлъатэхэмрэ дакъикъэ бжыгъэм узыхуей щIыпIэм узэрынагъэсым щхьэкIэ къэмынэу, псэкIэ зэрыщIэ адыгэлIымрэ адыгэшымрэ зэкIэрызычын щхьэусыгъуэ нобэр къыздэсым къызэрыкъуэмыкIам фIыкIэ узыщегъэгугъ.
19.09.2026, 10:17
-
Жылагъуэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым, адрей щIыналъэ псоми хуэдэу, дыгъуасэ сыхьэтийм, Урысейм и Къэрал гимныр къеуэу, хэхыпIэхэм я бжэхэр къыщызэIуахащ. ЗэрыфщIэщи, цIыхухэм къапэщылъщ мы махуищым (фокIадэм и 18-м къыщыщIэдзауэ 20 пщIондэ) Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и ебгъуанэ зэхуэсыгъуэм и депутатхэмрэ муниципальнэ унафэщIхэмрэ хахыну.
19.09.2026, 10:00
-
Жылагъуэ
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Урысейм щекIуэкI хэхыныгъэхэм жыджэру хыхьащ.
18.09.2026, 12:56
-
Махуэгъэпс
Урысей Федерацэм Мэзым и лэжьакIуэхэм я махуэр зытраухуар фокIадэм и ещанэ тхьэмахуэ махуэрщ, нэгъуэщIу къэдгъэлъагъуэмэ, и 15-м къыщыщIэдзауэ и 21-ри хыхьэущ (дызэрыт гъэм елъытауэ). 2026 илъэсым ар зытехуэр, зэрынэрылъагъущи, фокIадэм и 20-рщ.
15.09.2026, 13:36
-
Литературэ
Къэрэшей-Шэрджэсым и инжыдждэс къуажэхэм щыпсэуа нэхъыжьыфIхэм я деж щызэхуихьэсыжа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжа Шэрджэс Алий адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь итащ. Мы Iуэтэжри абыхэм ящыщ зыщ.
13.09.2026, 13:29
-
Щэнхабзэ
Художник Трындык Василий СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, и фондым тыгъэ хуищIащ КъБАССР-м щIыхь зиIэ и художник, республикэм мы IэщIагъэм хуеджа и япэ профессиональнэ сурэтыщIхэм ящыщ, и адэ Трындык Николай къыщIэна лэжьыгъэ 24-рэ.
13.09.2026, 12:27
-
Жылагъуэ
Налшык дэт Къэрал макъамэ театрым щекIуэкIащ ШэрIужь Аслъэн илъэс бжыгъэ дахэ зэрырикъуам, и тхылъыщIэ дунейм къызэрытехьам теухуа пшыхь.
12.09.2026, 12:46
-
ЗэIущIэхэр
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ зэпымыууэ лажьэ и зэзыгъэуIу гупым и зэIущIэ.
11.09.2026, 14:13
-
Жылагъуэ
Дызэрыщыгъуазэщи, фокIадэм и 8-м ди къэралым щагъэлъэпIащ Урысей Федерацэм и лъэпкъхэм я бзэхэр хъумэным и махуэр.
06.09.2026, 13:28
-
Жылагъуэ
ЕтIуанэ дунейпсо зауэр щиуха махуэм ирихьэлIэу Налшык къалэм Печатым и унэм щытепсэлъыхьащ тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэм. ЗэIущIэр зыхуагъэпсар милитарист Японием зэращытекIуарт.
05.09.2026, 10:25
-
ЗэIущIэхэр
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэу Геккиев Заур, Родинэ Викторие, Щхьэгуэш Адэлбий сымэ и гъусэу лэжьыгъэ IуэхукIэ Аруан районым щыIащ.
01.09.2026, 12:58
-
Жылагъуэ
Щхьэ, пщэ лышх узыфэ лIэужьыгъуэхэм хабжэ нэм, тхьэкIумэм, жьэ кIуэцIым, щитовиднэ железам, тэмакъым, жьэ пхъэбгъум, нэкIум, щхьэфэм, пщэм къеуалIэхэр. Лышх узыфэу щыIэм я проценти 10-р еубыд мы лIэужьыгъуэхэм, нэхъыбэми ахэр зэфыкIыр цIыхухъухэрщ.
31.08.2026, 16:38
-
Жылагъуэ
Тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, Франджым и пащтыхь, дзэзешэ цIэрыIуэ Бонапарт Наполеонрэ Мысырым щыIа адыгэ мамлюкхэмрэ зэжьэхэуауэ щытащ зэгуэр…
|
|
|