27.09.2026, 10:00 - Щэнхабзэ

Республикэм и Лъэпкъ библиотекэм къыщызэрагъэпэщащ дэрбзэр ХьэцIыкIу ­Мадинэ теухуа пшыхь дахэ. ­­ Ар иригъэкIуэкIащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актёр Тэмазэ Лиуан. Мадинэ и фащэхэм, бзылъхугъэм и IэщIагъэм лъэпкъ щэнхабзэр зэ­ригъэбеир, щIалэгъуалэр адыгэгу-адыгэпсэ щIынымкIэ ар зэрысэбэпыр, ди тхыдэм куэдкIэ пэджэж телъыджэхэр къызэригъэщIыфыр ягъэ­щIэ­­гъуэныщэу дэрбзэрым утыкур къыхузэрагъэпэщащ. Мы зэIущIэм къыщыпсэлъащ гъуазджэм, литературэм я лэжьакIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, тхыдэджхэр. 

26.09.2026, 09:30 - Жылагъуэ

Ди республикэм мы махуэхэм щокIуэкI цIыхум психикэ и лъэныкъуэкIэ и узыншагъэм нэхъыфIу елэжьы­ным хуэщIа IэмалыщIэхэр къыщагъэнаIуэ щIэныгъэ-практикэ конференц. Къэралым и щIыналъэ куэдым я лIыкIуэхэр къызрихьэлIа а медицинэ зэIущIэшхуэм хэтхэм яхуэзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 

26.09.2026, 09:00 - ЗэIущIэхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ Къэрал Думэмрэ щIыпIэ само­управленэхэмрэ я депутатхэм я хэхыныгъэр къызэзыгъэпэща щIыналъэм и хэхакIуэ комиссэм хэтхэм, щIыпIэхэмрэ участкэхэмрэ щылэжьахэм. 

20.09.2026, 12:00 - Жылагъуэ

Ди лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэм тхыдэм къыпхиша гъуэгуанэ екIум ди нобэри зэригъэбжьыфIэм и щыхьэтщ гъэм и кIыхьагъкIэ къыдах шыгъажэхэр, ди шухэм я ехъулIэныгъэхэр, езы шы лъэпкъыр елIалIэу зэрахъумэр. ГъущIыкIэм къыхэ­щIыкIа машинэхэмрэ кхъухь­лъатэхэмрэ дакъикъэ бжыгъэм узыхуей щIыпIэм узэрынагъэсым щхьэкIэ къэмынэу, псэкIэ зэрыщIэ адыгэлIымрэ адыгэшымрэ зэкIэрызычын щхьэусыгъуэ нобэр къыздэсым къызэрыкъуэмыкIам фIыкIэ узыщегъэгугъ. 

19.09.2026, 10:17 - Жылагъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым, адрей щIыналъэ псоми хуэдэу, дыгъуасэ сыхьэтийм, Урысейм и Къэрал гимныр къеуэу, хэхыпIэхэм я бжэхэр къыщызэIуахащ. ЗэрыфщIэщи, цIыхухэм къапэщылъщ мы махуищым (фокIадэм и 18-м къыщыщIэдзауэ 20 пщIондэ) Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и ебгъуанэ зэхуэсыгъуэм и депутатхэмрэ муниципальнэ унафэщIхэмрэ хахыну. 

19.09.2026, 10:00 - Жылагъуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Урысейм щекIуэкI хэхыныгъэхэм жыджэру хыхьащ. 

18.09.2026, 12:56 - Махуэгъэпс

Урысей Федерацэм Мэзым и лэжьакIуэхэм я махуэр зытраухуар фокIадэм и ещанэ тхьэмахуэ махуэрщ, нэгъуэщIу къэдгъэлъагъуэмэ, и 15-м къыщыщIэдзауэ и 21-ри хыхьэущ (дызэрыт гъэм елъытауэ). 2026 илъэсым ар зытехуэр, зэрынэрылъагъущи, фокIадэм и 20-рщ.

15.09.2026, 13:36 - Литературэ

Къэрэшей-Шэрджэсым и инжыдждэс къуажэхэм щыпсэуа нэхъыжьыфIхэм я деж щызэхуихьэсыжа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжа Шэрджэс Алий адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь итащ. Мы Iуэтэжри абыхэм ящыщ зыщ.

13.09.2026, 13:29 - Щэнхабзэ

Художник Трындык Василий СурэтыщI ­гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, и фондым тыгъэ хуищIащ ­КъБАССР-м щIыхь зиIэ и художник, респуб­ликэм мы IэщIагъэм хуеджа и япэ профессиональнэ сурэтыщIхэм ящыщ, и адэ Трындык Николай къыщIэна лэжьыгъэ 24-рэ. 

13.09.2026, 12:27 - Жылагъуэ

Налшык дэт Къэрал макъамэ ­театрым щекIуэкIащ ШэрIужь Аслъэн илъэс бжыгъэ дахэ зэ­ры­рикъуам, и тхылъыщIэ дунейм къызэрытехьам теухуа пшыхь. 

12.09.2026, 12:46 - ЗэIущIэхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм Хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ зэпымыууэ лажьэ и зэзыгъэуIу гупым и зэIущIэ. 

11.09.2026, 14:13 - Жылагъуэ

Дызэрыщыгъуазэщи, фокIадэм и 8-м ди къэралым щагъэлъэпIащ Урысей Федерацэм и лъэпкъхэм я бзэхэр хъумэным и махуэр.

06.09.2026, 13:28 - Жылагъуэ

ЕтIуанэ дунейпсо зауэр щиуха махуэм ирихьэлIэу Налшык ­къалэм Печатым и унэм щы­тепсэлъыхьащ тхыдэ пэжыр ­хъумэным и мыхьэнэм. ЗэIущIэр зыхуагъэпсар милитарист Японием зэращытекIуарт. 

05.09.2026, 10:25 - ЗэIущIэхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэу Геккиев Заур, ­Родинэ Викторие, Щхьэгуэш Адэлбий сымэ и гъусэу лэ­жьыгъэ IуэхукIэ Аруан райо­ным щыIащ.

01.09.2026, 12:58 - Жылагъуэ

Щхьэ, пщэ лышх узыфэ лIэужьыгъуэхэм хабжэ нэм, тхьэкIумэм, жьэ кIуэцIым, щитовиднэ железам, тэмакъым, жьэ пхъэбгъум, нэкIум, щхьэфэм, пщэм къеуалIэхэр. Лышх узыфэу щыIэм я проценти 10-р еубыд мы лIэужьыгъуэхэм, нэхъыбэми ахэр зэфыкIыр цIыхухъухэрщ.

31.08.2026, 16:38 - Жылагъуэ

Тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, Франджым и пащтыхь, дзэзешэ цIэрыIуэ Бонапарт Наполеонрэ Мысырым щыIа адыгэ мамлюкхэмрэ зэжьэхэуауэ щытащ зэгуэр…

   

ОСТАЛЬНЫЕ РУБРИКИ

Литературэ
07.12.2018 - 08:01 | 👁 79

Подробности...

Бабаев Ибрэхьим

Сэ си гуапэ мэхъур дыгъэм щытрихукIэ пшэхэр уафэм. Хэти хуэдэу, хуабэр сфIэфIщи - зыри пэсщIкъым махуэ уэфIым.
Литературэ
07.12.2018 - 08:00 | 👁 38

Подробности...

Зы щIыгум и бынхэр

Усыгъэхэр 2019 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и илъэсыр Къэрэшей-Шэрджэсым, КъШР-м и илъэсыр ди республикэм щагъэлъэпIэну иджыблагъэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ щIыналъэ Iэтащхьэхэм. А Iуэхугъуэм дыпежьэу...
Махуэгъэпс
05.12.2018 - 08:10 | 👁 43

Подробности...

Нобэ

♦Урысейм и Дзэ щIыхьым и махуэщ - 1941 гъэм советыдзэхэм Москва деж нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр щрагъэкIуэтыжу хуежьащ.
Спорт
05.12.2018 - 08:08 | 👁 140

Подробности...

Дунейпсо адыгэ вагъуэхэр

Ди щIыпIэм илъэс мин Iэджэ ипэкIэ щыпсэуа нартхэр гъэ къэс Хьэрамэ Iуащхьэ щызэхуэсырти и щыгум жаншэрхъыр кърагъэжэхырт икIи хэти лъакъуэкIэ, хэти натIэкIэ ар абы дрихуеижырт.
Тхыдэ
05.12.2018 - 08:08 | 👁 813

Подробности...

Адыгэ цейр - лъэпкъыпсэм хэлъ къарум и дамыгъэщ

Лъэпкъ фащэр щыгъын къудейуэ щыткъым ар зезыхьэхэм я дежкIэ.
Махуэгъэпс
05.12.2018 - 08:08 | 👁 106

Подробности...

ГушыIэр Тхьэм и щIасэщ

Сытхъэжу  къэсшакъым Партым зыгуэр хагъэхьэрт. И биографиер яжриIащ, къызэреупщIхэм жэуап яритащ. Ауэ зыгуэр къэпсалъэри жиIащ: - Фыз куэд къызэрыпшам и хъыбарыр къыджеIэт. - Сытхъэжу къэсша уи гугъэ...
Махуэгъэпс
05.12.2018 - 08:07 | 👁 184

Подробности...

Тхылъ телъыджэ

«КЪАРДЭНГЪУЩI Зырамыку и махуэ дэтхэнэри лэжьыгъэкIэ гъэнщIауэ, лъэп­къым хуэщхьэпэн Iуэху зэрихуэ зэпыту мэпсэу» жытIэмэ, егъэлея хъуну си гугъэкъым. Абы и зы щапхъэщ мыр.
Махуэгъэпс
05.12.2018 - 08:07 | 👁 296

Подробности...

И IэдакъэщIэкIхэм щыщхэр

Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ. Пьесэ. Налшык, 1940 гъэ Уэращ зи фIыщIэр. Хуумыгъэгъу. Зыщумыгъэгъупщэ. Усэхэр. Налшык, 1945 гъэ
Махуэгъэпс
05.12.2018 - 08:07 | 👁 84

Подробности...

ЛIы и Iуэхуу хэкум ирищIыхьар

Илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, КъардэнгъущI Зырамыку къыфIащауэ щытащ ди республикэм и цIыхубэ артист цIэ лъапIэр. Сэ фIыуэ къызгуроIуэ апхуэдэр къэзымылэжьам фIащ зэрымыхабзэр.
Махуэгъэпс
05.12.2018 - 08:07 | 👁 92

Подробности...

ЛIищ я пщIэ къылъос

КъардэнгъущI Зырамыку хуэдэ лIы Iущым, лэжьакIуэ емызэшыжым, щIэ­ныгъэлI щыпкъэм псалъэ гуапэ ху­жыпIэну къилэжьыртэкъэ?!

Страницы