08.11.2026, 13:12 - Жылагъуэ

Тэтэрстаным и къалащхьэ Къэзан къикIыу хъыбар гуапэ къытIэрыхьащ. Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) абы щекIуэкI УФ-м и чемпионатым дыщэ медаль къыщихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Пять колец» спорт ­академием и гъэсэн Бекъул Миланэ икIи, ди республикэм щыяпэу, къэралым плIэнейрэ и чемпион ­хъуащ. 

08.11.2026, 12:10 - Щэнхабзэ

Лъэпкъым и бын щэджа­щэ ЩоджэнцIыкIу Алий къы­щалъхуа махуэр курыт еджапIэхэм, тхылъ хъумапIэ­хэм, щэнхабзэмкIэ унэхэм щагъэлъэпIащ. 

08.11.2026, 10:08 - Жылагъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм туриз­мэм и иджырей щытыкIэмрэ абы дяпэкIэ зэрызиужьынумрэ щытепсэлъыхьащ КъБР-м и Парламентым ЭкономикэмкIэ, зыужьыныгъэмкIэ, туризмэмрэ хьэрычэт IуэхумкIэ и ­комитетым и зэIущIэм. 

07.11.2026, 13:07 - Жылагъуэ

КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ иригъэкIуэкIащ НэгъуэщI къэралхэм сату ядэщIынымкIэ советым и зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ «Дунейпсо кооперацэмрэ нэгъуэщI къэ­ралхэм сату ядэщIынымрэ» лъэпкъ проектыр гъэзэщIа зэ­рыхъум.

07.11.2026, 11:06 - Жылагъуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ ­хуэзащ «Кавказ» ГъуэгухэмкIэ управленэм и унафэщI ­Лукашук Александр. 

07.11.2026, 10:05 - Жылагъуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ республикэм и къалащ­хьэм адэкIи сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьыным теухуа зэIущIэ.

31.10.2026, 12:26 - Жылагъуэ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ и унафэм щIэту хабзэубзыху IуэхущIапIэм и Президиумым и зи чэзу зэIущIэр екIуэкIащ. Абы депутатхэр щыхэплъащ Iуэху тIощIым щIигъум. 

31.10.2026, 11:09 - Жылагъуэ

«Къэбэрдей-Балъкъэрыр Кавказым и курыхщ» жыIэгъуэм къегъэлъагъуэ ди щIыналъэм и купщIэр: мыбдеж щIыуэпс уардэр, тхыдэ къулеймрэ щэнхабзэмрэ щызэдокIу. Мы махуэхэм абы и щыхьэрыр щIобэн «Урысейм и щIалэгъуалэ къалащхьэ-2027» фIэщыгъэр къэхьыным. 

28.10.2026, 16:33 - ЩIалэгъуэ

Урысей гвардием и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм щекIуэкIащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм «Республиканская многопрофильная гимназия» и IуэхущIапIэм и тхыдэм щыяпэу еджакIуэхэм тхьэрыIуэ щата Iуэху гуапэ. 

28.10.2026, 15:30 - Жылагъуэ

Алыдж IуэрыIуатэм тхьэхэм я зэхуэсыпIэу къыхэщ Олимп Iуащхьэр а цIэр зезыхьэу а хэкум ит бгырауэ куэдым хуагъэфащэ. Ауэ нэгъуэщI Iуэху еплъыкIи щыIэщ. 

26.10.2026, 16:04 - Щэнхабзэ

- ГущIэгъу, гулъытэ пхэлъу, гъащIэм удекIуу, фIым ущыгугъыу упсумэ, уи хъуэпсапIэм улъэIэсынущ, - жеIэ Тхьэзэплъ Аидэ. Абы Налшык къалэм дэт 9-нэ курыт еджапIэр фIы дыдэу къиухри, мэкъумэш академием и экономическэ факультетым щIэтIысхьащ, а еджапIэм Думэн Мурадин щызэхишауэ щыта «Синдхэр» зи фIэщыгъэ къэфакIуэ гупым хэтащ. ИтIанэ илъэс зыбжанэкIэ къыщыфащ «Кабардинкэ» къэрал ансамблым. Журналист, режисснр Саральп Самарэ «Амазонки» тхылъым, Ахъмэт МуIэед итхам, къытрищIыкIа телефильмым хэтащ.

25.10.2026, 13:20 - ЗэIущIэхэр

Налшык дэт Лъэпкъ библиотекэм ще­кIуэкIащ Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт, зи IэдакъэщIэкIхэмкIэ куэдым я гум дыхьа Мэкъуауэ Амир и тхыгъэхэм щытепсэлъыхьа, езы тхакIуэр и щIэджыкIакIуэхэм щыIуагъэщIа зэIущIэ. 

25.10.2026, 12:18 - Жылагъуэ

Курыт щIэныгъэ щрагъэ­гъуэт IуэхущIапIэхэм ныбжьыщIэхэр дэзыхьэх Iуэху­гъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зыщрагъэузэщI, «Зыу­жьы­пIэ» («Точка роста») фIэщыгъэр зиIэ центрхэр къызэIуа­хыу зэрыхуежьэрэ илъэс зыбжанэ хъуащ. 

24.10.2026, 12:13 - Жылагъуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеозэпыщIэныгъэкIэ хэтащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и ­къуэдзэ Хуснуллин Марат иригъэкIуэкIа, щIыналъэхэм ­зегъэужьынымкIэ комиссэм и зэIущIэм. 

24.10.2026, 10:09 - Жылагъуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ­бюджет лэжьакIуэхэм, къэрал, муниципальнэ къулыкъущIэхэм я улахуэм хэгъэ­хъуэным, Къэбэрдей-Балъкъэрым щып­сэухэм къэрал, муниципальнэ Iуэхутхьэ­бзэхэр зэрыхуащIэр егъэфIэкIуэным ехьэлIа Iуэхухэр гъэзэщIэным теухуа зэIущIэ иригъэкIуэкIащ.

27.09.2026, 10:00 - Щэнхабзэ

Республикэм и Лъэпкъ библиотекэм къыщызэрагъэпэщащ дэрбзэр ХьэцIыкIу ­Мадинэ теухуа пшыхь дахэ. ­­ Ар иригъэкIуэкIащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актёр Тэмазэ Лиуан. Мадинэ и фащэхэм, бзылъхугъэм и IэщIагъэм лъэпкъ щэнхабзэр зэ­ригъэбеир, щIалэгъуалэр адыгэгу-адыгэпсэ щIынымкIэ ар зэрысэбэпыр, ди тхыдэм куэдкIэ пэджэж телъыджэхэр къызэригъэщIыфыр ягъэ­щIэ­­гъуэныщэу дэрбзэрым утыкур къыхузэрагъэпэщащ. Мы зэIущIэм къыщыпсэлъащ гъуазджэм, литературэм я лэжьакIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, тхыдэджхэр. 

   

ОСТАЛЬНЫЕ РУБРИКИ

Абы дегъэпIейтей
12.12.2018 - 08:07 | 👁 104

Подробности...

Коррупцэм пэщIэтыным теухуа псалъэмакъ

Коррупцэм пэщIэтынымкIэ дунейпсо махуэм теухуа семинар иджыблагъэ щекIуэкIащ Бахъсэн районым и щIыналъэ администрацэм.
Тхыдэ
12.12.2018 - 08:07 | 👁 486

Подробности...

Кавказ шуудзэм хэта офицерхэмрэ Георгий щихъым и орденым и нагъыщэ псори зыхуагъэфэща адыгэ лIыхъужьхэмрэ

 XVI лIэщIыгъуэм икухэм, адыгэ-урыс зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, ди лъэпкъым къыхэкIа куэдым урысыдзэм къулыкъу щащIэу, Урысей къэралыгъуэр лъэ быдэкIэ увыным я зэфIэкIи я гуащIи халъхьэу щытащ.
Спорт
12.12.2018 - 08:05 | 👁 120

Подробности...

Дунейпсо адыгэ вагъуэхэр

(КIэухыр. ПэщIэдзэр дыгъэгъазэм и 5-мрэ и 7-мрэ къыдэкIахэм итщ). Ещанэ Iыхьэ. ЩIы хъурейм щытепщахэр
Тхыдэ
12.12.2018 - 08:05 | 👁 411

Подробности...

Черкасскэ пщыхэм я лъэпкъ дамыгъэр

«Урысеипщхэм я лъэпкъ дамыгъэхэр» тхылъым и етIуанэ томым 1798 гъэм къытехуауэ щытащ ар.
Махуэгъэпс
12.12.2018 - 08:00 | 👁 51

Подробности...

Нобэ

Дыгъэгъазэм и 12, бэрэжьей Урысей Федерацэм и Конституцэм и махуэщ. 1993 гъэм цIыхубэ IэIэткIэ къащтащ УФ-м и Конституцэр. Тыркумэныр зы къэрали и Iуэху хэмыIэбэным и махуэщ Къыргъызстаным и лъэпкъ...
Политикэ
12.12.2018 - 08:00 | 👁 49

Подробности...

ЩIыпIэ унафэр зэрызэрагъакIуэм куэд елъытащ

КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зэ­IущIэм Правительствэм щыхухаха зэманым ­хиубыдэу депутатхэр тепсэлъыхьащ «Урысей Федерацэм щIыпIэ унафэр щызегъэкIуэныр къызэгъэпэщынымкIэ псоми яхуэгъэза ха
Махуэгъэпс
07.12.2018 - 08:08 | 👁 37

Подробности...

Нобэ

♦ЦIыхухэр къызэрырашэкI авиацэм и дунейпсо махуэщ.
Жылагъуэ
07.12.2018 - 08:08 | 👁 141

Подробности...

Адыгэ анэм и щIыхькIэ

ЦIыху щхьэхуэ, е лъэпкъ псо ирехъу, хэти и щхьэр лъагэу ирегъэлъагъуж, къызэринэкIа тхыдэ лъэужьым щIэукIытэн къытемынэмэ.
Махуэгъэпс
07.12.2018 - 08:08 | 👁 126

Подробности...

ЩIыуэпс Дызыщыпсэу щIыр - бжыгъэхэмкIэ

ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, дызыщыпсэу ЩIымрэ Дыгъэ системэм хиубыдэ вагъуэхэмрэ адрей планетэхэмрэ илъэс меларди 4,6-рэ и пэкIэ къэунэхуащ. ЦIыхур хьэршым и гъунапкъэ жыжьэхэм нэплъысащ.
Литературэ
07.12.2018 - 08:07 | 👁 67

Подробности...

Моттаевэ Светланэ

ИмыщIар хэт гуауэм чэф? Чэф гуфIэгъуэм имыщIар хэт? ГъащIэ гуэр къэзыгъэщIауэ ЩыIэ зи нэр мыхъуа псыф?

Страницы