08.11.2026, 13:12 - Жылагъуэ

Тэтэрстаным и къалащхьэ Къэзан къикIыу хъыбар гуапэ къытIэрыхьащ. Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) абы щекIуэкI УФ-м и чемпионатым дыщэ медаль къыщихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Пять колец» спорт ­академием и гъэсэн Бекъул Миланэ икIи, ди республикэм щыяпэу, къэралым плIэнейрэ и чемпион ­хъуащ. 

08.11.2026, 12:10 - Щэнхабзэ

Лъэпкъым и бын щэджа­щэ ЩоджэнцIыкIу Алий къы­щалъхуа махуэр курыт еджапIэхэм, тхылъ хъумапIэ­хэм, щэнхабзэмкIэ унэхэм щагъэлъэпIащ. 

08.11.2026, 10:08 - Жылагъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм туриз­мэм и иджырей щытыкIэмрэ абы дяпэкIэ зэрызиужьынумрэ щытепсэлъыхьащ КъБР-м и Парламентым ЭкономикэмкIэ, зыужьыныгъэмкIэ, туризмэмрэ хьэрычэт IуэхумкIэ и ­комитетым и зэIущIэм. 

07.11.2026, 13:07 - Жылагъуэ

КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ иригъэкIуэкIащ НэгъуэщI къэралхэм сату ядэщIынымкIэ советым и зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ «Дунейпсо кооперацэмрэ нэгъуэщI къэ­ралхэм сату ядэщIынымрэ» лъэпкъ проектыр гъэзэщIа зэ­рыхъум.

07.11.2026, 11:06 - Жылагъуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ ­хуэзащ «Кавказ» ГъуэгухэмкIэ управленэм и унафэщI ­Лукашук Александр. 

07.11.2026, 10:05 - Жылагъуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ республикэм и къалащ­хьэм адэкIи сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьыным теухуа зэIущIэ.

31.10.2026, 12:26 - Жылагъуэ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ и унафэм щIэту хабзэубзыху IуэхущIапIэм и Президиумым и зи чэзу зэIущIэр екIуэкIащ. Абы депутатхэр щыхэплъащ Iуэху тIощIым щIигъум. 

31.10.2026, 11:09 - Жылагъуэ

«Къэбэрдей-Балъкъэрыр Кавказым и курыхщ» жыIэгъуэм къегъэлъагъуэ ди щIыналъэм и купщIэр: мыбдеж щIыуэпс уардэр, тхыдэ къулеймрэ щэнхабзэмрэ щызэдокIу. Мы махуэхэм абы и щыхьэрыр щIобэн «Урысейм и щIалэгъуалэ къалащхьэ-2027» фIэщыгъэр къэхьыным. 

28.10.2026, 16:33 - ЩIалэгъуэ

Урысей гвардием и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм щекIуэкIащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм «Республиканская многопрофильная гимназия» и IуэхущIапIэм и тхыдэм щыяпэу еджакIуэхэм тхьэрыIуэ щата Iуэху гуапэ. 

28.10.2026, 15:30 - Жылагъуэ

Алыдж IуэрыIуатэм тхьэхэм я зэхуэсыпIэу къыхэщ Олимп Iуащхьэр а цIэр зезыхьэу а хэкум ит бгырауэ куэдым хуагъэфащэ. Ауэ нэгъуэщI Iуэху еплъыкIи щыIэщ. 

26.10.2026, 16:04 - Щэнхабзэ

- ГущIэгъу, гулъытэ пхэлъу, гъащIэм удекIуу, фIым ущыгугъыу упсумэ, уи хъуэпсапIэм улъэIэсынущ, - жеIэ Тхьэзэплъ Аидэ. Абы Налшык къалэм дэт 9-нэ курыт еджапIэр фIы дыдэу къиухри, мэкъумэш академием и экономическэ факультетым щIэтIысхьащ, а еджапIэм Думэн Мурадин щызэхишауэ щыта «Синдхэр» зи фIэщыгъэ къэфакIуэ гупым хэтащ. ИтIанэ илъэс зыбжанэкIэ къыщыфащ «Кабардинкэ» къэрал ансамблым. Журналист, режисснр Саральп Самарэ «Амазонки» тхылъым, Ахъмэт МуIэед итхам, къытрищIыкIа телефильмым хэтащ.

25.10.2026, 13:20 - ЗэIущIэхэр

Налшык дэт Лъэпкъ библиотекэм ще­кIуэкIащ Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт, зи IэдакъэщIэкIхэмкIэ куэдым я гум дыхьа Мэкъуауэ Амир и тхыгъэхэм щытепсэлъыхьа, езы тхакIуэр и щIэджыкIакIуэхэм щыIуагъэщIа зэIущIэ. 

25.10.2026, 12:18 - Жылагъуэ

Курыт щIэныгъэ щрагъэ­гъуэт IуэхущIапIэхэм ныбжьыщIэхэр дэзыхьэх Iуэху­гъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зыщрагъэузэщI, «Зыу­жьы­пIэ» («Точка роста») фIэщыгъэр зиIэ центрхэр къызэIуа­хыу зэрыхуежьэрэ илъэс зыбжанэ хъуащ. 

24.10.2026, 12:13 - Жылагъуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеозэпыщIэныгъэкIэ хэтащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и ­къуэдзэ Хуснуллин Марат иригъэкIуэкIа, щIыналъэхэм ­зегъэужьынымкIэ комиссэм и зэIущIэм. 

24.10.2026, 10:09 - Жылагъуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ­бюджет лэжьакIуэхэм, къэрал, муниципальнэ къулыкъущIэхэм я улахуэм хэгъэ­хъуэным, Къэбэрдей-Балъкъэрым щып­сэухэм къэрал, муниципальнэ Iуэхутхьэ­бзэхэр зэрыхуащIэр егъэфIэкIуэным ехьэлIа Iуэхухэр гъэзэщIэным теухуа зэIущIэ иригъэкIуэкIащ.

27.09.2026, 10:00 - Щэнхабзэ

Республикэм и Лъэпкъ библиотекэм къыщызэрагъэпэщащ дэрбзэр ХьэцIыкIу ­Мадинэ теухуа пшыхь дахэ. ­­ Ар иригъэкIуэкIащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актёр Тэмазэ Лиуан. Мадинэ и фащэхэм, бзылъхугъэм и IэщIагъэм лъэпкъ щэнхабзэр зэ­ригъэбеир, щIалэгъуалэр адыгэгу-адыгэпсэ щIынымкIэ ар зэрысэбэпыр, ди тхыдэм куэдкIэ пэджэж телъыджэхэр къызэригъэщIыфыр ягъэ­щIэ­­гъуэныщэу дэрбзэрым утыкур къыхузэрагъэпэщащ. Мы зэIущIэм къыщыпсэлъащ гъуазджэм, литературэм я лэжьакIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, тхыдэджхэр. 

   

ОСТАЛЬНЫЕ РУБРИКИ

Жылагъуэ
02.02.2026 - 13:36 | 👁 59

Подробности...

Си адэ – си гъащIэм и гъуэгугъэлъагъуэ

Сабиигъуэр дэтхэнэ цIыхуми гукъинэ щыхъу лъэхъэнэщ. Ар зэрыщытыр Iуэхугъуэ куэдым епхащ, атIэми нэхъыщхьэр зэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ, хабзэрэ нэмысрэ зэрылъ унагъуэм ущыщынырщ.
Тхыдэ
02.02.2026 - 13:00 | 👁 48

Подробности...

Ди лъэпкъыцIэр и фIэщыгъэу

ЦIыхуфIхэми цIыху Iейхэми затхьэщI. Сабынращи, и мэмрэ и фэмрэ защумыгъэнщIурэ, пIэщIоухэри, уи Iэгур нэщIу къегъанэ.
Жылагъуэ
02.02.2026 - 12:55 | 👁 25

Подробности...

Iуэхугъуэ щхьэпэхэр

«КъБР-м и щэнхабзэ» щIыналъэ программэм ипкъ иткIэ 2026 гъэм Бахъсэн районым лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкIынущ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъищ зэгъэпэщыжыным, абыхэм якIэлъыIэбэным хуэу
Жылагъуэ
02.02.2026 - 12:26 | 👁 37

Подробности...

И нэIэ ятригъэкIыркъым

Дзэ Iуэху хэхам зэрыщIидзэрэ УФ-м и Соцфондым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм дэIэпыкъуныгъэ зэхуэмыдэхэр яригъэгъуэт зэпытщ СВО-м щыIэхэм, ветеранхэм, абыхэм я унагъуэхэм.
Спорт
02.02.2026 - 11:18 | 👁 16

Подробности...

Ханты-Мансийск гъатхэм кIуэнущ

Кавказ Ищхъэрэм дзюдомкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Грознэ къалэм щекIуэкIащ.
Спорт
02.02.2026 - 10:33 | 👁 29

Подробности...

Бахъсэндэсхэр къыхожаныкI

Новгород Ищхъэрэ областым и Кстовэ къалэм щекIуэкIащ УФ-м самбэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.
Жылагъуэ
01.02.2026 - 13:17 | 👁 38

Подробности...

ЩIыналъэ МФЦ-р нэхъыфIхэм ящыщщ

Мы махуэхэм Москва щекIуэкIащ Къэрал Iуэхутхьэбзэхэр цIыхухэм яхуэзыщIэ центрхэм я XI урысейпсо форум.
Жылагъуэ
01.02.2026 - 11:18 | 👁 45

Подробности...

ЛIыхъужьыгъэм и махуэ 200

Апхуэдиз жэщ-махуэкIэ яхъумащ Сталинград къалэр, зауэ нэхъ гущIэгъуншэ дыдэ щекIуэкIа щIыпIэу тхыдэм къыхэнар. Ар  яхъумэу хэкIуэдат е уIэгъэ хъуат совет зауэлIрэ офи­церу мелуаным щIигъу.
Жылагъуэ
31.01.2026 - 12:26 | 👁 23

Подробности...

ЦIыхухэр щагъэгъуазэ

Аруан районым и къалащхьэ Нарткъалэ          дэт курыт школ №4-м узыфэ зэрыцIалэхэм зэрыпэщIэт вакцинэр зыхебгъэлъхьэным, и чэзум уи узыншагъэр къебгъэпщытэным мы­хьэнэшхуэ зэриIэм теухуа зэIущIэ щ
Жылагъуэ
31.01.2026 - 10:01 | 👁 49

Подробности...

КIыщокъуэм и фэеплъым деж

Социалист Лэжьыгъэм и ЛIы­хъужь, РСФСР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-­Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ Алим дунейм щехыжа махуэм, щIышылэм и 29-м, ирихьэлIэу, гъэ къэси хуэдэу,...

Страницы