23.04.2024, 19:01 - Жылагъуэ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж. Лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI Осетинскэ, Балкарскэ, Молодежнэ, ЕтIуанэ Таман дивизэм, Къэзанокъуэ Жэбагъы, Мусукаевым, Хъураным я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм. 

23.04.2024, 17:06 - Спорт

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ставрополь крайм, Осетие Ипщэмрэ Осетие Ищхъэрэ – Аланиемрэ я бэнакIуэу 100-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 14-м щIимыгъуауэ. 

23.04.2024, 14:56 - Литературэ

1-нэ Iыхьэ Си анэ шыпхъур сымаджэщым кIуат, зригъэплъыну. Сэри къалэм сыщылажьэрти, ар къыщысщIэм, сыкIэлъыкIуащ, и закъуэ дыдэу анализ гъунэншэхэм яужь измыгъэтын папщIэ. КъызэрыщIэкIамкIи, и закъуэтэкъым – си анэр щIыгъут. Си япэ къищат. Сэрыншауи зэфIэкIынут Iуэхури, сыкъежьэжащ. 

23.04.2024, 12:52 - Жылагъуэ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ. Абыхэм ящыщ зыщ компьютер Iэмалхэр къагъэсэбэпу ныбжьыщIэхэм яхуэгъэзауэ ялэжь щIэпхъаджагъэхэр. 

23.04.2024, 10:48 - Жылагъуэ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу. ДяпэкIэ зэрыхьзэрий щымыIэу лъэсырыкIуэхэм тыншу къыщакIухьынущ, машинэхэри щIыпIэ хэхам щагъэувынущ. Паркингым деж щыщIэдзауэ кIапсэ гъуэгухэм нэс цIыхухэр шаттлхэмкIэ яшэнущ. Ахэр дакъикъи I0 къэс зэ токI. 

20.04.2024, 10:52 - Жылагъуэ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэмрэ къэрал кIуэцIы­дзэхэмрэ я ветеранхэм я махуэм теухуа зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым ОВД-мрэ ВВ-мрэ я ветеранхэм я советым. 

17.04.2024, 12:56 - Спорт

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ. Абы кърихьэлIащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 13-м я спортсменхэр, я ныбжькIэ илъэс 17 - 18-м щIимыгъуауэ. Ахэр зэпеуащ а спорт лIэужьыгъуэм хыхьэу унэтIыныгъиплIымкIэ. 

 

 

ОСТАЛЬНЫЕ РУБРИКИ

Жылагъуэ
13.10.2022 - 12:00 | 👁 32

Подробности...

ЩIыхьэху

Пасэрей адыгэм зэдэщIыгъуу, зыр зым дэIэпыкъуу зэдэлэжьэныр фIыуэ ялъагъуу щытащ.
Спорт
13.10.2022 - 11:00 | 👁 42

Подробности...

Афэрым, Басир.

ЩыIэу къыщIэкIынкъым и псэр хуэпабгъэу, фIыуэ илъагъу лэжьыгъэм бгъэдэтым, абы къыпэкIуа пщIэмрэ щIыхьымрэ зылъагъуж цIыхум нэхъ насыпыфIэ.
Жылагъуэ
13.10.2022 - 10:30 | 👁 14

Подробности...

Гугъуехьыр IэщIыб мэхъу

Дыгулыбгъуей щаухуэ ЦIагъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым псы къагъэсэбэпар зрикIуэ бжьамийм папщIэ коллектор.
Жылагъуэ
13.10.2022 - 10:30 | 👁 35

Подробности...

Щомахуэ Каринэ: Дохутырым и псалъэм къаруушхуэ иIэщ

Узыпэрыт IэщIагъэр псэм къыдыхьэмэ, уи лэжьыгъэм гупсэхугъуи къуитынущ, абы ехъулIэныгъи ущиIэнущ. Ар щынэрылъагъущ республикэм и Сабий клиникэ сымаджэщым и пульмонологие къудамэм и дохутыр Щомахуэ...
Махуэгъэпс
13.10.2022 - 09:00 | 👁 18

Подробности...

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 13, махуэку ♦ЩIыуэпсым къыщыхъу къэхъукъащIэ шынагъуэхэм къашэ гузэвэгъуэхэр гъэмэщIэным и дунейпсо махуэщ
Жылагъуэ
12.10.2022 - 18:05 | 👁 24

Подробности...

Полицэм и участковэ нэхъыфI

«ЦIыхубэ участковэ-2022»  Урысейпсо зэхьэзэхуэм и етIуанэ Iыхьэр Къэбэрдей-Балъкъэрым жэпуэгъуэм и 7-м щаублащ.
Жылагъуэ
12.10.2022 - 17:55 | 👁 30

Подробности...

Налог делэхэр

  ИгъащIэ лъандэрэ дэтхэнэ къэралми и хэхъуэ нэхъыщхьэр налогхэрщ. Налогхэм я тхыдэм ухэплъэмэ, куэд бгъэщIэгъуэнущ.
Жылагъуэ
12.10.2022 - 16:44 | 👁 20

Подробности...

ГъущI гъуэгухэм я зэранкIэ

Куэдыр зэрыщыгъуазэщи, Урысейм и гъущI гъуэгухэм кIуэ пэтми заубгъу, къахохъуэ, зэраныгъэ щхьэхуэхэри зэрымыщIэкIэ къыщыдэкIуэ щыIэу.
Жылагъуэ
12.10.2022 - 15:06 | 👁 27

Подробности...

ЩIымахуэр къэмыс щIыкIэ

Иджы хуэдэ зэманым Iуащхьэмахуэ лъапэ къытрилъхьэ уэсым мэзылъэхэр зэуэ щыщIиуфэ щыIэщ, мэз псэущхьэхэмрэ щIымахуэр ди щIыпIэм щизых къуалэбзухэмрэ цIыхум и гулъытэ хуэныкъуэу.
Жылагъуэ
12.10.2022 - 14:41 | 👁 9

Подробности...

Унэр къагъэщIэрэщIэжащ

Зеикъуэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и унащхьэм жьышхуэмрэ уэшхышхуэмрэ я зэранкIэ игъуэта сэкъатхэр зэман кIэщIым къриубыдэу зэрагъэпэщыжащ, уэшх пыжыпIэхэри палъхьэжащ.
Спорт
12.10.2022 - 14:14 | 👁 32

Подробности...

Футболыр зэштегъэу къудейкъым

Си насып къикIри, сэ сыкъыщалъхуа, сыкъыщыхъуа унагъуэмрэ спорт лIэужьыгъуэ зыбжанэм егъэщIылIа губгъуэмрэ ухуэныгъэмрэ я зэхуаку  метр  щэныкъуэ нэхъыбэ  дэлъу къыщIэкIынтэкъым.
Жылагъуэ
12.10.2022 - 13:17 | 👁 19

Подробности...

Бзэ лIыхъужь!

Бзэ къэс дуней псощ. Лъэпкъым и нэщэнэ нэхъыщхьэр бзэщ, атIэ лъэпкъ къэс езым и хабзэ, и зыхуэпэкIэ, и къафэ, и шхыныгъуэ, и щIэныгъэ иIэжщ. Дунейпсо тхыдэм дыхэплъэмэ, бзэ куэд дыдэ зыщIэу щыта...
Махуэгъэпс
12.10.2022 - 12:55 | 👁 31

Подробности...

Пирамидэхэм я хэку

Ухуэныгъэ ехьэжьахэмрэ дунейм и телъыджиблым хиубыдэ щIыпIэ дахэхэмрэ здэщыIэ Мысырыр цIыхухэм я кIуапIэщ куэд щIауэ.
Жылагъуэ
12.10.2022 - 12:28 | 👁 21

Подробности...

ХъуэпсапIэр нахуапIэ хъуащ

ЦIыхум IэщIагъэ хуэхъунур, и гъащIэр щхьэузыхь зыхуищIыну Iуэхур хэти школым щIэсу, хэти балигъыпIэ иува нэужь къыхех. Аргудан щыщ Бро зэщхьэгъусэхэм - Мухьэдинрэ Маритэрэ – япхъу Анжеллэ пасэу,...
Махуэгъэпс
12.10.2022 - 12:00 | 👁 20

Подробности...

НОБЭ

Къупщхьэ узым ебэныным и дунейпсо махуэщ   Испаныбзэм и махуэщ    Армением тутын емыфэным и махуэу щагъэуващ
Литературэ
11.10.2022 - 19:58 | 👁 33

Подробности...

НэгъэцIу

Еуэрэ-еуэрэт, жи, къуажэ гуэрым фызыжь цIыкIу дэст, пхъу закъуэ иIэу. Зыгуэр къепсэлъамэ, хъыджэбз цIыкIум и нэр къицIыщхъукI хабзэти, абы щхьэкIэ псори къызэреджэр НэгъэцIут. Йоуэри, пщэдджыжь...

Страницы